ПщIэр кIуэдыгъуафIэщ

Гъатхэпэм и кIэм екIуэкIа Осетие Ищхъэрэ-Аланием и парламент зэIущIэхэм я зым къыщыщыпсалъэм, депутат щIалэ Дидаров Сослан осетин цIыхубэм я гум къишхыдыкIащ. ЦIыхухэм зэрызыкъыхуагъазэ тхылъхэр и щыхьэту, Сослан МВД-м и министр Сергеев Андрей елъэIуащ бзылъхугъэхэм я пщIэр щыкIуэд екIуэлIапIэхэр щIыналъэм щызэхуащIыжыну.
 «Ину тхужымыIэ щхьэкIэ, мы Iуэхур республикэм щыпсэухэр нэхъыбэ дыдэрэ зытепсэлъыхь бэлыхьышхуэщ, - жиIащ Дидаровым. - Массаж щащI салон зыфIащыжми, узыншагъэм щеIэзэ IуэхущIапIэ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэми, емыкIурэ хабзэншагъэрэ щызэрахьэ саунэхэмрэ къинэмыщI зэхуэсыпIэ мыхъумыщIэхэмрэ республикэм хуиту щолажьэ.
Зи гугъу сщIыр бэлыхьышхуэу къызыщымыхъухэри, Iуэхур жыжьэIуэ зэрынэсам къыхэкIыу, пхуэмыгъэзэкIуэжыну къызыфIэщIхэри мащIэкъым. Тепсэлъыхьыну шынэхэри зэрыщыIэм шэч хэлъкъым. Сэ сызэрегупсысымкIэ, мы Iуэхур зэрыщытыпхъэм пхуемышэлIэжыну гуэркъым, тепсэлъыхьыни елэжьыни хуейщ, езым нэхърэ нэхъеижитIу кърикIуэхэм ящыхъума дыхъун папщIэ. ЕмыкIуи цIыхугъи здэщымыIэж, икIагъэмрэ напэтехымрэ щытепщэ хьэулеипIэу зэрыщытым и мызакъуэу, а щIыпIэхэм къэрал хабзэм къемызэгъ куэди щалэжь. Нэхъ мащIэ дыдэу – УФ-м и 241-нэ статьям хиубыдэ щIэпхъаджагъэр».
Дидаровыр псэлъапIэ изыгъэхуа щхьэусыгъуэр илъэс зыбжанэ хъуауэ фIыкIэ зи цIэ кърамыIуэ, Владикавказ дэт «Пролесок» хьэщIэщым къыщыхъуа зэрызехьэрт. Фадэ зыIухуа щIалэ зыбжанэм Iэуэлъэуэн щыщIадзэм, Урысей гвардием и лэжьакIуэхэр къраджэри, абы иужькIи яхуэгъэмыгъэувыIэу, языхэзым Iэщэ кърихри, хьэщIэщым фIэлъ сыхьэтышхуэм шэкIэ еуащ. Сытми, хъийм икIахэр яубыдащ иужькIэ. Езы хьэщIэщым щызэрахьэр хъуреягъым щыхэIущIыIущ.
«Мис, сэ сIэщIэлъщ цIыхухэм зэрызыкъытхуагъазэ лъэIухэр. Уеблэмэ Мэзкуу нэсащ я тхьэусыхафэхэр. Миронов Сергей и цIэкIэ лъэIу ягъэхьащ. Мироновыр ди деж къопсэлъэжри, сыт фи деж щекIуэкI хьэдэгъуэдахэр жеIэри къыдоупщI. Адрейхэм зыхащIэр сытми сщIэркъым, ауэ си щхьэкIэ соукIытэ. Дэ игъащIэ лъандэм Кавказым щапхъэ дахэ щызыгъэлъагъуэ, щэнхабзэ лъагэм и дамыгъэу къалъытэ щыхьэру дыщытащ. А псор иджы Iэнэ хъуэхъумрэ осетин тхыдэм теухуа тхылъхэмрэ къыхэмынэжын щхьэкIэ, ди пщэ къыдэхуэр дгъэзэщIапхъэщ. ЛъэIушхуэ пхузиIэщ: Осетием борделхэр щызэхуэщIыж!» - зыхуигъэзащ Дидаров Сослан МВД-м и министрым.    
  Депутатым и лъэIур зыхуэгъэза Сергеевым и жэуапым къыщыхигъэщащ а лъэныкъуэмкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр: «Дэ дызэакъылэгъущ мы IуэхумкIэ, - жиIащ министрым. – Апхуэдэ зэхуэсыпIэхэр республикэм зэритыр, ди жагъуэ зэрыхъущи, пэжщ. Языныкъуэхэм абы фадэ щащэ, ар ирафыху, ресторанхэм зэзауэхэр къыщохъу, Iэщэ къыщагъэсэбэпи къыхэхуэу. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэр доцIыху, дакIэлъоплъ, ди нэIэ щIэт зэпытщ. Хабзэм емызэгъыу джэгупIэ къызэIузыххэми, фадэ зыщэхэми, Iэщэ къэзыгъэсэбэпхэми ди нэIэ ятедгъэкIыркъым. А псори узыншагъэм, спортым епха IуэхущIапIэ хуэдэущ зэрылажьэр. Зэгъусэу зыгуэр тхузэфIэкIыну къысщохъу».
 Бэлыхьым и цIэр къипIуамэ, Iуэхум и ныкъуэр пщIакIэщ. Мы лъэныкъуэмкIэ дэри дигу къеуапхъэ щымыIэу пIэрэ?

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: