IэпэIэсэхэм я IэрыкIхэр

Гъэлъэгъуэныгъэхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу лъэпкъхэм къагъэщIэрэщIа IэпэIэсэ IэщIагъэхэр. Ар ирагъэхьэлIащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я лъэпкъ фащэм и махуэм. 

Выставкэм утыку къыщрахьащ Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу IэпэIэсэхэм я IэрыкI лIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэхэщ дыщэидэ, арджэн щIыныр, пхъэм сурэтхэр къыхэIущIыкIыныр, упщIэм, ятIагъуэм, фэм, цым, хьэпIацIэщыгъэм елэжьыныр, нэгъуэщIхэри. А хьэпшып хьэлэмэтхэм лъэпкъ IуэрыIуатэм ижь къазэрыщIихуам къадэкIуэу, пасэрей хабзэр ди нобэм къызэрахьэсыфам и нэщэнэу тхыдэ лъэмыжым урагъэплъэж. 
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа лэжьыгъэхэр я Iэдакъэ къыщIэкIащ Черкесск къалэм Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ и колледж Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэм декоративно-прикладной гъуазджэмрэ цIыхубэ IэпщIэлъэпщIагъэхэмкIэ и къудамэм и студентхэм. Я ныбжьми емылъытауэ, а щIалэгъуалэм я IэрыкIхэр щагъэлъэгъуэну хунэсащ Кремлым, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым, Франджым, Австрием, Кавказ джэгухэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм. 
Выставкэм хэтхэмрэ абы я хьэщIэхэмрэ фIэхъус ярихащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Накуэ Феликс. Абы къыхигъэщащ ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъхэм къадекIуэкI IэпэIэсэ IэщIагъэхэм нобэ цIыхубэм я гупэ зэрыхуагъэзэжыр гуапэ зэрыщыхъур. 
- Къэрэшей-Шэрджэсым и студент IэпэIэсэхэм я лэжьыгъэхэр нэхугъэрэ гуапагъэкIэ зэрыгъэнщIар нэрылъагъущ, - жиIащ ГъуазджэхэмкIэ сабий школ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм и унафэщI Къуныжь Айшэт. - Нэхъыщхьэращи, колледжым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ дызэрыцIыхуащ. ДяпэкIи дызэрыщIэну, ныбжьэгъу дызэрыгъэхъуу дызэкIэлъыкIуэну, дызэдэлэжьэну, ди Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ дызэхъуэжэну дыщогугъ!
ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ республикэ центрым и унафэщI Урыс Аслъэн къилъытащ выставкэм хэтхэм я лэжьыгъэхэм я фIагъыр, я Iэзагъыр икIи къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ зэхъуэжэным теухуа зэхыхьэ щхьэпэм папщIэ. 
Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ колледжым декоративно-прикладной гъуазджэхэмрэ цIыхубэ IэпщIэлъэпщIагъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Лэпыгъу Эммэ налшыкдэсхэм фIыщIэ яхуищIащ гуапэу къазэрыIущIам папщIэ! Абы ягу къигъэкIыжащ илъэс щэщI и пэкIэ я колледжыр къыщызэIуахам, Мэстафэ Вячеславрэ ГъукIэ Замудинрэ я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм зыхигъэгъуэзэну я деж къызэрыкIуауэ щытар, Накуэ Феликс и диссертацэ лэжьыгъэр егъэджэныгъэм хыхьэу ноби къызэрагъэсэбэпыр. Лэпыгъум жиIащ я республикэм ис къэрэшейхэм, адыгэхэм, абазэхэм, къэзакъхэм, нэгъуейхэм я лъэпкъ щэнхабзэм гулъытэ ин хуащIу зэраджымрэ я лэжьыгъэхэм увыпIэ зэрыщыхуащIымрэ.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: