Дзэм хэтхэм щэху яIуатэркъым

«Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэхыхьэм мы махуэхэм щекIуэкIащ дзэ корреспондентым и лэжьыгъэм теухуа зэIущIэ. 
Зауэм теухуа фильм зэрытепхынум, дзэ Iуэхум и хъыбар сабийхэм зэрабгъэдэплъхьэнум хуэгъэпсауэ щытащ «Звезда» телеканалым и продюсер Габель Екатеринэ, продюсер, сценарист, дзэ корреспондент Эрвье Глеб, дзэ обозреватель, «Неофициальный Безсонов Z» телеграм-каналыр зыгъэлажьэ Безсонов Даниил сымэ щIалэгъуалэм драгъэкIуэкIа зэIущIэр.
ЯпэщIыкIэ абыхэм я гугъу ящIащ лэжьыгъэм щызэIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм зэрыхуэкIуам, дзэ Iуэху хэха щекIуэкI щIыпIэм ахэр зэрыкIуам, щIэкIуам. ИтIанэ псалъэмакъыр хуэкIуащ зауэ лъэхъэнэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр къызэрагъэсэбэпым. 
Абы и зы щапхъэу яжриIэжащ Киев е Бровары дэс бийм зэпеуэ къыхилъхьам хуэдэу, школакIуэхэмрэ студентхэмрэ захуигъэзащ ахэр щыпсэу щIыналъэхэм щыIэ IуэхущIапIэхэм сурэт трахыурэ хуагъэхьын хуейуэ зэрагъэувар. ЗыкIи гурыщхъуэ зымыщI ныбжьыщIэхэм я нэхъыбэм къыжраIэр ящIэрт. Дауи, сабийхэм а псор къагурыIуэртэкъыми, къэралым епцIыжын, тIасхъэ щIын Iуэхум апхуэдэурэ хашэрт. А джэгукIэр къэзыгупсысахэм нэхъ жыджэрхэр къыхахри, абыхэм машинэхэм, военкоматхэм мафIэ щIадзэну ягъакIуэ. НыбжьыщIэр икIуэтыжыну яужь ихьэмэ, абы ищIа-илэжьахэр Урысей Федерацэм и спецслужбэм лъагъэIэсыну жаIэурэ ягъэшынэрт, е абыхэм жаIэр пщIэуэ абы папщIэ ахъшэ къуату уекIуэкIын хуейт. Апхуэдэурэ щIалэгъуалэр зыхашэрт.
Габель Екатеринэ щIалэгъуалэм яхуиIуэтащ сабийхэм зауэм и хъыбар зэражепIэ хъуну Iэмалхэр, зауэм теухуа фильмхэр зэрытепхынур. 
- Сыт хуэдэ фильмми гъэщIэгъуэну хэлъыр лIыхъужь нэхъыщхьэм и дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм зэрыпэщIэувэрщ, къыхуигъуэт хэкIыпIэрщ. Сюжетым щыплъагъуу ущIэгузавэ Iуэхугъуэхэм езыр зэи уримыхьэлIэнкIэ хъунщ, ауэ абыхэм гъащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ ухуагъасэ. Нэхъыщхьэращи, дэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Хэкум къыщхьэщыжыныр дэтхэнэми ди къалэну зэрыщытыр. 
ЩIалэгъуалэм упщIэ я куэдт. Абыхэм яхэтт дзэ корреспондентым и лэжьыгъэм теухуахэри.
- Дзэ корреспондентхэм я нэгу щIэкIам и процент 80-р зэи ягъэлъэгъуэнукъым икIи хэIущIыIу ящIынукъым, ар зауэ IэнатIэм Iутхэм зэран яхуэхъункIэ хъунущи. Абы щытраха сурэтыр е нэтыныр сыт хуэдизу гъэщIэгъуэну щымытами, ар цIыхум и зэран къыхэкIынумэ,  дунейм къытебгъэхьэ хъунукъым, - жиIащ Эрвье Глеб къыщыпсалъэм.
Безсонов Даниил хэкупсэ нэсу къэлъытапхъэр къызэрыгурыIуэм тепсэлъыхьащ.
КъаIэта псалъэмакъхэм зи гупсысэ къригъэбла щIалэгъуалэр тепсэлъыхьащ ягу къеуэ Iуэхугъуэхэм, зыгъэпIейтей упщIэхэмкIэ хьэщIэхэм зыхуагъэзащ. 
 

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: