ЗэIущIэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

2021 гъэм и бжьыхьэм цIыхухэр дзэм къулыкъу щащIэну
гъэкIуэнымкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ
 
«Дзэ къулыкъумкIэ къалэнхэмрэ дзэм ­къулыкъу зэрыщащIэмрэ я IуэхукIэ» Феде­ральнэ законым тету икIи 1994 - 2003 гъэхэм къалъхуахэу зи ныбжьыр илъэс 27-рэ иримы­къуахэр икIи запасым щымыIэхэр 2021 гъэм и бжьыхьэм дзэм къулыкъу щащIэну гъэкIуэныр къызэгъэпэщын мурадкIэ унафэ сощI:
1. Къэщтэн мы Указым щIыгъухэу:

Бжьыхьэ лэжьэгъуэр яублэ

КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэр фокIадэм и 30-м къызэ­Iуахащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ я экономикэм ехьэлIа Iуэхухэр

УФ-м и Правительствэм и ЗэзыгъэуIу центрым къэралым и вице-премьер Новак Александр щригъэкIуэкIа зэIущIэм республикэхэм я Iэтащхьэхэу КIуэкIуэ Казбекрэ Меликов Сергейрэ къыщыхалъхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным ехьэлIа проект нэхъыщхьэхэр.

Зэрызрагъэужьынум топсэлъыхь

«Iэщ лъэпкъыфIхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законыр зэрагъэзащIэм иджыблагъэ щытеп­сэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым. ЗэIущIэр къызэригъэпэщат Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъу­мэнымкIэ комитетым.

Хэхыныгъэхэм тепсэлъыхьащ

Къармэхьэблэ ЩэнхабзэмкIэ унэм иджыблагъэ зэIущIэ щызэхэтащ. Абы щытепсэлъыхьащ  Урысей Федерацэм щекIуэкIыну хэхыныгъэхэм, къуажэдэсхэм вацинэ зэрызыхрагъэIу щIыкIэхэм. Къуажэдэсхэм яIущIащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Бей Ауесрэ къуажэ администрацэм и унафэщI КIуэкIуэ Ахьмэдрэ

ЗыгъэпсэхуакIуэхэм зэрадэлажьэм гулъытэ хэха хуащI

Республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

Илъэсищэ гъуэгуанэ

Ди республикэм шынагъуэншагъэмкIэ органхэр къызэрыщызэрагъэпэщрэ илъэсищэ ирикъуащ. Абы теухуауэ дыгъуасэ  Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и феде­ральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэIущIэм хэтащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Хабзэм и хъумакIуэхэр зэчэнджэщащ

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Хабзэр хъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхуэ­сым, республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым хэтхэм я зэIущIэ. Абы щIэсащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ ­Татьянэ, ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, хабзэхъу­мэ, кIэлъыплъакIуэ органхэм, министерствэхэм я уна­фэщIхэр, республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

ЩIыналъэ нэхъ пашэхэм хабжэ

КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и штабым и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и вице-премьер Хуснуллин Марат.

Балигъ мыхъуахэм я сэбэп зыхэлъхэр

Урысейм и МВД-м  и Управленэу Налшык къалэ щыIэм  ведомствэхэм я зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар  теухуат балигъ мыхъуахэм ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуным.
Лэжьыгъэм хэтащ    Урысей Федерацэм и Следственнэ комитету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм СледствэмкIэ и  управленэм  Налшык къалэм щиIэ Следствэ къудамэм и лэжьакIуэхэр,    управленэм Полицэм и участковэ уполномоченнэхэмрэ балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и  IэнатIэм   и нэхъыщхьэр, къалэ управленэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэхэм я унафэщIхэр.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр