ЗэIущIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэм «Кавказ» къэрал гъуэгум щыщ Iыхьэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм щыгъуазэ зищIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ щыIащ Р-217 «Кавказ» федеральнэ гъуэгум щыщу зэрагъэпэщыж Iыхьэм деж икIи зригъэлъэгъуащ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр.

КIУЭКIУЭ Казбек: «Эфир занщIэр» икъукIэ IэмалыфIщ къэралым и УнафэщIым щIыпIэхэм щыIэ щытыкIэхэр зыхуэдэм щыгъуазэ зищIынымкIэ, Урысей Федерацэм щыпсэухэр зыхэт гугъуехьхэр илъагъунымкIэ»

Мэкъуауэгъуэм и 30-м екIуэкIащ Урысейм и Президент Путин Владимир «эфир занщIэкIэ» цIыхухэм щепсэлъа зэIущIэр.

ЩэпхъаджащIэхэм йопсалъэ

   Урысей Федерацэм терроризм гупсысэм зэщIиIыгъэхэм щыпэщIэтынымкIэ 2019 - 2023 гъэхэм щрагъэкIуэкIыну Iуэхухэм хиубыдэу щытащ Хабзэм ебэкъуахэр щаIыгъ Урысей управленэм (УФСИН) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ и къудамэм и колоние №5-м щекIуэкIа зэIущIэр.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и ­Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным теухуауэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм

УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил Пятигорск щригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным хуэгъэпсауэ щыIэ Правительственнэ комиссэм и зэIущIэр.

ХьэрычэтыщIэхэм фIыщIэ яхуещI

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэлыжьыхьым и 30-м яIущIащ республикэм и хьэрычэтыщIэхэм. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым инвестицэ Iуэхухэр зэрыщрагъэфIэкIуэну Iэмалхэм.

Дэфтэр зыбжанэ къащтэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор Ульбашев Мухьэрбий,  УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и прокурор Хабаров Николай, депутатхэр.

Тележурналистхэм Урысей гвардием и лэжьакIуэхэм ящIыгъуу къулыкъу ирахьэкIащ

«Урысей гвардиер илъэситху ирокъу» акцэм хыхьэу «1 КъБР» телеканалым и корреспондентхэм Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ Управленэм и ОМОН-м и зауэлIхэм ящIыгъуу зы махуэ плъырыгъуэ ирахьэкIащ.

КIуэкIуэ Казбек Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я щIэблэм яритыжащ я нэхъыжьхэм къыхуагъэфэщауэ щыта дамыгъэ лъапIэхэм я дэфтэрхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм иджыблагъэ щаIущIащ Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта ди лъахэгъухэм я Iыхьлыхэм. Зауэ зэманым къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу и чэзум яIэрыхьэжауэ щытакъым цIыху куэдым. Зэрахьа лIыхъужьыгъэм папщIэ дамыгъэ лъапIэхэр зауэлIхэм зэрыратам теухуауэ къагъуэтыжа тхылъхэм япкъ иткIэ щхьэж хуагъэфэщар зейхэм яIэрыгъэхьэжыным хуэгъэза лэжьыгъэ йокIуэкI.

КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм щыщу Хэку зауэшхуэм хахуэу хэтахэм я унагъуэхэм яритыжащ я нэхъыжьхэм къыхуагъэфэщауэ щыта дамыгъэ лъапIэхэм я дэфтэрхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм икIыу Хэку зауэшхуэм кIуахэм ящыщу цIыху 40-м къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр лIыхъужьхэм я унагъуэхэм щаритыжа зэIущIэ.

Рахаев Борис журналистхэм инвестицэ проектхэм яхутопсэлъыхь

КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм щекIуэкIащ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лIыкIуэхэр зыхэта онлайн-брифинг. Абы щытепсэлъыхьащ республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм ехьэлIа Iуэхухэм, лъэпкъ инвестицэ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ зэрагъэзащIэм, пандемием и лъэхъэнэм хьэрычэт IэнатIэм зэрызыщIагъакъуэ щIыкIэм, нэгъуэщI зи чэзу Iуэхухэм.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр