ЕгъэджакIуэм и пщIэ лъагэр

Дызэрыщыгъуазэщи, 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу ди къэралым щагъэуващ. ЕгъэджакIуэм и пщIэр жылагъуэм къыщыIэтыным, абы и гъащIэр лъэныкъуэ куэдкIэ къэгъэлъэгъуэным хуэщIа Iуэхугъуэ купщIафIэ куэд щызэфIах ди республикэм. Абыхэм ящыщщ гъатхэпэм къыхалъхьауэ щыта сурэт зэпеуэ хьэлэмэтыр. Абы кърикIуахэр мы махуэхэм нэрылъагъу щащI Налшык.

КъБР-р илъэси 100 зэрырикъуам и щIыхькIэ яухуа, зыгъэпсэхупIэ паркым ит ГъэлъэгъуапIэ унэм къыщызэIуахащ зэпеуэм кърахьэлIа лэжьыгъэ нэхъыфIхэм я выставкэ хьэлэмэт. А Iуэхугъуэхэр ЕгъэджакIуэм и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщащ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ «ДыгъафIэ къалэ» сабий академиемрэ я нэIэм щIэту.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, апхуэдэ зэпеуэ егъэкIуэкIыныр нэхъ пасэIуэу къыхилъхьауэ щытащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм. «ЕгъэджакIуэр - школ нэужьым» фIэщыгъэр зиIэ сурэт зэхьэзэхуэт ар. Зэпеуэм къыхузэрагъэпэща къэпщытакIуэ гупыр хэплъащ школым щылажьэ IэщIагъэлIхэм дерс нэужь зэманыр зэрагъакIуэр къызэрыщ сурэт зэмылIэужьыгъуэхэм. Зэпеуэ гъэщIэгъуэныр, Iуэхугъуэ куэд къызэщIэзыубыдэр ди республикэм щрагъэкIуэкIащ  ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсыр щIыпIэм щыгъэлъэпIэным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэм хыхьэу.

СурэтхэмкIэ зэпеуэщIэр къызэгъэпэщынымрэ ар къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIынымрэ я нэIэ трагъэтащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэм,  Налшык къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым я IэщIагъэлIхэм.  Абыхэм зэраубзыхуам тету, зэпеуэм жыджэру хэтащ  егъэджэныгъэ IэнатIэм и IуэхущIапIэ псоми я лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр, я ныбжьымрэ IэщIагъэмрэ емылъытауэ. УвыпIэ щхьэхуэ щаубыдащ езы егъэджакIуэхэм гъащIэ теплъэгъуэхэм траха сурэт хьэлэмэтхэми, нэгъуэщIхэм ягъэхьэзыра лэжьыгъэхэми.

Зэпеуэр унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ зэщхьэщыхауэ екIуэкIащ. Апхуэдэхэт, къапщтэмэ, «ЕгъэджакIуэм и сурэттехым къищ дунейр», «Сурэтым къищыр егъэджакIуэщ», «Ди унагъуэм егъэджакIуэ исщ» Iыхьэхэр. Зэпеуэм ягъэхьащ сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэри хужь-фIыцIафэу трахахэри. Ахэр псори щызэхуахьэсат министерствэм иубзыхуа электрон хэщIапIэхэу я сайтым къыщыгъэлъэгъуахэм. Гъэлъэгъуэныгъэм и мурад нэхъыщхьэр щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, гъэсэныгъэ екIу яхэлъхьэным зи гъащIэр тезыухуа дэтхэнэми и пщIэр жылагъуэм къыщыIэтынырщ.

Гъэмахуэм и кIуэцIкIэ зыхуахьэса сурэтхэм къэпщытакIуэ гупыр хэплъэри, иджы, ЕгъэджакIуэм и махуэм ирихьэлIэу ахэр гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэту къызэIуахащ. Абы ягъэхьа сурэт 900-м щIигъум я нэхъыфIхэр 93-рэ хъуащ. Ахэращ паркым щаухуа павильоныщIэм щагъэлъагъуэр. Ар лэжьэнущ дызэрыт тхьэмахуэр иухыху. Сурэтхэм еплъ дэтхэнэми Iэмал иIэщ игу ирихьа лэжьыгъэм гулъытэ хуищIыну, QR-код хэхар къигъэсэбэпу. ФIым я фIыжу къалъыта лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр зэпеуэм щытекIуауэ къалъытэнущ. Абы хуагъэфэщэнущ «Гъэлъэгъуэныгъэм щыгъуазэ зыхуэзыщIахэм къабгъэдэкI саугъэт» зыфIаща тыгъэр.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: