Псалъэ нэхъ дахэхэр къызыхуалъыхъуэхэр

Дэтхэнэми къыдгурыIуэу къы­щIэ­кIынщ егъэджакIуэ IэщIагъэм и мы­хьэнэр зэрыиныр. ЕгъэджакIуэм сабийм щIэныгъэ ирит къудейкъым, атIэ абы къалэнышхуэ и пщэрылъщ - ар щIэгъэкъуэн хуохъу щIэблэр ба­лигъ гъащIэм хэшэным, цIыхубэ лъапIэныгъэхэр фIыуэ иригъэлъагъу­ным, хэкупсэу къэгъэхъуным. Аращ егъэджакIуэм и махуэр дуней псом щагъэлъапIэу щIыщытым и щхьэу­сыгъуэ нэхъыщхьэри. 

УФ-м и Президентым и унафэкIэ, ди къэралым 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу ягъэуващ. Илъэ­сым и кIуэцIкIэ Iуэхугъуэ дахэ куэд ирагъэкIуэкIащ, егъэджакIуэхэм я зэфIэ­кIыр къыщапщытэжащ зэхьэзэхуэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм. Мы илъэсым Iэмал диIащ цIыхум дежкIэ егъэджакIуэм и ­гуащIэм мыхьэнэуэ иIэр зыхэтщIэным. 
ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Музыкэ театрым пшыхь ин щекIуэкIащ. Абы щагъэ­лъэ­пIащ республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм зи гуащIэ хэзылъхьэхэр. Пшы­хьыр къызэIуахащ Урысей Федерацэм­рэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я къэрал гимнхэмкIэ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, республикэм и Iэтащхьэм  и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ ­къуэдзэ Говоров Сергей, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и ­депутат Родинэ Викторие, КъБР-м егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, республикэм и ­Парламентым и депутатхэр, Правитель­ствэм щыщхэр, егъэджэныгъэ Iэ­натIэм и ­ветеранхэр. ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэм щIыгъуу, хьэщIэхэр къызэхуэ­сахэм ехъуэхъуащ ГъэсакIуэм, курыт щIэныгъэ езытхэм я махуэш­хуэ­хэмкIи.
- ЕгъэджакIуэм и махуэр зэрыдгъэ­лъапIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. АбыкIэ жытIэну дызыхуейр дэтхэнэ зыми фIыщIэ зэрыфхуэтщIырщ. Фи гуащIэр республикэм хуэщхьэпэ зэпытщи, ехъу­лIэныгъэфIхэр Тхьэм къыфхудигъа­кIуэ. Си фIэщ мэхъу фи зэфIэкIымрэ лэ­жьыгъэм гу къабзэкIэ фызэрыбгъэ­ды­хьэмрэ лъагапIэфIхэм фызэрыхуашэнур, - жиIащ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.
Къуэдзокъуэм Iуэхугъуэ гуапэ и пщэ­рылът. Абы КъБР-м и Iэтащхьэм игъэува саугъэтымрэ (сом мини 100) дип­ломкIэ игъэпажащ «Урысейм илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI щыхъуа», «Урысейм и гъэсакIуэ нэхъыфI», «Илъэ­сым и IэщIагъэлI нэхъыфI» урысейпсо зэхьэ­зэхуэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм щыте­кIуахэр.
- ЕгъэджакIуэм и махуэр гъэ къэс щыдгъэлъапIэкIэ, псалъэ нэхъ дахэхэр къыдолъыхъуэ, дынывэхъуэхъун пап­щIэ, - пищащ Егоровэ Татьянэ. - Абы и щхьэусыгъуэр зыщ: дэ къыдгуроIуэ фи IэщIагъэм мыхьэнэуэ иIэмрэ цIыхум ­зиужьын щхьэкIэ ар лъабжьэшхуэ зэ­рыхъумрэ. Си лэжьэгъухэ! ИкъукIэ срогушхуэ апхуэдэу зыфхуэзгъэзэну Iэмал сызэриIэм щхьэкIэ. Егъэджэныгъэм сэри си гъащIэм увыпIэ хэха щиIэщи, фIы дыдэу къызгуроIуэ школым ущы­лэжьэныр зищIысыр. IэщIагъэ гугъущ жыпIэныр мащIэщ - абы уи зэман тебгъэкIуадэ къудейкъым, ар зыщыбгъэпсэхуи, жэщи махуи зэпымыууэ ­узэгупсысщ. Утогузэвыхь уи еджакIуэм зыгуэр къемыхъулIэмэ. Апхуэдэ дыдэуи къару къигъэхъуапIэ мэхъуж уи гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэр щып­лъагъукIэ. ЕхъулIэныгъэ къэс и щIыбагъ къыдэтщ жей ямыIэу щыс егъэджа­кIуэ­хэм я гуащIэр. ЕгъэджакIуэм дежкIэ гупыкIыгъуейщ, я нэпси къемыкIуэн яхузэфIэкIыркъым я нэIэм щIэта са­бийхэр школым щыщIагъэкIкIэ. Нэ­гъуэщI зы гугъуагъи хэлъщ мы IэщIагъэм - ар егъэджакIуэм и лэжьыгъэм жэуаплыныгъэ зэрыпылъырщ. Дауэ ­хъуми, псом япэу ар еджакIуэм и ­гъуазэщи, щапхъэ хуэхъуфын хуейщ. Арауэ къызолъытэ егъэджакIуэ IэщIагъэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэ дыдэр. Сабийм иригъэдж дерсым езым фIыуэ зэрыхищIыкIым къыдэкIуэу, нобэ егъэджакIуэр хуэIэрыхуэн хуейщ иджырей техникэ Iэмалхэми. Ди зэманым еджа­кIуэм щIэныгъэ зэретыпхъэм къыдэ­кIуэу, ар бгъэсэфын хуейщ езыр гупсы­сэу, и Iуэху еплъыкIэ къигъэлъагъуэу, жэуаплыныгъэ хэлъу. Абы къыхэкIыу ди къалэнхэм ящыщщ нобэрей щIэблэр хэкупсэу, тхыдэр ялъытэу, ди лъэпкъ щэнхабзэмрэ щIэинхэмрэ пщIэ хуащIу къэгъэхъуныр. ЗэрыфщIэщи, ар Iуэху цIыкIукъым икIи тыншу зэфIэкIыркъым. Абы махуэ къэмынэу уи гуащIи зэмани текIуэдэнущ. Ауэ си фIэщ мэхъу адэ-анэхэри къытщIыгъуу, а пщэры­лъым дызэрыпэлъэщынур. Иджыпсту къэралми ди республикэми куэд щы­зэфIагъэкI егъэджакIуэм и мыхьэ­нэр къэIэтыным, ныбжьыщIэхэр тыншу, зы­хуей хуэзауэ еджэным теухуауэ. Си гугъэмкIэ, егъэджакIуэр зэрагъэгушхуэ Iэмалхэр дяпэкIи нэхъыбэж хъууэ екIуэкIынущ.
Егоровэр ехъуэхъуащ егъэджэныгъэ IэнатIэм и ветеранхэми. Абы нэхъыжь­хэм фIыщIэ яхуищIащ сабийхэм гуапэу, я лъагъуныгъэр зыхрагъащIэу, жэуап­лыныгъэ яхэлъу зэрахэтам папщIэ.
КъБР-м и Парламентым и Унафэ­щIым пщэрылъ къызэрыщащIам тету, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэр яритыжащ «2023 гъэм Урысейм и ­егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэм. 
Говоров Сергей махуэшхуэр зыгъэ­лъапIэхэм щехъуэхъум жиIащ: «Ар ­егъэджакIуэщ!» къыпхужаIэным пщIэ­ш­хуэ пылъщ. Абы къыхэкIыу сыныво­хъуэхъу узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэ куэдрэ фиIэну».
- ЕгъэджакIуэ IэщIагъэр нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ икIи абы упэлъэщын щхьэкIэ ар къыбдалъхун хуейуэ къы­золъытэ, - жиIащ Езауэ Анзор. - Еджа­кIуэхэр вгъасэ къудейуэ аракъым, атIэ къэралым и къэкIуэнур зэфIэзыгъэу­-вэр фэращ. Фи Iуэху бгъэдыхьэкIэм елъытауэ щытынущ ди къэкIуэнур зыхуэдэ хъунур. Сэ зэпымыууэ си егъэджакIуэхэм фIыщIэ яхузощI, нобэ сызыхунэсар зи фIыгъэр ахэращи. Дэтхэнэми сынывохъуэхъу еджакIуэ Iущ цIыкIухэр фиIэу, адэ-анэхэр къыф­хуэ­арэзыуэ илъэс куэдкIэ фылэжьэну. 
ЕгъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ Родинэ Викториерэ Егъэджэныгъэмрэ щIэ­ныгъэмрэ я лэжьакIуэхэм я профсою­зым и Къэбэрдей-Балъкъэр респуб­ли­-кэ комитетым и унафэщI Карныш Сергейрэ.
- ПщIэ зыхуэтщI ди егъэджакIуэхэ! Къэрал псор дропагэ фи зэфIэкIым. Урысейм и егъэджэныгъэ IэнатIэр нэхъыфI дыдэхэм зэращыщыр зи фIыгъэр фэращ. ФIыщIэ фхудощI ди сабийхэм щIэныгъэ зэрефтым папщIэ, - къыхигъэщащ Родинэ Викторие.
ЕгъэджакIуэхэм я пшыхьым зыкъыщагъэлъэгъуащ республикэм и артист, къэфакIуэ нэхъ пажэ дыдэхэм: «Ка­бардинка», «Балкария», «Тэрч къэзакъ­хэр», «Кавказ пшэплъхэр», «Арабеск» ан­самблхэм хэтхэм, Кавказ Ищхъэрэм и республикитхум я цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим, КъБР-м и цIыхубэ артист, КъШР-мрэ Ингуш Республикэмрэ щIыхь зиIэ я артист Текуев Амур, ­КъБР-мрэ АР-мрэ щIыхь зиIэ я артист Гуазэ Тимур, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Къул Ланэ, ТхьэкIумащIэ Аслъэн, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дым Елдаррэ «Новые имена России» дунейпсо зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэр къэзыхьа Къардэн Алимрэ, нэгъуэщIхэми.
 

Сурэтхэр  Елъкъэн Артур  трихащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: