МафIэгур къэсынущ гъатхэпэм и 9-м

«Пэжыращ къару зиIэр» хэкупсэ Iуэхум хыхьэу, музейуэ къызэ­рагъэпэща мафIэгур «Налшык» гъущI гъуэгу вокзалым ­гъатхэпэм и 9-м къыщрагъэблэгъэнущ. 

Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам траухуа гъэлъэгъуэны­-гъэм цIыхухэм зыщыщагъэгъуэзэфынущ хэкум къыщыщIагъэкI ­техникэми Авдеевкэрэ Марьинкэрэ къыщащта дронхэм­рэ шэ зыпхымыкI машинэмри. 
Мы IуэхумкIэ я мурад нэхъыщхьэр тхыдэр зэрадзэкIыну зэрыхэтым пэщIэтынымрэ Урысейм и дзэмрэ флотымрэ я ­ехъулIэныгъэхэр къэгъэлъэгъуэнымрэщ. 
Мазаем и 23-м, Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэм, къежьа ­мафIэгур вагони 9 мэхъу, абы километр мин 34-рэ къикIунущ икIи Урысейм и къалэ 74-м къыщыувыIэнущ. Хэку зауэшхуэм и зэманым щегъэжьауэ ди цIыхубэм ягъэлъэгъуа лIыгъэмрэ ­хахуагъэмрэ щыхьэт техъуэ музейм къыщыхьащ ди махуэхэм къыщIагъэщыжа тхыдэ дэфтэр мымащIи ди къэралым и цIыху цIэрыIуэ куэдым зэрахьа хьэпшыпхэри. 
Вагон къэс Iуэхугъуэ щхьэхуэм теухуащ. «Юнармия - нэхъыфIхэм щапхъэ ятыдох» вагоным Урысейм и щIыпIэхэр фIыуэ зэрацIыхумкIэ зэхьэзэхуэхэр, акъыл жанагъкIэ зэ­пеуэхэр, нэгъуэщI гъэщIэгъуэн куэди щрагъэкIуэкI. Вагонхэм я зым лазер тир къыщызэрагъэпэщащ. Абдеж Калашниковым и автоматыр зэрызэпкъралъхьэ-зэрызэпкърахым зыщыщагъэ­гъуэзэфынущ.
Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и мафIэгур Налшык къалэм нэхущым (сыхьэти 5-м) къэсынущ. Абы иращIэкIыну Iуэхухэм щIадзэнущ сыхьэти 10-м. ЦIыхухэм Iэмал яIэнущ абдеж духовой оркестрым щедэIуэну, дзэм ­къулыкъу щызыщIэну хуейхэм зыщрагъэтхыну, губгъуэм ит ­зауэлIхэм я шхыныгъуэхэм щыщ зыIуагъэхуэну. 
Зэхуэсым кърагъэблэгъэнущ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэ­рыIуэхэр. «Уи ЛIыхъужь» Iуэхум хыхьэу, сабийхэмрэ щIалэ­гъуалэмрэ IуагъэщIэнущ Урысейм и ЛIыхъужьхэмрэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ.
«Пэжыращ къару зиIэр» хэкупсэ Iуэхур накъыгъэм и 8 пщIондэ къэ­ралым щекIуэкIынущ. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: