Хабзэр убзэкъым, къалэныр Iулъхьэкъым

Куэдрэ согупсыс: «Сыту пIэрэ ди лъэпкъ хабзэ дахэм, нэмысым я къежьапIэр? Ар дэ, адыгэхэм, нэгъуэщIу щхьэ тхэлъ? Хабзэр зыгуэрым къимыгупсысауэ, атIэ ар гъащIэм къыхэкIыр пэжмэ, сыту пIэрэ абы лъабжьэ хуэхъуар?» ГъащIэм и лъэныкъуэ псори къызэщIэзыубыдэ ди хабзэм и фIыпIэхэм ящыщщ нэхъыжьым хуащI пщIэмрэ нэмысымрэ. Дауэ ар зэрыщытыр, сыт абы хыхьэр? 

Тхыдэм уриплъэж нэужькIэ, лъэпкъ куэдым я деж ущрохьэлIэ зэманыжь блэкIахэм цIыхухэм я жьы хъуахэр яукIыжу, бгым щадзу, е ахэр цIыху здэмыкIуэ щIыпIэ пхыдза гуэрхэм яшэрэ абы щылIэну къагъанэу щытауэ. Псори дыщыгъуазэщ ди IуэрыIуатэм хэт апхуэдэ хъыбарым. Абы къызэрыщыIуэтэжамкIэ, абдежым адыгэхэм щагъэтащ жьы хъуахэр бгым щадзыжыныр. Жьы хъуа цIыхум къару имыIэж щхьэкIэ, гъащIэм къритауэ Iущыгъэ ин бгъэдэлъщ. Ар мыльку мащIэкъым. Аращ адыгэхэм «Акъыл былымщ» щIыжаIэр.
 Шэч лъэпкъ хэлъкъым, адыгэхэм я нэхъыжьым хуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ я лъабжьэр къыщежьэр я нэхъыжьхэм ябгъэдэлъ акъылырщ, Iущагъырщ, гупсысэрщ. КъэкIуатэурэ, ар хабзэу зэфIэуващ, лъэпкъ псом зэдайуэ икIи адыгагъэм щыщ хъуащ. 
 Куэд къызэщIеубыдэ «нэхъыжьым и пщIэ» жыхуаIэм. Апхуэдэщ абы и сэмэгурабгъум ущытыныр, укIэлъымыджэныр, и гъуэгу зэпумыупщIыныр, и псалъэр зэпумыудыныр. Нэхъыжьым яхэпсэлъыхь щIалэм къигъэсэбэпырт мыпхуэдэ жыIэкIэхэр: «Фэ фымыщIэ сэ фхэслъхьэну аракъым, ар фэ фигу къызэрыкIрэ Iэджэ щIагъэнщ...» Апхуэдэу нэхъыжь къахыхьамэ, гупыр мэтэдж. Къыхэгъэщыпхъэщ: зыхуэтэджыр нэхъыжьым и закъуэтэкъым - къотэджри нэмыс хуащI хьэщIэми бзылъхугъэми, ахэр гъунэгъуми хамэми, я унэ исми губгъуэм итми - зэхуэдэщ. 
Адыгэ унагъуэ ирапIыкIа псоми дощIэ: Iэнэ дыщыпэрытIысхьэкIэ, нэхъыжьым езым и тIысыпIэ иIэщ. Ар зыхуэзэр жьантIэрщ. Къуэхэм, балигъ, бынунагъуэ хъужами, тутын ефэу я адэм е нэхъыжь гуэрым зэи ирагъэлъагъуртэкъым, чэфу ябгъэдыхьэныр къызогъанэри. Унагъуэм, лъэпкъым я унафэр нэхъыжьхэм яIэщIэлъщ. Нэхъыжьым и пщIэр, и щIыхьыр пасэ зэманым апхуэдизкIэ лъагэти, лъэпкъым, унагъуэм фIы къехъулIэми Iей къыщыщIами, зыхуахьыр нэхъыжьхэрт, абыхэм яхуэщIа, яхуэмыщIа унафэрт. Ноби нэхъыжьым и арэзыныгъэ хэлъын хуейщ сыт хуэдэ Iуэхуми. Ауэ абы къикIыркъым унагъуэм чэнджэщ имылъу, абы зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ щыщымыIэу. 
 ИгъащIэми адыгэхэм къыддокIуэкI уэрам тетIысхьэпIэм утесу нэхъыжь блэкIмэ, укъэтэджын зэрыхуейр, блэкIыр цIыхухъуми бзылъхугъэми емылъытауэ. Зыри жыдмыIэми, дыкъызэрытэджам къокI абы и ныбжьым пщIэ зэрыхуэтщIыр, фIэхъуси зэрепхыр. Нэхъыжьхэм къызэрыджаIэмкIэ, блэкIыр сабий дыдэу щымытмэ, ар блэкIыу уэ ущысыныр нэмысыншагъэщ, уэри цIыхуу зыплъытэжмэ, ухуэтэджын хуейщ. Абы теухуа хъыбар щыIэщ. ЛIыжь гуп уэрамым щызэхэсу зы хъыджэбз цIыкIу блэкIырти, Къэзанокъуэ Жэбагъы абы къыхуэтэджат. Ар сабийм щIыхуэтэджамкIэ щеупщIым: «Сэ сызыхуэтэджар абы и ныбжьракъым, атIэ ар анэ зэрыхъунурщ, абы лъэпкъым зэрыпищэнурщ, бзылъхугъэм и пщIэрщ!» - яжриIэгъат къеупщIахэм лIы Iущым.
 Адыгэ хабзэ бгъэзэщIэным зыгуэрым урихулIэркъым, атIэ ар зумыхьэныр уи напэм къыпхуемыгъэзэгъыу аращ. Ди хабзэм и лъабжьэр шынагъэкъым, атIэ гуапагъэщ, пэжыгъэщ. Абы нэгъуэщI зыгуэр щIыхэплъэгъуэн щыIэкъым. Апхуэдэхэм деж жаIэ: «Хабзэр убзэкъым, къалэныр Iулъхьэкъым», «Хабзэр убзэу зыфIэщIым хуэпщIэнум и ныкъуэр къегъанэ». 
 Сыт хуэдэ лъэпкъми езым и хабзэхэр иIэжщ. Ахэр йокIу зей лъэпкъым и дуней тетыкIэм, зэхэтыкIэм, къикIуа гъащIэ гъуэгум. Хабзэхъумэ IэнатIэ гуэри конституцэ хуэдэ дэфтэр тха гуэри ямыIэу адыгэхэр зэхэтыкIэ дахэу илъэс мин бжыгъэкIэ псэуфащ. Абыхэм я гъащIэм щынэхъыщхьэр адыгэ хабзэрт, лъэпкъ нэмысырт. Дэтхэнэми и щхьэм пщIэ хуищIыжырт, езым къыдалъхуа, и лъэпкъым къыхэкIа гуэрым и цIэр IейкIэ Iуным щыщтэрт. ЗыгуэркIэ апхуэдэ къэхъумэ, абы тралъхьэну къуэдыри хьэзырт, и щхьэ къиIэту цIыхум Iуплъэжыфыртэкъым. А гупсысэм адыгэр сыт щыгъуи щихъумэрт мыхъумыщIагъэ лэжьыным. Ноби апхуэдэущ дызэрыпсэун хуейр: ди лъэпкъ напэр тхъумэу, ди анэдэлъхубзэр тIурылъу, нэхъыжьхэм щIэину къытхуагъэна адыгэ хабзэр дгъэзащIэу. 
 

 

ЩОДЖЭН Лианэ.
Поделиться: