Адыгэ фащэмрэ ди дунеймрэ ятеухуа пщащэ гупсысэхэр

  Дэтхэнэ лъэпкъми и нэщэнэхэм ящыщщ зэрихьэ щэнхабзэр.  Зэманыр кIуэми, лIэщIыгъуэхэм захъуэжми, щэнхабзэм хэлъ фIым, дахэм уебэкъуэныр, ар IэщIыб пщIыныр щыуагъэу къызолъытэ. Ар зытежысIыхьхэм ящыщщ   дапщэщи  сфIэдахэ, сфIэщIэщыгъуэ  ди  лъэпкъ фащэ екIур. Си жагъуэ мэхъу ар адыгэ пщащэхэм, щIалэ къуданхэм –  ди щIалэгъуалэ псоми зэрызедмыхьэжыр. 

Адыгэ фащэр ди зэманым къемызэгъыжу, ар зэгъэпэщыгъуей, зехьэгъуей хъуауэ къэзылъытэхэр мащIэкъым. Апхуэдэу зи гугъэхэм къагурыIуэу пIэрэ а фащэм нэхърэ зыкIи мынэхъыфIу икIи мынэхъ дахэу, ауэ куэдкIэ нэхъ лъапIэу щыгъын лIэужьыгъуэхэр къызэращэхур?! Дауи, адыгэ фащэ дахэр махуэ къэс пщыгъын, абы урилэжьэн хуейуэ зыми жиIэркъым. Ауэ ар пщыгъыу хьэгъуэлIыгъуэхэм, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, лъэпкъ зэхуэсхэм, хасэхэм урикIуэну фIы дыдэтэкъэ!  Зэрыдахэм, зэрыекIум нэмыщI, къызэрыслъытэмкIэ, фащэм цIыхум хьэл-щэныфIи къыхилъхьэнут.  Апхуэдэ лъэпкъ фащэ зыщыгъ щIалэхэр замыщIэжу ефауэ, фийуэ, хъуанэу уэрамхэм дэтыну е дыгъуакIуэхэм, бзаджащIэхэм яхыхьэну? А хьэл мыхъумыщIэхэм фащэм зэрыщихъумэну къудейри  гуфIэгъуэшхуэт!

Адэ-анэхэм тэмэму, цIыху нэс хъун хуэдэу ягъэса щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ лъэпкъ фащэ дахэхэр ящыгъыу къафэу хьэгъуэлIыгъуэм е нэгъуэщI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм хэту щыплъагъунри сыт хуэдэу гухэхъуэт! 

Лъэпкъ куэд дыдэм я иджырей щыгъынхэр ди зэманым зэщхь хъуащ. Адыгэхэми яфIэмыIейуэ зэрахьэ кIэстум зэфIэтыр, джанэ зэмылIэужьыгъуэхэр, галстукыр, туфлъэр, шырыкъу лъапщэ кIэщIыр, шляпэр, псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм я фэхэм къыхэщIыкIа пыIэхэр.   Гулъытэншэу къэбгъанэ хъунукъым цIыхубзхэм я иджырей фащэр: бостейр, кIэхэр (нэхъыбэм кIэщIыбзэу), бзылъхугъэм игъащIэм щитIагъэу щымыта гъуэншэдж зэвхэр, туфлъэ лъэдакъэ лъагэхэр. ЦIыхухэм я фащэм зэрызихъуэжам хуэдэу,  я дуней тетыкIэри ябгъэдэлъ гъэсэныгъэри нэгъуэщI хъуащ. Хъыджэбз цIыкIухэр ипэкIэ щIапIыкIырт Iэдэбагъым, Iэ щабэ-Iу щабэу щытыным. Адыгэ цIыхубзым и щхьэ хуигъэфащэу щытакъым бзылъхугъэ лэжьыгъэ цIыхухъум ищIэу илъагъуну:  мастэ-IуданэкIэ дыжэу, жьыщIэу, н.къ. Ещхьыркъабзэт цIыхухъури: абы  и напэм тригъэхуэфыртэкъым цIыхубзым пхъэ икъутэу, мэкъу зэрихьэу, Iэщ зэрихуэу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыпсту цIыхубзхэм ящыщ гуэрхэр   цIыхухъухэм къазэрыщхьэщыкI щIагъуэ щыIэжкъым жыпIэным хуэдэщ, ар щыгъыным е  хьэл-щэным теухуауи ирехъу.

          Щыгъын дахэр зэкIун Iэпкълъэпкъ дахэ зиIэ щIэблэ къэгъэхъуным хущIэкъу зэпытт адыгэхэр.   НыбжьыщIэ цIыкIур плIэ Iузэу, дамэдууэ, лъакъуэ Iушэу къэхъумэ, абыкIэ ягъэкъуэншэнури анэр е анэшхуэрат. Псом хуэмыдэу, цIыхубзым и Iэпкълъэпкъыр дахэ зэращIыным нэхъ лейуэ елIалIэрт. ЩIалэри пкъыфIэу, уардэу, захуэу зэфIэту, плIабгъуэу, бгы псыгъуэу, бгъукIэ гъуэлъамэ, и бгырыпх щIэпхапIэмкIэ джэдур щIэкIыфу щытын хуейуэ жаIэрт. Апхуэдэу ныбжьыщIэм и Iэпкълъэпкъыр «ухуэнымкIэ» мыхьэнэшхуэ яIэт фащэр зэрызэхэлъ пкъыгъуэхэм. 

АтIэ апхуэдиз фIагъыр зыбгъэдэлъ, дуней псом щыцIэрыIуэ ди адыгэ фащэр кIуэдыжыпэн хуей сытми? Дэ ди ужькIэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм лъэпкъ фащэм теухуа Iуэхугъуэхэр IэщIыб ямыщIын, абы теухуауэ яIэ щIэныгъэм нэхъри хэгъэхъуэныр, зегъэубгъуныр    дэ псори дызэлIэлIапхъэ Iуэхухэм ящыщу къызолъытэ. Сэри си ныбжьэгъухэми, дгъуэту щытамэ, щыттIэгъэнут адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр зытелъ, адыгэ фащэм хуэкIуэу да щыгъынхэр. Абыхэм пщащэхэр нэхъри дагъэдэхэнут, ди лъэпкъ фащэми нэхъри дригушхуэу дыщытынут.  

ТХЬЭГЪЭПСО  Миланэ.

 

Поделиться: