Зэпымыууэ зи зэфIэкIым хэзыгъахъуэ

Тхыгъэр зытеухуа Жын Сэтэней международнэ экономикэ зэхущытыкIэхэмрэ инновацэ унэтIыныгъэхэмкIэ хьэрычэтыщIщ. Иджы дыдэ ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухащ Цюрих (Швейцарие) и Технологие университетыр.

Сэтэней Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыщщ. Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №3-р къиуха нэужь, Урысей экономикэ университет Плехановым и цIэр зезыхьэм щеджащ.

КъБР-м и Iэтащхьэу щыта, политик цIэрыIуэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу сенатору щыIэ, ЩIДАА-м и президент  Къанокъуэ Арсен и нэIэм щIэту, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием (АМАН) IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэм хагъэхъуэным теухуауэ ищIэм и фIыгъэкIэ Сэтэней яхэтащ хамэ къэралхэм хьэрычэт IуэхухэмкIэ я международнэ школхэм щеджэну ягъэкIуахэм. Псалъэм папщIэ Уэрчыкъуэ Альбертрэ Тхьэмокъуэ Iэминэрэ (Великобритание), Пщынокъуэ Дианэ (Нидерландхэм), Батыр Мухьэмэдрэ Жын Сэтэнейрэ (Швейцарием), Хьэмыз Залым (Франджым), Тау Анзор (Бельгием), Гуэщокъуэ Марианнэ (Испанием) я щIэныгъэм щыхагъэхъуащ.

Адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ зыщIэ Сэтэней а щIыналъэхэм зэрыщыIар хуабжьу сэбэп къыхуэхъуащ инджылызыбзэмрэ нэмыцэбзэмрэ зригъэщIэнымкIэ. ИужькIэ Сэтэней щылэжьащ «Mercedes-Benz» IуэхущIапIэм Москва щиIэ къудамэм. Ар щылажьэ къудамэр хьэрычэт Iуэхум нэхъри зэрызебгъэужьыну щIыкIэр зыгъэбелджылыхэрт.

Етхуанэ курсым щыщIэсым, щIэхэм зэпымыууэ тегушхуэ, зыужьыныгъэм хущIэкъу Сэтэней, Германием лэжьыгъэ къыщигъуэтын папщIэ, гугъуехь куэдым пхыкIат. Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Италием, Японием, нэгъуэщI къэралхэм щыщ куэд хущIэкъурт ар зыпэрыхьэ лэжьыгъэм икIи абыхэм щIэныгъэкIэ уазэрефIэкIыр къэбгъэлъэгъуэн хуейт зэпеуэм упхыкIын папщIэ.

Къалмыкъ Юрэ и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондыр и дэIэпыкъуэгъуу, 2013 гъэм Москва и «Лес» художественнэ галереем художник Хьэщхъуэжь Динэрэ сурэттех Мусэ Мариерэ къыщызэрагъэпэща «Оттенки черкесского» гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэным Сэтэней и сурэтри хагъэхьат. Адыгэ сурэттеххэмрэ художникхэмрэ я выставкэм папщIэ, Мусэ Марие адыгэ фащэр ящыгъыу сурэт зытриха адыгэ хъыджэбзхэм ящыщт Сэтэней. Мы выставкэм хагъэхьат прикладной гъуазджэ, графикэ лэжьыгъэхэр, сурэтхэр, ПIаз Александр, Мысачэ Мурат, Бэлагъы Экбал, Щокъарэ Дианэ, Мазло Руслан, Тэшу Маринэ, Дзасэжь Фася сымэ я IэдакъэщIэкIхэу.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

 

 

Поделиться: