IэщIагъэр къыхэпхыркъым, атIэ езым укъыхех

Дэрбзэр, IэпщIэлъапщIэ Сэбаншы Алесэ бзылъхугъэ фэилъхьэгъуэхэр ед, сабий хьэпшып цIыкIухэр, зэрыджэгу гуащэхэр цыкIэ зэIуещэ.

ГъэщIэгъуэнракъэ, Алесэ медицинэ IэщIагъэ зригъэгъуэтащ икIи илъэситкIэ абы ирилэжьащ, иужьым  логопедуи еджэжащ, ауэ абыи къытеувыIакъым. Ар и щыхьэтщ языныкъуэхэм деж IэщIагъэр цIыхум къыхих мыхъуу, езы IэщIагъэм цIыхур къызэрыхихым.

Псоми щIэдзапIэ яхуэхъуар еджапIэ нэужьым сабийхэм ябгъэдэсу пIалъэкIэ унэм щIэсыну Алесэ къызэрыхуихуарщ. Социальнэ сайтымкIэ ар куэд щIауэ кIэлъыплъырт IэпэIэсэ гуэрым и напэкIуэцIым щызэхуихьэса и лэжьыгъэхэм. Абы цыкIэ зэIуища, сабийхэр зэрыджэгу тхьэкIумэкIыхь цIыкIухэр Алесэ апхуэдизкIэ игу дыхьати, апхуэдэ хьэпшыпхэм я уасэр зригъэщIащ икIи игъэщIэгъуащ ахэр зэрылъапIэр. ИтIанэ мурад ищIащ Интернетым илъ видеохэмкIэ кIэлъыплъурэ ахэр зэрагъэхьэзырыр зригъэщIэну. Абы папщIэ зыхуеину Iэмэпсымэхэмрэ Iуданэхэмрэ зэригъэпэщащ. Япэу ищIар «Бахэ» зыфIища гуащэрщ. Дауи, видеомкIэ илъагъу илъагъу псори зэуэ къипхъуэтакъым, ауэ ерыщу Iуэхум пэрытурэ гуащэ ищIыф хъуащ. Щыуагъэншэу япэу ищIа гуащэм дамэ къытригъэкIауэ жыпIэ хъунущ.

- ЯпэщIыкIэ сабий къалъхугъащIэм и фэилъхьэгъуэхэр зэIусщащ, абы сыхуейти щхьэм щхьэкIэ. Мазэ зыбжанэ и пэ сабийхэр зэрыджэгу хьэпшыпхэр зэIусщэу щIэздзащ. Гуащэ зэIущэныр, дауи, тыншкъым. Сыхьэт бжыгъэкIэрэ узэрыщысым уи нэр, уи пщэмрэ уи тхыцIэмрэ егъэуз.  Сантиметр 30 зи кIыхьагъ апхуэдэ зы гуащэ бгъэхьэзырыным махуитI-щы токIуадэ. Си лэжьыгъэхэр сабийхэм ягу зэрыдыхьэр, абыхэм зэрыщыгуфIыкIыр щыслъагъукIэ, абыхэм гугъу сазэрыдехьар псынщIэу сщогъупщэж, - жеIэ Алесэ. – Творческэ лэжьыгъэ нэхъапэкIэ сыпэрытакъым, си анэр дэрбзэрти и лэжьыгъэхэм сыкIэлъыплъа мыхъумэ. Ауэ зэпымыууэ IэпэIэсагъэм сыдихьэхырт. КъищынэмыщIауэ, муслъымэн бзылъхугъэхэм я фэилъхьэгъуэхэр сод. Дауи, ахэр бдыну нэхъ тыншщ, зэман нэхъ мащIэщ текIуадэри.

Алесэ игъэхьэзыр зэрыджэгу хьэпшыпхэр нэгъуэщIхэм къазэрыщхьэщыкIыр абыхэм я Iэхэр, я лъакъуэхэр цIыкIухэм къазэрыхупымычырщ. Ахэр икIи бжьыщI, бгъэкъабзэ мэхъу. IэпщIэлъапщIэм и гуащэ хьэпшыпхэм щIэупщIэ яIэщ. Нэхъыбэу ахэр сабий щыгъынхэр щащэ тыкуэнхэм, жармыкIэхэм, Интернет сайтхэм щызэбгрегъэкI.

Психологхэм зи псантхуэр зытезыгъэувэжыну хуейхэм чэнджэщ ират цы зэIуащэну, е нэгъуэщI зыгуэрым зыхуагъэсэну. Алеси абы арэзы тохъуэр. Абы къызэрилъытэмкIэ, дунейм къыщыхъу мыхъумыщIагъэхэм пэIэщIэ узыщI, гъащIэм узыщрихьэлIэ Iуэху зэIумыбз куэд пщхьэщызых лэжьыгъэщ IэпэIэсагъэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться: