Календарь событий

23 апреля 2021

Налшык

Накъыгъэм - зэIузэпэщу

 Къалэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм щIыпIэ щхьэхуэхэм щыпащэ.

Дунейм щыхъыбархэр

♦Тхылъымрэ авторым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
♦Инджылызыбзэм и дунейпсо махуэщ
♦Испаныбзэм и махуэщ
♦Тыркум щагъэлъапIэ я къэрал суверенитетымрэ сабийхэр хъумэнымрэ я махуэр
♦Израилым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

♦Испанием зэгуэкIуахэм я махуэр щагъэлъапIэ
♦1836 гъэм Петербург къалэм къыщыдэкIащ «Современник» журналым и япэ номерыр.

Адыгэ фильмыр нэхъыфIу Израилым къыщалъытэ

Тель-Авив щыпсэу адыгэ пщащэ Щхьэлахъуэ Надия художник, режиссёр IэщIагъэхэм ехъулIэныгъэхэр щиIэщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа («Зауэм и щIэжьыуэ») фильмыр иджыблагъэ Израилым щекIуэкIа кинофестивалым нэхъыфIу къыщалъытащ.

Марем пшыхь

ЖармыкIэм къыщыхъуар жармыкIэм щызэхэкIыжынщ.
♦Мысэр малъэри хейм и лъакъуэр щIеуд.

«Кабардинка»-м дунейр зэлъегъэIэс

1965 гъэм и гъэмахуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэ­дымрэ къафэмкIэ и ансамб­лым «Кабардинка» цIэр фIащащ икIи, уэрэджыIакIуэ хэ­мытыжу, къэфакIуэ гуп ар ящIащ. 

Европэм дзюдомкIэ и цIыхухъу тренер нэхъыфI адыгэ щIалэ Тау Хьэсэнбий

2020 гъэм кърикIуахэм хэплъэжа иужькIэ Европэм ДзюдомкIэ и федерацэм цIыхухъу гъэсакIуэ нэхъыфIу къилъытащ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Тау Хьэсэнбий. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту а хъыбар гуапэр щагъэIуащ иджыблагъэ Португалием и къалащхьэ Лиссабон щызэхаубла Олимп Джэгухэм ипэ къихуэ ди континетым и бэнакIуэхэм я чемпионатыр къыщызэIуахым. Ди лъахэгъум и гъэсэнхэм абыи ехъулIэныгъэ яIэу зыкъыщагъэлъагъуэ икIи нобэр къыздэсым медаль зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ къыщахьащ.