Хьэлыгъум (щIакхъуэм) и махуэ

Дэнэ лъэныкъуэкIи щагъэлъапIэ шхыным гулъытэ хэха щыхуащI махуэр щыIэн зэрыхуейм теухуауэ япэ дыдэу жэрдэм къыщыхалъхьауэ щытар ЩIакхъуэгъажьэхэмрэ IэфIыкIэ зыщIхэмрэ я къэрал зэхуаку зэгухьэныгъэм 2006 гъэм иригъэкIуэкIа зэхыхьэрщ.

Жэпуэгъуэм и I6-м ар щIытрагъэхуар, 1945 гъэм а махуэ дыдэм ООН-м деж ЕрыскъыхэкIхэмрэ мэкъумэш IэнатIэмкIэ гуп щхьэхуэ щызэхашауэ зэрыщытарщ. ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэр дызэрыт зэманми щаIэт къэралхэм я нэхъыбапIэм.

Археологхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ди планетэм щIакхъуэхэкIхэр япэ дыдэу ягъэжьэн зэрыщыщIадзэрэ илъэс мин I5-м щIигъу дэкIащ. АбыкIэ щыхьэтщ «лъэужь» зыбжанэу Курыт Азием къыщагъуэтыжар. Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIэ, а щIыпIэм щыпсэуахэм гуэдзыр зы мащIэ гуэркIэ ягъэщIытэрти, зэхэпща хъуа хукхъуэр мафIэкIэ зэщIагъэплъа мывэ пIащIэхэм тралъхьэрт...

ИщхьэкIи къызэрыщыхэдгъэщащи, мы шхыныгъуэр дэнэ щIыпIэкIи, унагъуэ щхьэхуэхэм я деж къыщыщIэдзауэ шхапIэ зыхузэфIэкIхэм я деж щыщIэкIыжу, зыпащI щымыIэм хуэдэу щагъэхьэзыр, щызэрахьэ, махуэм къриубыдэу зыбжанэрэ щызыIуагъахуэ, сытми дашх. АтIэми, ар Iэнэм къытехутэн ипэ, гъуэгуанэ кIыхь зэпызыч ерыскъыгъуэщ. Арагъэнущ, абы пщIэшхуэ щIыхуащIри.

ЩIакхъуэм (хьэлыгъум) и дунейпсо махуэм къэрал куэдым зи гугъу тщIы шхыныгъуэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къыщызэрагъэпэщ: шхын щIэщыгъуэм, IэфIым и гъэхьэзырыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыгъуазэ ущыхуащI зэхыхьэхэр ирагъэкIуэкI, щIакхъуэгъажьэхэм жармыкIэхэм кърахьэлIахэр щагъэлъагъуэ, щащэ…

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: