Гримм зэшхэр

Гримм зэкъуэшхэр нэмыцэ тхакIуэхэщ, щIэныгъэлIхэщ. Якоб 1785 гъэм, Вильгельм - 1786 - м Ханау къалэм къулыкъущIэ унагъуэм къыщалъхуащ. Езы тIур бынибгъум я нэхъыжьхэт. КъыдэкIуэтея нэужь Кассель щыIэ лицейм, ар къаухри Марбург университетым юристу щеджахэщ. Гриммхэр литературэм дригъэхьэхащ университетым абы щыхуезыгъэджам. Шиллерырэ Гётерэ я тхыгъэхэр, усэхэр, нэмыцэ тхыгъэхэр, дэфтэрхэр, IуэрыIуатэр куэду щIаджыкIырт.

1812 гъэм зэшхэм къыдагъэкIауэ щытащ «Сабий, унагъуэ таурыхъхэр» тхылъыр. Абыхэм зэхуахьэсыжа икIи художественнэу ягъэпсыжа таурыхъищэ ихуауэ щытащ тхылъым. Илъэсищ дэкIри, етIуанэ тхылъри къыкIэлъыкIуащ. ЕтIуанэм и къыдэкIыгъуэм Гриммхэр Германием и цIыкIуи и ини яцIыхурт.  

Гриммхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа таурыхъхэм тращIыкIащ мультфильм куэд, ягъэуващ спектальхэр. Хэт зымыцIыхур Золушкэ, Рапунцель е ТхьэIухуд жейр! Пщащэ цIыкIухэм абыхэм зрагъэщхь, я хьэлхэр ящIэ, я псалъэхэр жаIэрейщ. Ахэр Гриммхэ Якобрэ Вильгельмрэ я псысэ лIыхъужьхэщ. «Бремен-джэгуакIуэхэр», «Король-ВынджьакIэ», «Гном-щхьэгъум», «Зэшищ», «Королыкъуэ-Хьэндыркъуакъуэ», нэгъуэщI куэди лъэпкъ Iэджэм я бзэкIэ зэрадзэкIащ. Куэд кърагъэуващ ди адыгэбзэми.

Гримм зэшхэм я Iэдакъэм къыщIэкIащ таурыхъ телъыджэ куэд. Ауэ абы и закъуэкъым ялэжьар. Нэмыцэбзэм и лексикэмрэ и грамматикэмрэ теухуауа куэд яхузэфIэкIащ. Гриммхэм зэхагъэуващ нэмыцэбзэм и псалъалъэ.

Нало Заур зэридзэкIауэ «ТхьэкIумэкIыхьымрэ цыжьбанэмрэ» псысэм фыкъеджэмэ, ди гуапэщ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

ТхьэкIумэкIыхьымрэ цыжьбанэмрэ

Мы псысэр фэ фи фIэщ хъуну къыщIэкIынкъым. Ауэ сэ си дадэм мыр щиIуэтэжкIэ, мыпхуэдэу жиIэ хабзэт:

- Псысэр пцIы защIэкъым. Абы пэжи хэтщ. Арыншамэ, сыт щхьэкIэ яIуэтэнт ахэр цIыхум7

Мы псысэм къызэрыщIидзэр мыпхуэдэут…

Еуэри, зэгуэрым дыгъэпс махуэ бзыгъэу, цыжьбанэр и унэ бжэIупэм Iутт жеIэ, и IитIыр и ныбащхьэм щызэпрыдзарэ дзапэ уэрэди жиIэу.

Дзапэ уэрэдыр жиIэу здэщытым, занщIэу игу къокI6 «СыкIуэнщи губгъуэм, балыджэм сеплъынщ. Си гуащэм, цыжьанэ анэжьым, сабийхэр игъэпскIыху - ихуапэхукIэ, губгъуэми сынэсынщи, унэми сыкъэсыжынщ». Цыжьбанэр йожьэри, здэкIуэм тхьэкIумэкIыхым хуозэ6 ари губгъуэм кIуэрт и къабыстэ хьэсэм еплъыну.

Цыжьбанэм къелъагъу тхьэкIумэкIыхьыр, щхьэщэ хуещIри, щыгуфIыкIыу жреIэ:

- Уузыншэм, зиусхьэн тхьэкIумэкIыхь! Дауэ фыпсэурэ?

ТхьэкIумэкIыхьым Iейуэ зигъэкът, пагэт. Нэмыс хэлъу цыжьбанэм сэлам кърихыжыным ипIэкIэ, и щхьэр ищIри, Iэдэбыншэу къепсэлъащ:

- СлIо, цыжьбанэ, нэхумыщым губгъуэр къыщIэбущыхьыр?

- Си нэгу зезгъэужьыну сыкъыдэкIащ, - жи цыжьбанэм.

- Уи нэгу зебгъэужьынуи? - и пащIэкIэм къыщIогуфIыкI тхьэкIумэкIыхьыр. - уэлэхьи а уи лъакъуэжь цIыкIухэм жыжьэ уахьыну фэ езмыплъ.

А псалъэхэр цыжьбанэм и гум зэпхидзащ. ФIэфIтэкъым абы и лъакъуэ къуаншэжь цIыкIухэр кърахъуэну.

- Уа, уимыгугъэжу пIэрэ уэ а уи тхьэкIумэкIыхь лъакъуэхэр нэхъыфIу, нэхъ псынщIэу зежэу? - йоупщI ар тхьэкIумэкIыхьым.

Абы шэч хэлъкъым, - жи тхьэкIумэкIыхьым.

- НтIэ укъыздэжэн? - аргуэру йоупщI цыжьбнэр.

- Уэ сыкъыбдэжэуи? - жи тхьэкIумэкIыхьым ауан къищIу. - си дыхьэшхын къомыгъакIуэт иджы! А уи лъакъуэ къуаншэжь цIыкIухэмкIэ сэ укъыстежуи?

- Плъагъункъэ, - жи цыжьбанэм. - Плъагъункъэ, сыкъыптежауэ.

- НакIуэт тIэ дыщIэгъапхъуэт! - жи тхьэкIумэкIыхьым.

- Зэ умыпIащIэт, - жи цыжьбанэм. - Япэ щIыкIэ сыкIуэжынщи, пщэдджыжьышхэ сщIынщ, сыхьэт ныкъуэ нэхъ дэмыкIыу сыкъэсыжынщи, итIанэ къыздэжэ. Хъункъэ?

Игъэзэжауэ мэкIуэж цыжьбанэр. Гупсысэурэ мэкIуэж:

- «ТхьэкIумэкIыхьыр, дауи, сэ нэхърэ нэхъ жэрщ. Ауэ ар делэщ, сэ сыгубзыгъэщ. Сэ абы бзаджагъэкIэ сытекIуэнщ», - жи.

Цыжьбанэр къосыжри и фызым жреIэ:

- Зыхуапэ, псынщIэу си гъусэу губгъуэм унэмыкIуэу хъунукъым.

- Сыт къэхъуар? - жи цыжьбанэ анэжьым.

- ТхьэкIумэкIыхьым сэрэ баз дызэпихьащ, дыкъызэдэжэу къытежым деплъыну. Сэ тхьэкIумэкIыхьым сыкъытемыжу хъунукъым, ауэ абыкIэ укъыздэIэпыкъун хуейщ.

- ЖыпIэр сыт, на, делэ ухъужу? - къэуIэбжьащ цыжьбанэ анэжьыр. Дауэ уэ тхьэкIумэкIыхьым укъызэрыдэжэнур7 Тхьэ, занщIэу къыптемыжым!

- Абы уи Iуэху хэлъкъым, - жи цыжьбанэм. - Зыхуапи накIуэ. Сэ сщIэр сощIэж.

Фызым зихуапэри цыжьбанэм щIыгъуу кIуащ губгъуэм.

ЗдэкIуэм, цыжьбанэм жреIэ и фызым:

- ТхьэкIумэкIыхьым дэрэ мис мы губгъуэ кIыхьым дыщыздэжэнущ. Ар зы вагъымбэкъум дэту, сэ нэгъуэщI вагъымбэкъум сыдэту. Уэ, фыз, губгъуэкIэм деж къэув, си вагъымбэкъум удэту. ТхьэкIумэкIыхьыр къызэрыплъагъуу негуо: «сэ сыкъэсакIэщ уи япэ!» - жыIи. КъыбгурIуа?

- къызгурIуащ, - жи фызым.

Еуэри, апхуэдэу ящIащ. Цыжьбанэм и гуащэр ишэри, вагъымбэкъум деж къигъэуващ, езым къигъэзэжри, тхьэкIумэкIыхьыр къыщигъэнам деж къекIуэлIэжащ.

- НтIэ, дыздилърэ? - жи тхьэкIумэкIыхьым.

- НакIуэ, ныщIэпхъуэ, - жи цыжьбанэм.

Щхьэж и вагъымбэкъум кIуэри дэуващ.

- Зы, тIу. щы! - жеIэри мэгуо тхьэкIумэкIыхьыр.

ТIури я лъэ къызэрихькIэ йолъ.

Цыжьбанэм лъэбакъуэ зыщыплI ижри, хуомурэ къэкIуэжри и пIэ итIысхьэжащ. Щысщ зегъэпсэхури. ТхьэкIумэкIыхьыр мажэри мажэ. ВагъымбэкъукIэм ныщыблагъэм, цыжьбанэ анэжьыр къогуо:

- Сэ сыкъэсакIэщ уи япэ! - жи.

Цыжьбанэмрэ цыжьбанэ анэжьымрэ зэщхьыркъабзэт пхузэхэмыгъэкIыу. ТхьэкIумэкIыхьым егъэщIагъуэ цыжьбанэр къызэрыпежьар.

- Иджы дыкъыздикIамкIэ дыгъэгъази, аргуэру дызэдэгъажэ, - жи абы, цыжьбанэ анэжьым жриIэу. - Зы, тIу, щы!

Егъэзэж тхьэкIумэкIыхьми, нэхъ псынщIэжу мэцIыв, цыжьбанэ анэжьыр и пIэ къинэжауэ исщ.

ТхьэкIумэкIыхьыр вагъымбэкъупэм нэблэгъэжауэ цыжьбанэ гуэрыр къогуо6

- Сэ уи япэ сыкъэсыжащ! - жери.

Нэхъ Iеижу егъэщIагъуэ ар тхьэкIумэкIыхьым.

- Иджыри зэ дыздигъэлъыж, - къолъэIу ар цыжьбанэм.

- Ерэхъу, - жи цыжьбанэми. - Ухуеймэ, иджыри дыздэжэнщ.

Аргуэру къызэдожэ.

Мис апхуэдэурэ губгъуэм и кIыхьагъкIэ ирижэ кърижэжурэ тхьэкIумэкIыхьыр блыщIрэ щэрэ жащ. Зэпымыууи цыжьбанэр къытежт.

ТхьэкIумэкIыхьыр вагъэмбэкъум и пэм къызэрыблагъэжу, цыжьбанэр абы егуот: «Сэ уи япэ сыкъэсакIэщ!» - жиIэурэ.

ТхьэкIумэкIыхьым игъэзэжырти, вагъэмбэкъукIэм къыщыблагъэкIэ, цыжьбанэ анэжь гуэрыр къегуорт: «Сэ уи япэ сыкъэсакIэщ!» - жиIэурэ. БлыщIрэ еплIанэ жэгъуэм тхьэкIумэкIыхьыр губгъуэм и зэхуэдитIым нэмысу къэукIуриящ.

ЗэзыдзэкIар НАЛО Заурщ.
Поделиться:

Читать также: