Хэт унагъуэм щынэхъыщхьэр?

            Акъыл зэхьэлIапхъэ, узэрытемыгушхуэмрэ узэрыхуэщхьэхымрэ хэкIыпIэншэу къыпфIигъэщI псоми «зэманым и нэщэнэщ» хужыпIэфынущ. Унагъуэм и пщIэр зэрехуэхари зытетлъхьэр зэманырщ. Толстой Лев зэрыжиIауэ, шэч хэмылъу «унагъуэ насыпыншэ къэс и насыпыншэкIэр щхьэхуэщ». ИтIани, нэ зиIэм елъагъу ди лъэхъэнэр зэIыхьлыхэм яхэлъыпхъэ гумащIагъым зэрегуэуар. Осетие Ищхъэрэ-Аланием и муфтий Гацалов Хьэжмурат и гупсысэхэри ухэзыгъаплъэщ, ауэ щыхъукIэ, захуагъэм сытетынщ жыпIэмэ, ар къыщIомыхъулIэн щхьэусыгъуэ зэрыщымыIэри наIуэщ.  

«Унагъуэр махэ зэрыхъуар жылагъуэм и мыхьэнэр къызэрытIэсхъам и зы щыхьэтщ. Ди япэ ита цIыхухэм я лъэхъэнэм узэбгъэдэкIыжыныр напэтехыу щытащ. Ауэрэ ар унагъуэр мащIэу зыгъэнэщхъей Iуэхугъуэ хъуащ, напэтехыу щымытыжу. Мардэр еIэбыхащ. УзэбгъэдэкIыжмэ, къэхъуаишхуэ щымыIэу къафIэщIу хъуащ хуэмурэ. Еууей, гъащIэр узэрыщымыгугъауэ къыщIэкIащ, аркъудейщ. ИкIи напэтехкъым, икIи насыпыншагъэкъым, къыхуиухар арат, сыт-тIэ пщIэнур? Аргуэру зы дэкIуеипIэкIэ дыкъоувэх. Иджыщи, зэрышагъащIэхэр щызэбгъэдэкIыжым деж, къэмыхъупхъэ къэхъуауэ къалъытэжыркъым.  ЗэрымыщIэкIэ зэрышат, бэлэрыгъат, арат-морат. ЕтIуанэ гъуэгу къыхэхыкIэ нэхъ ищIэнщ. КIуэ пэтми, нэхъ лъахъшэу доувэх. ЦIыхури нэхъ икIэ мэхъу и нэмыскIэ.

         Жылагъуэ гъащIэм щытхузэмыгъэзахуэ адрей Iуэху зэIумыбз къомым кърикIуэу аращ унагъуэм и щытыкIэр. Нэчыхьым и мыхьэнэ лъапIэр фIэкIуэдащ. Унагъуэ къутахэм къина бынхэр-щэ? Сыт хуэдэ сабий лIэужьыгъуэу щытми, и адэ-анэр зэрызэбгъэдэмысым абы и гумрэ и псэмрэ IэпапIэ къытримынэнкIэ Iэмал иIэкъым, игу зэбгъэжу къэмытэджмэ.

       НэгъуэщI зы бэлыхьи къокIуэкI иджыпсту. Щхьэгъусэ бгъэдэмысу, бын зрагъэгъуэтыным тегушхуэхэр. «Си щхьэм щхьэкIэ къэслъхунщ сабий», - жеIэ цIыхубзым. Хэт уэ хуитыныгъэ къозытар цIыхур адэ имыIэу дунейм къытехьэн унафэр зыIэщIэплъхьэжыну?!  Нобэрей хъыджэбз цIыкIур зыхуагъэхьэзырыр бей гуэрым дэкIуэнырщ. ГъащIэм и мыхьэнэр аращ. ПсэукIафIэ хъумэ, гукъеуэ иIэнукъым. Ахъшэра псори зэлъытар? «ФIыуэ плъагъум уригъусэмэ, пщыIэри пфIэжэнэтщ», - жаIэу, ауэ сытми къагупсысагъэнкъым.  Хъарзынэщ, узыхуей псори бгъуэтмэ. Ауэ уи ныбэр изрэ унагъуэр зэкъуэмытмэ, щIэсхэм я гур зэкIэрымыпщIэмэ, хуабагъ яку дэмылъмэ, зым адрейм пщIэ хуищIыркъым. Апхуэдэхэм къащIэхъуэ быным сыт хуэдэ цIыху къахэкIынур? Сыт нобэрей щIалэхэр сабиижьу къыщIэнэр, хъыджэбз цIыкIухэр лIым хуэдэу лажьэу? Армырауэ пIэрэ ар къыщежьэр? И анэм и адэр зэрыригухыр елъагъури, хъыджэбзми абы щапхъэ трех. ЩIалэ цIыкIуми елъагъу и адэр зэрырагъэкIуэтыр, анэр зэрынэхъыщхьэр. Езыми и шыпхъум унафэ къыхуещI! 

       ЦIыхухъур - цIыхъуу, цIыхубзыр – цIыхубзу щытын хуейщ. «ЦIыхухъур цIыхухъуу щытын хуейщ», - жиIэжыркъым нобэ зыми. ЛIым нэхърэ нэхъыщхьэ унэм щIэскъым! Ар хабзэщ!

         Унагъуэ гуэрым драгъэблэгъащ зэгуэрым, зэрышагъащIэхэр зэщыIеящи, зэвгъэкIуж жаIэри. Нэчыхьыр ятхщ, мазэ зыбжанэ дэкIри, хъыджэбз цIыкIур зейхэм яшэжащ. И адэр къыдэлъэIурт: «Хъыджэбзым фысхуепсалъэ, кхъыIэ! Аргуэру къыщIэпхъуэжынкIэ согузавэ». ДокIуэ я деж. Ику ит унагъуэ хъарзынэу фэ ятетт. ЦIыхухъуищ дыщIыхьэри дытIысащ. Хъыджэбзым и адэр зы илъэситхукIэ нэхъыщIэми арат сэ нэхърэ. Сытми, зыкъомрэ дыпсэлъауэ, и фызыр къыщIыхьэщ, Iэгъуэу щыт тумбэм IэфракIэкIэ зытригъащIэри… абдежым щиухащ лIым жиIэну псори. Зы псалъэ хигъэувэжакъым цIыхубзым кърибжэкIахэм. «Мыр-щэ? Мор-щэ? Сэ си пхъур естынукъым абыхэм…» - апхуэдэ защIэт зэхыдигъэхыр унэгуащэм. ДакъикъипщI хуэдизкIэ дыпсэлъэну дыхэтащ. «НакIуэ, дэ мыбы щытщIэн щыIэкъым», - жысIэщ, щымыхъуми, дыкъыщIэкIыжащ. ЩIалэр къыспоплъэри щытщ. «Сыт сщIэнур?» - жеIэри къысIуроплъыхь.  «ХъыджэбзыфI?» - соупщI. «Зы дагъуэ иIэкъым!»  «Ехьэжьи, республикэм фикI», - жесIащ. Полицэми жащ хъыджэбзым и анэр, щIалэр ягъэшынэну хэтащ. Езы цIыкIур Iущу къыщIэкIри, и анэм епсэлъащ итIанэ. «Мамэ, сумыгъэпсэунумэ, зэи афIэкIа сыкъэплъагъунукъым», - жриIэри, зэрыгъэбэяужахэщ. Щыкъу анэри хуэмурэ и пIэ изэгъэжащ.

        ЦIыхухъур щIикIуэтам щхьэусыгъуэ куэд къыхуэбгъуэтыфынущ, ауэ зытепсэлъыхьын хуейр езым апхуэдэу нэхъ къызэрищтэрщ, абы фейдэ зэрыхихырщ. ЦIыхубзыр мэлажьэ, лIыр лажьэркъым. Зыгуэр щIэн хуеймэ, и фызыр егъакIуэ. «КIуэи мор щIэт». Ауэрэ цIыхубзым и пщэ делъхьэж лIым и къалэну щытахэр. ЛIыми ар нэхъ къещтэ. «КIуэи мамэ еупщI». «Школым кIуэ», «КIуэи мобы гурыIуэ». Дэ, цIыхухъухэм, цIыхубзыр етхулIэу аращ апхуэдэу щытыну. ЗыкъысхуагъэгусэнкIи хъунущ, ауэ тлъагъур аращ. Езыр шхапIэм щIэсщ, зегъэпсэху, апщIондэху и фызыр лэжьакIуэ щыIэщ, бэзэрым тетщ. Школым, сабий садым мажэ, кIэпхъым ещхьу къежыхь. НэгъуэщIу зэрымыхъунур, Iуэхум зэрызимыхъуэжынур къыгуроIуэ цIыхубзым, аращи, елъэф мыгъуэ псори».  

                                               ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться:

Читать также: