Къэмэх узыр гъэхъужынымкIэ IэмалыщIэхэр

  «Къэмэх узым (эпилепсие)  и лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэр гъэхъужыным теухуауэ»  къэрал проектыр  ягъэзэщIэн мурадкIэ Налшык къеблэгъащ Мэзкуу дэт къэрал медицинэ-стоматологие университетым и IэщIагъэлIхэр.
Евдокимовым и цIэр зэрихьэу  Мэзкуу дэт  медицинэ-стоматологие университетым и дохутырхэм  къэмэх узыфэм зэреIэзапхъэ IэмалыщIэхэр Налшык   щыщ дохутырхэм  ирагъэлъэгъуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр  Урысейм  къэмэх  уз  хэтIэсам  хирургие IэмалкIэ  щеIэзэ  щIыналъийм  язщ.  Сымаджэм  хущхъуэхэр сэбэп щыхуэмыхъужым деж, щхьэкуцIыр  операцэ  зыщI дохутырхэм узыфэм зыщиубгъуа Iыхьэр  къыхагъэж. Апхуэдэ гъэхъужыкIэ Iэмалым зрегъэубгъу Узыншагъэр  хъумэнымкIэ  министерствэм  и академик-нейрохирург Крылов Владимир.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуа дохутырхэр Республикэм и сымаджэщ нэхъыщхьэм  епха Лъынтхуэ узыфэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ  центрым щолажьэ. ДяпэкIэ  Кавказ  Ищхъэрэ  псом  щыщу  къэмэх  узыфэр  зэузхэм  Къэбэрдей-Балъкъэрым  щеIэзэнущ.  Мэзкуу  къикIа  дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, Республикэм  и сымаджэщ  нэхъыщхьэр IэмэпсымэкIи IэщIагъэлIкIи  ирикъуу къызэгъэпэщащ. Псалъэм  папщIэ, видео-IэмалкIэ  сымаджэхэм щакIэлъоплъ,  дохутырыр сымаджэм  пэIэщIэуи  и  Iуэху  зыIутыр зэрызригъэщIэн  Iэмэпсымэхэр  къыщагъэсэбэп.     
2020 гъэм   зи гугъу  тщIы  Iуэхугъуэм теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым    Узыншагъэр  хъумэнымкIэ  и  министерствэмрэ   Медицинэ-стоматологие  университетымрэ  зэгурыIуэныгъэ  зэращIылIауэ  щытащ.  Иджы  а  унафэр  ягъэзащIэ.
Дунейпсо мардэкIэ  къапщтэмэ, цIыху мини  I00  къэс  цIыхуи I0-м яIэщ  къэмэх  узыр.  Дохутырхэм  я  мурадщ  дяпэкIэ   апхуэдэ узыфэ  зэфыкIхэр  Налшык  хирургие IэмалкIэ щагъэхъужыну.  Ауэ  ар  хэкIыпIэу къалъытэн  ипэкIэ, я чэнджэщ зэрахьэлIэнущ  нейрохирургхэм, психологхэм,  нейро-кIэлъыплъыныгъэмкIэ  IэщIагъэлIхэм.                                        

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: