Къэрал дамыгъэм и махуэр ягъэлъэпIащ

Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэр «Мэшыкъуэ» щагъэлъэпIащ.
Пщэдджыжьым жьыуэ щIадзат абы ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр. ЩIалэгъуалэ зэхыхьэм екIуэлIахэм щыщу цIыхуищэ нэхущым Мэшыкъуэ бгым дэкIри, абы щагъэуващ метр зэбгъузэнатIэ I08-рэ зи инагъ нып плъыфищыр.
Абы хэтащ Донецк ЦIыхубэ Республикэм и ЩIалэгъуалэ парламентым и унафэщIым къэрал кIуэцI политикэмкIэ и къуэдзэ Чичкан Анастасие. 
- Сэ сфIэфIу сыхэтащ мы Iуэху дахэм. Пэжу, гухэхъуэт ар. Мэшыкъуэ и щыгум жьым щIихурыхукIыу тетт нып абрагъуэр. Абдеж ди къэралым теухуа уэрэдхэр щыжытIащ, гъэщIэгъуэн куэдым дыщытепсэлъыхьащ. Мы Iуэхур зэи сигу ихужынукъым. Ар и щыхьэтщ, цIыхур зыщыщ лъэпкъ, зэрихьэ дин емылъытауэ, хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэм зэпэгъунэгъу зэрищIыфым. Си нэкIэ слъэгъуащ ди къэралым хэкупсэ зэрикуэдыр, - жиIащ Анастасие. 
Пщыхьэщхьэм Комсомольскэ хуейм щызэхэтащ Къэрал ныпым и махуэм теухуа пшыхь дахэ.
НыбжьыщIэхэм ехъуэхъуну къахуеблэгъат Ставрополь щIыналъэм и губернатор Владимиров Владимир, УФ-м и цIыхубэ артист, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Майданов Денис сымэ.
-Мы зэхыхьэм къытхуеблэгъа псоми си гуапэу фIэхъус фызох, -жиIащ Владимиров Владимир. - Ди къэралым и щIыпIэ куэдым къикIа егъэджакIуэхэр Псыхуабэ зэрыщыIэр гуапэщ. Сэ сыхуейт ди лъахэм и гуапагъэ, и хуабагъэ зыхэфщIамкIэ евгъаджэхэм, фи адэ-анэхэм, ныбжьэгъухэм фадэгуэшэну. Къэрал ныпым теухуауэ хъуэхъу дахэ дыдэ жиIащ ди къэралым и Президент Путин Владимир. 
Ныпым и теплъэр куэдрэ яхъуэжащ, ауэ абы и лъабжьэ щIэуващ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэм къыхэкIа, ныбжькIэ зэщхьэщыкIыу цIыху куэд. Ныпыр зэ къэфIэтыху къэралым, ди Президентым папщIэ гушхуэныгъэ зыхэфщIэу фыпсэуну сыфхуохъуахъуэ, - захуигъэзащ губернаторым щIалэгъуалэм.
Куэдым фIыуэ ялъагъу Майданов Денис псалъэ ирата иужь, щIалэгъуалэм Iэгуауэ инкIэ ирагъэблэгъащ.
-Ди къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэм и махуэр щагъэлъапIэм сыкъызэрырихьэлIар хъарзынэщ. Гуапэу фыкъызэрытпежьам, хэкум хувиIэ лъагъуныгъэм, ныпым фригушхуэу уардэу зэрыфIэтым папщIэ фIыщIэ фхузощI. Ди къэралыр фIыуэ дывгъэлъагъу, абы и ехъулIэныгъэм дытевгъэлажьэ, - жиIащ Майдановым.
«Мэшыкъуэм» щызэхуэса щIалэгъуалэм «Флаг моего государства» уэрэдыр щIэту къэрал ныпыр ину къызэкIуэцIахащ. 
Майданов Денисрэ Кавказ Ищхъэрэм и творческэ гупхэмрэ зыхэта концерткIэ зэхуащIыжащ ныпым и махуэр.
Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: