Нобэ мэзгъэфIэнхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ

Иджырей дунейм хэпсэукI цIыхухэм, езыхэр зыхуей-зыхуэфIу къалъытэхэр зрагъэхъулIэн хьисэпкIэ, зэрамыгъэзэкIуэжыфын хуэдиз ныкъусаныгъи зэраныгъэу ирахыу, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр къыщагъэсэбэпыр нэхъыбэщ, ди жагъуэ зэрыхъунщи.

Ауэ щыхъукIи, дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ) зэрыщыIэр IэмалыфIщ щIыуэпсыр зэрыщытауэ къызэтегъэнэнымкIэ.

Урысейм япэ дыдэу мэзкъуэды къыщызэрагъэпэщауэ щытар 1916 гъэм дыгъэгъазэм и 26-рщ (щIэмкIэ - 1917 гъэм щIышылэм и 11-рщ). Япэ дунейпсо зауэм и гуащIэгъуэу, Байкал хыжьейм къегъэщIылIа Баргузин шытхым (Бурятие щIыналъэ) къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и джабэщIым къыщыунэхуащ хэхауэ яхъумэ щIыпIэ. Ар нобэр къыздэсми мэлажьэ, къыщIызэрагъэпэща и къалэныр игъэзащIэу

МэзгъэфIэнхэм я лэжьакIуэхэм я махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным хуэгъэза жэрдэмыр япэу къыщыхалъхьар 1999 гъэм Урысей Федерацэм и мэзкъуэдыхэм я унафэщIхэм я зэхуэсышхуэу Владивосток къалэ щекIуэкIарщ.

Илъэс зыбжанэ дэкIри, 2006 гъэм, абыкIэ унафэ къащтащ УФ-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм деж щыIэ Жылагъуэ экологие советым хэтхэм. А зэIущIэм щIэсахэм ар ирырагъэхьэлIат къэралым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэр) щызэгъэуIуа къэралпсо IуэхущIапIэ къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 щрикъу махуэм, жэпуэгъуэм и 14-м. Мы лъэхъэнэм а зэгухьэныгъэм и нэIэ щIэтщ УФ-м ит мэзгъэфIэнхэм ящыщу 103-р, федеральнэ мыхьэнэ зиIэ заказникыу 68-р, лъэпкъ паркыу 49-р.

Федеральнэ мыхьэнэ зиIэ мэзкъуэдыхэм щIыуэпсыр хъумэным хуэунэтIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI, экологие-егъэджэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщ, къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм и «плъыфэхэм» зэрызахъуэжым, нэгъуэщI-къинэмыщIхэми щакIэлъоплъ. Абыхэм Iэщ щыхъуакIуэркъым, мэши щащIэкъым.

Урысей Федерацэм къэрал мыхьэнэ зиIэу ит мэзкъуэдыхэм псори зэхэту километр зэбгъузэнатIэу 340-рэ къызэщIаубыдэ. Я инагъ-я бгъуагъкIэ зэхэлъхьэжауэ ар хуэдизщ Финляндием и щIыналъэм.

Къыхэгъэщыпхъэщ, УФ-м щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэу итым я Iыхьэ щанэр ЮНЕСКО-м и биосферэ хъумалъэу зэрыщытри, дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуалъэ нэхъ телъыджэ дыдэхэм зэрыхабжэри. Абыхэм ящыщ зыщ Кавказ биосферэ мэзкъуэдыри, Адыгэ Республикэмрэ Краснодар краймрэ бгыщхьэхэмкIэ щаIэ я щIыгум щыщ Iыхьэшхуэр къызэщIэзыубыдэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыи Iэщ щыхъуакIуэркъым, мэши щащIэркъым.

Гъэ къэс зэрекIуэкIыр аращи, мэзгъэфIэнхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэм федеральнэ мыхьэнэ зиIэ мэзкъуэдыхэм экологие дерсхэр къыщызэрагъэпэщ, щIыуэпсыр хъумэным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм къарикIуахэм щытопсэлъыхь, къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм и «плъыфэхэм» зэрызахъуэжым, нэгъуэщIхэми я гугъу щащI.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: