Хыр ягъэкъэбзэж

ГъащIэм пластикыр хэмыту ди нэгу къытхущIэгъэхьэжыркъым. Полимерхэр къыщамыгъэсэбэп IэнатIэрэ абы къыхамыщIыкI хьэпшыпрэ щыIэкъым. Ар хъунт щIыуэпсым зэран хуэмыхъуу, щIым щIэкIуэдэжу, псым хэшыпсыхьыжу щытамэ. И кIэм-икIэжым цIыхум къыгурыIуэжщ и IэдакъэщIэкIым текIуэдэжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэри, илъэси 150-кIэ зридзэкIа пластик кIэрыхубжьэрыхухэр зэхуихьэсыжын щIидзащ.

Илъэсым къриубыдэу пластик тонн мелуан бжыгъэхэр дунейпсо хым хедзэ цIыхум. А кIэрыхубжьэрыхур псым хэс псэущхьэхэм яшхри, токIуадэ. Пластикым и хьэлъагъым, къызыхэщIыкIам теухуауэ е псыщхьэм телъщ, е и щIэм щIэлъщ.

Къапщтэмэ, полимерыр здынэмыса щIыпIэ хым иIэжу къыщIэкIынкъым. Псалъэм папщIэ, километр 11 и кууагъыу хы Щэхум иIэ Мариан мащэм нэсауэ 2018 гъэм пакет къыщагъуэтат.

ЩIэмытIысыкIыу псыщхьэм къытенэ пластикыр толъкъунхэм зэхуахусри, хытIыгушхуэу йосри телъщ. Апхуэдэ кIэрыхубжьэрыху бжьыгъэ нэхъ ин дыдэу къахутар хы Щэхум и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ щыIэщ икIи метр зэбгъузэнатIэ мелуан 1,6-рэ мэхъу.

Ар икIэщIыпIэкIэ гъэкъэбзэжын зэрыхуейр къалъытэри, 2018 гъэм Нидерландхэм къыщызэрагъэпэщат IуэхущIапIэ. Япэу ирахьэжьа Iуэхур къайхъулIакъым абыхэм, зэрыIэбэ Iэмэпсымэхэр щIэх дыдэу къутат, ипэжыпIэкIи лэжьыгъэр тэмэму зэтеублатэкъым. Щымыхъум, пластик кIэрыхубжьэрыхум Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ пэщIэувэну яубзыхуащ. Псом япэ, цIыхум къыщIигъэкI пластикым и бжыгъэр кIэрагъэхуащ, абы зэрелэжьыж Iэмалхэмрэ зэманымрэ хагъэхъуащ. Арами, щIэныгъэлIхэм жаIэ дунейпсо хым хэлъ кIэрыхубжьэрыхур зэрыкуэдыIуэр, икIи нидерланд IуэхущIапIэм хуэдэ нэхъыбэ щыIэн, а лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьэн хуейуэ.

Я бгыр щIакъузэри, лэжьыгъэм пащащ икIи кIэрыхубжьэрыхур куэду щызэтрихьа щIыпIэхэм яутIыпщын щIадзащ хъы абрагъуэхэмкIэ къызэгъэпэща Iэмэпсымэхэр. Хъым метр 600 и бгъуагъщ, метри 3-кIэ йоIэбых, жьым кърихьэкI кIэрыхубжьэрыхум кIэлъыкIуэурэ ар зэщIикъуэн хуэдэу ухуащ. Бдзэжьей къызэраубыдым хуэдэу кIэрыхубжьэрыхухэр хъыкIэ зэщIакъуэри, псы Iуфэм кърашалIэ, адэкIэ абы щелэжьыж заводхэм яшэри, зыхуей хуагъазэ.

Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, кIэрыхубжьэрыхухэр апхуэдизкIэ куэдщи, хъыр пэлъэщыркъым, къызэщIикъуар хуэIыгъкъым, пкъыгъуэхэр кIэроху. Ар къалъытэри, IэщIагъэлIхэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр пкъралъхьащ абы. Псалъэм папщIэ, иджы къагупсыса хъыр зезыгъакIуэр жьыракъым, атIэ толъкъунхэрщ. Хъым и кIапитIыр кхъухьхэм пащIащи, хуиту зокIуэ, зэхуихьэсар хьэлъэзешэ кхъухьым иракIутэри, хъыр щIэрыщIэу псым хадзэж. КъищынэмыщIауэ, хъым и бгъуагъым метр 200 хагъэхъуащ, къызыхэджыкIа Iуданэр зэIыкIми, быдэу, зэпымычу апхуэдэщ.

Илъэс зыбжанэ хъуауэ хы Щэхум хэлъ кIэрыхубжьэрыхур къызэщIекъуэ нидерланд хъым икIи къигъэлъэгъуащ ехъулIэныгъэфIхэр. Псалъэм папщIэ, сыхьэти 120-м къриубыдэу абы зэщIекъуэ кIэрыхубжьэрыху тонни 8,2-рэ. КъызэрабжамкIэ, илъэсым пластик тонн 350-рэ хузэщIэкъуэнущ абы. Зэ IуплъэгъуэкIэ фIы дыдэщ, ауэ апхуэдэ хъы 200 зэщIыгъуу лажьэми 2150 гъэм ирихьэлIэу дунейпсо хым хэлъ пластик кIэрыхубжьэрыхум и проценти 5 хуэгъэкъэбзэн къудейуэ аращ, апхуэдизкIэ куэд мэхъури. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ псы ежэххэр хым щыхэлъэдэж щIыпIэхэм деж апхуэдэ хъы зырыз трагъэуватэмэ, а процент бжыгъэр 54-м зэрынэсынур.

Къыхэгъэщыпхъэщ нидерланд IуэхущIапIэм псы зыбжанэм ар зэрытригъэувагъэххэр.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: