Ахъшэ саугъэтыр зытекIуэдэнур

КъБР-м Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм къызэщIикъуэжащ «Агростартап» зэхьэзэхуэм мы гъэм пхыкIахэр. Апхуэдэу зэпеуэм хэта цIыху 156-м щыщу фермер 18-м я мэкъумэш IэнатIэм зэрызрагъэужьыну ахъшэ саугъэтхэр иратащ.

Мы къэрал дэIэпыкъуныгъэр ят «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ защIэгъэкъуэн» лъэпкъ проектым хыхьэу. Хьэрычэт Iуэху къыщIэзыдзэхэм мы гъэм псоми зэхэту сом мелуан 55,8-рэ иратащ (зым сом мелуан 1,9-м къыщыщIэдзауэ сом мелуани 3,9-м нэс хуэзэу).

ДэIэпыкъуныгъэр зэрат жыпхъэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, хьэрычэтыщIэм и Iуэхур хуэгъэзэщIэн папщIэ, къэралым абы зэрызыщIигъакъуэр текIуадэм и процент 90-м нэхъыбэ мыхъуущ. Ахъшэ зратыр лы, шэ къыщIэгъэкIыным, хадэхэкIым елэжьхэрщ. Апхуэдэуи «Агростартап»-м и дэIэпыкъуныгъэр хуаутIыпщ хъунущ щIы Iыхьэрэ техникэрэ зэрагъэпэщыным е мэкъумэшым епха ухуэныгъэхэр ящIыным, егъэфIэкIуэным. Абы щыгъуэми хьэрычэтыщIэм и лэжьыгъэр Iэмал имыIэу къуажэ щIыпIэм щыIэн хуейуэ къагъэлъагъуэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, ахъшэ саугъэтыр къэзыхьам илъэситхум къриубыдэу и хэхъуэр илъэс къэс проценти 10-кIэ нэхъыбэ ищIу зэрекIуэкIыпхъэри.

КъищынэмыщIауэ, къэрал дэIэпыкъуныгъэр зыхуэдизым елъытауэ, IэнатIэщIэхэр къызэрагъэпэщу илъэситхукIэ ягъэлэжьэн хуейщ. Сом мелуани 2 нэхъ мащIэ къэзыхьам и къалэнщ зы IэнатIэ къызэIуихыну, сом мелуани 2-м щIигъу зратам - IэнатIитI.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: