Асфалът еплъыгъуэ

  Сэбаншы Хьэдис и мэрем хъутIбэр теухуащ бзылъхугъэхэм щIахъумапхъэр нэхъ ерыщу къыщыщIагъэщ гъэмахуэм цIыхухъур нэхъ ткIийуэ зыкIэлъыплъыжын зэрыхуейм. А Iэмалхэм язщ напIэр епхьэхыныр. Iимамыр къыщыпсэлъар Комаровым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет мэжджытырщ.

       «Ди нобэрей хъутIбэм «Асфальт еплъыгъуэ» щIыфIэтщам щхьэусыгъуэ иIэщ, - жеIэри, гушыIэкIэ кърегъажьэ Iимамым. – Ди жагъуэ зэрыхъущи, хуабэ зэрыхъуу, къафIэIуэхупхъэр къызыфIэмыIуэху ди шыпхъухэр я теплъэм топлъэкъукI, абы къыхэкIыу, асфальтым ди нэр тедмыгъэкIыу деплъыхыну фIэкIа, гуэныхь къэдмыхьын папщIэ, нэгъуэщI Iэмал къытхуэнэркъым. КъурIэн лъапIэм и 24-нэ сурэм и 30-нэ Iэятым Алыхь Лъагэм щыжиIащ: «Уа Мухьэмэд!  ФIэщхъуныгъэ зыхэлъ цIыхухъухэм я пащхьэм зэмыплъыпхъэ къыщихутэкIэ, я нэр ирахьэхыну яжеIэ. ЩIахъумапхъэхэри хьэрэмым пэIэщIэ ирыращI. Ар нэхъ къабзагъэщ абыхэм я дежкIэ. Алыхьыр щыгъуазэщ абыхэм ящIэм».

        Мыбдежым Алыхьталэм цIыхур хуеущий зинэм зэрызыщихъумэну Iэмалым. Уи напIэр епхьэхыныр, благъагъкIэ къыппымыщIа бзылъхугъэм уемыплъыныр абы хуэгъэза япэ лъэбакъуэщ. «Зинэ фымыщIэ», - жиIэркъым Алыхьталэм. ЗэрыжиIэр: «Зинэм пэгъунэгъу зывмыщI».  Дауэ ар къызэрыбгурыIуэн хуейр? «ЦIыхубзым фыбгъэдэмыхьэ, фемыплъ, IэкIэ сэлам евмых, фемыпсалъэ, фемыдаIуэ», - аращ абы къикIыр. А унафэр бгъэзащIэмэ, къэмыхъупхъэ зыри къэхъунукъым. «Фи напIэр ефхьэх», - жызыIэ Алыхьталэм ар ткIийуэ муслъымэнхэм къытхуищIа унафэщ.   

       Ди напIэр къызэрытIэту, ди гупэкIэ дызэрыплъэу, ди жагъуэ зэрыхъущи, «цIыхубз фитIнэр» дэнэ дежи къыщытпоплъэ. ЦIыхухъум дежкIэ абы нэхърэ нэхъ гъэунэхупIэ гугъуи щыIэкъым».

       АдэкIэ Iимамым и гугъу ещI «хьиджаб» псалъэм и мыхьэнэмрэ цIыхубзхэм я зыхуэпэкIэм гу зылъытапхъэу хэтхэмрэ.

       «Я цIуугъэнэхэр нэм щIрамыIу, езыр-езыру плъагъум нэмыщI», - жеIэ Алыхьталэм цIыхубзхэм яхуэгъэзауэ. - Пщэ къихам зыгуэр трыраупхъуэ, щхьэр, пщэр, тхьэкIумэр, бгъэгур щIигъанэу. Я дахагъыр я щхьэгъусэхэм, адэхэм, тхьэмадэхэм, я къуэхэм, ялIхэм я къуэхэм, я дэлъхухэм, дэлъхухэм я къуэхэм, шыпхъухэм я къуэхэм, е я цIыхубзхэм, пщылIхэм, кхъахэхэм е цIыхубз дахагъэр зыхэзымыщIэ сабийхэм фIэкIа зыми ирырамыгъэлъагъу.   

ЛъакъуэкIэ тремыуIуэ, гу зылърагъэтэн папщIэ, хъыбар зэбгратыкIыу».

           Алыхьталэм мы Iэят телъыджэм унафэ щещI цIыхубзхэм «я цIуугъэнэхэр щIахъумэну». Мыбдежым къригъэкIыр езы дыщэ е дыжьынхэкI цIуугъэнэхэракъым, атIэ ахэр зыкIэралъхьэ Iэпкълъэпкъым и Iыхьэхэращ: пщэр, бгъэгур, тхьэгъу зралъхьэ тхьэкIумэр, IэпщэхъукIэ ягъэщIэращIэ Iэпщэр, къинэмыщIхэр.  Ахэр псори цIыхубзым хамэ цIыхухъум щихъумапхъэхэм хеубыдэ. АдэкIэ Алыхьу лъагэрэ лъапIэм жеIэ: «ЛъакъуэкIэ трыремыуIуэ».  ЗэрыфщIэжщи, Iэдэм бегъымбарым къуитI иIащ: Къабилрэ Хьэбилрэ. Къабил и щIэблэм я цIыхубзхэр дахэт, Хьэбил и лъэпкъым щыщхэм елъытауэ. Мыдрейхэм я цIыхухъухэрат нэхъ лъагъугъуафIэр. Бгыщхьэм щыпсэу Къабил и лъэпкъым щыщ цIыхубзхэм я лъэдийхэм Iэуэлъауэ зыщI лэрыпсхэр иралъхьэурэ, зыкърагъащIэрт Хьэбил и лъэпкъым щыщ цIыхухъухэм. «ЦIуугъэнэ зыкIэрыщIа фи лъакъуэхэмкIэ фытемыуIуэ, цIыхухъухэм гу зылъевгъэтэн папщIэ», - щIыжиIар аращ Алыхьталэм.  Нобэ а хьэлым ебгъэщхьыну диIэр лъэдакъэ лъагэхэрщ. «ТIыкъ, тIыкъ, тIыкъ», - жиIэу теуIуэу зыгуэр зэрыблэкIыу, псоми я щхьэр абыкIэ ирагъэзэкI. «Хэту пIэрэ?» Ди къуэшхэми щыщатIагъэ къохъу макъ зыщI вакъэ, ауэ нэхъыбэу ар зыдэтлъагъур ди шыпхъухэрщ. «КъыщыфкIухькIэ фытемыуIуэ!», - жеIэ Алыхьталэми, си къуэш лъапIэхэ, а унафэр цIыхубзхэм я деж нэдвгъэхьэс! Лъэдакъэ лъагэм темыувэну, вакъэ щатIагъэхэм я лъэгур зэрыхъукIэ щабэрэ макъ имыщIу къыхахыныр  Алыхьталэм ткIийуэ дыкъызыхуриджэ Iуэхущ.

          Ди жагъуэ зэрыхъущи, сурэтыр щытепщэ ди зэманым цIыхум и унэ щIэсыжуи илэжьыфынущ гуэныхь. Интернет губгъуэхэм я зэраныгъэшхуэ ди Iумэтым къыдокI, дызэмыплъыпхъэ куэд ди нэм къыщIаIу. Алыхьым долъэIу къыддэIэпыкъуну.

        Къэбгъэлъагъуэ мыхъунум и гугъу щищIкIэ, «езыр-езыру плъагъум нэмыщI» жеIэ зи гугъу тщIа Iэятым. Мыбдежым хьэнэфий мэсхьэбым и щIэныгъэлIхэм я еплъыкIэр зэщхьэщокI. Зы гупым ар нэкIур, Iэ тхьэмпэхэр, лъэ тхьэмпэрауэ жаIэ, лъэдийм и лъабжьэкIэ къанэр щIэпхъумэну зэрыгугъум къыхэкIыу. Ауэ адрей еплъыкIэмкIэ, лъэ тхьэмпэри щIэпхъумэныр куэдкIэ нэхъыфIщ, псом хуэмыдэу нэмэзым ущытеткIэ. Сабийхэр илъэси I0, II ныбжьым нэсамэ, и анэм е и шыпхъум и щыгъыныр зэрызэрихъуэкIыр илъагъу хъунукъым. Пщэри бгъэгури щIэхъумэн хуейщ. Кавказ цIыхубзхэм ящыщ куэдым нобэ IэлъэщI зытралъхьэри, тхьэкIумэри, пщэри, бгъэгу къихари къыщIэщу къагъанэ. Ар хъункIэ Iэмал зимыIэщ».

                                                                                              ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

Читать также: