Ерыщу зи хъуэпсапIэр зэзыгъэхъулIэ

Налшык щыщ, илъэситху хъуауэ Санкт-Петербург щыпсэу икIи щеджэ уэрэджыIакIуэ Болэ Астемыр куэд щIауэ и хъуэпсапIэт Япэ къэрал телеканалым и «Голос» проектым и зэфIэкI щеплъыжыну. ЩIалэм мы гъэ гъатхэм ар зригъэхъулIащ.

Налшык къалэм и курыт еджапIэ №13-м и 9-нэ классыр къиуха нэужь, Болэ Астемыр ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым  Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым уэрэд жыIэнымкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. 2018 гъэм Болэм и щIэныгъэм щыпищащ Санкт-Петербург къэрал институтым эстрадэмрэ музыкэ гъуазджэмкIэ и факультетым. 

Астемыр зэрыжиIэмкIэ, ар уэрэд жыIэным дезыгъэхьэхар американ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Джексон Майкл и щапхъэрщ. ЩIалэм езыр-езыру зригъэсащ гитарэрэ фортепианэрэ еуэфу.

Бельгием щыщ уэрэджыIакIуэ икIи композитор Ван Поль игъэзащIэ Papaoutai уэрэдыр проектым щыжиIащ Астемыр. ГъэщIэгъуэнракъэ, къэпщытакIуэ гупым хэт псоми - Пресняков Владимир, Беляев Антон, Бастэ, Гагаринэ Полинэ сымэ -  зэуэ я гупэр къыхуагъэзат абы. КъыжыIапхъэщ, къэпщытакIуэ гупым хэтхэм апхуэдэ гулъытэ зыхуащIар Астемыр зэризакъуэр. Ар хэдэн хуей щыхъум, Беляев Антон дэлажьэм нэхъ къищтащ. Теленэтыным щыкIуэм Iуэхум трагъэгушхуэну абы дэщIыгъуащ и адэ-анэр, и ныбжьэгъухэр.

- Беляевым сыдэлажьэм нэхъ къэсщтат, сыту жыпIэмэ, «Голос» проектым езыр уэрэджыIакIуэу хэтти, къытпэщылъ псори ищIэрт, - жиIащ Астемыр. - ИкIи ар къызэрыхэсхамкIэ сыщымыуауэ къызолъытэ.

Тольяти щыщ, илъэс 18 зи ныбжь Ляшенкэ Аннэ и гъусэу Астемыр игъэзэщIащ Hi-Fi гупым я «Глупые люди» уэрэд цIэрыIуэр. Беляевым и гупым Астемыр къыхинащ. Иужьым ар пеуащ Капрельян Анастасие Байгузинэ Гульнарэрэ. Ди лъэпкъэгъум игъэзэщIащ Бочелли Андреа и Con te partiro итальян уэрэдыр. Зэпеуэм и кIэух Iыхьэм нэса Астемыр и пэ Байгузинэ Гульнарэ ищами, къэрал псор зэплъ телепроект иным зыкъызэрыщигъэлъэгъуамрэ абы и финалым пхыкIыу къызэрацIыхуамрэ ехъулIэныгъэщ. Болэм жеIэ, утыку щитым зэрыгузэвам къыхэкIыу, и зэфIэкI псори къигъэлъэгъуэну зэрыхузэфIэмыкIар. Ауэ щIалэр къикIуэтхэм ящыщкъыми, и мурадщ и зэфIэкIхэм зригъэужьу зыкъигъэлъэгъуэну.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Поделиться: