Езым зыкъыуигъэцIыхунущ

 Швециемрэ Даниемрэщ КъурIэн тхылъыр утыкум щагъэсыныр нэрыгъ зыхуэхъуахэр щагъэгушхуэр. Иужьрейуэ апхуэдэ щIыкIэу цIэрыIуэ зищIыну хуежьар зи цIэри тщIэну дыхуэмей, Иракым икIауэ Швецием щыпсэу чыристан хьэрыпт. Иджы щIалэр мэтхьэусыхэ: «Нэмыплъ къызат, тыкуэнхэм сызыхуейр къыщысщэхужыфыркъым». Сыт и щхьэусыгъуэу щытми, апхуэдэ гукъыдэж зыщIам ар хуэбдэныр зыгъэзахуэ хабзэм дауэ демократиекIэ узэреджэнур? 
Къурмэн Хьидым ирихьэлIэу, мэкъуауэгъуэм и 28-м, Дербент дэт мэжджытым щрагъэблагъэм, УФ-м и Президент Путин Владимир КъурIэн лъапIэр тыгъэ хуащIащ. Муслъымэнхэм пщIэ зыхуащI тхылъыр игъэпуду зыми зэрыхуимыдэнур къыхигъэщащ Президентым. 
«Мыр муслъымэнхэм ягъэлъапIэ тхылъщи, абы пщIэ хуащIыныр псоми я къалэнщ. Дэ дощIэ языныкъуэ къэралхэм цIыхум яхэлъ фIэщхъуныгъэм егуэуэныр щIэпхъаджагъэу къызэрыщамылъытэр, - жиIащ Путин Владимир. Зи гугъу ищIыр а махуэ дыдэм Швецием и къэрал хабзэр я телъхьэу, бзаджащIэхэм КъурIэныр зэрыщагъэсарт. - Дэ ди къэралым апхуэдэ Iуэхухэр КонституцэмкIэ щIэпхъаджагъэу къыщыдолъытэ. НэгъуэщI диным пщIэ хуумыщIынри ар къэбгъэсэбэпу цIыхухэр зэщыбгъэхьэнри зыми хуамыдэну хабзэншагъэщ. Мы мэжджытым сыщIэту нобэ Урысейм муслъымэну исым сохъуэхъу. КъурIэныр тыгъэ къызэрысхуэфщIам папщIи фIыщIэ фхузощI. Кремлым абы хуэфэщэн телъхьэпIэ къызэрыщигъуэтынум шэч къытевмыхьэ», - жиIащ Урысейм и Президентым. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: