Урысейпсо Iуэхугъуэм жыджэру фыхэт

Дызэрыщыгъуазэщи, УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ мы гъэр ди къэралым щагъэуващ ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу. Жылагъуэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ социальнэ IэнатIэщ егъэджэныгъэр. Аращ къэрал унафэщIым къыхилъхьа Iуэхугъуэми гулъытэшхуэ дэнэкIи щIыщигъуэтар. Урысей Федерацэм хыхьэ зы щIыналъи къэнакъым егъэджакIуэм, гъэсакIуэм, унэтIакIуэм я пщIэр къэIэтыным, я лэжьыгъэфIхэр, Iуэху зехьэкIэ мардэфIхэр хэIущIыIу щIыным хуэгъэпса зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрамыгъэкIуэкIа. 
Куэд щIакъым «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI», «Анэдэлъхубзэр курыт школым нэхъыфIу щезыгъэдж» къэралпсо зэпеуэхэм кърикIуахэр къызэрапщытэжрэ, а IэнатIэхэм щыпэрытхэр къэралпсо утыкушхуэхэм зэрыщагъэлъапIэрэ. Абыхэм къакIэлъыкIуэу иджыблагъэ къыхалъхьа IуэхугъуэщIэхэм ящыщщ блыщхьэ кIуам къыщыщIэдзауэ тхьэмахуэкIэ екIуэкIыну траухуа щэнхабзэ-егъэджэныгъэ проектыр. «ШколакIуэхэм папщIэ щэнхабзэ» фIэщыгъэр зиIэ а урысейпсо акцэм и мурад нэхъыщхьэр щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм зегъэужьыным зи гъащIэр тыхь хуэзыщI IэщIагъэлIхэм я пщIэр адэкIи жылагъуэм къыщыIэтынырщ. 
 Къэралпсо Iуэхугъуэм жыджэру хэтыну къыхудоджэ ди республикэм и школакIуэ псори. Абы папщIэ школакIуэхэм я егъэджакIуэр я гъусэу видеоролик трахын хуейщ, псоми зэпадзыжу усэ гуэр къеджэу. Макъамэ еджапIэхэм я гъэсэнхэм я егъэджакIуэм я гъусэу уэрэдхэр ягъэзащIэ, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэ хъунущ. А ролик кIэщI цIыкIухэр «ВКонтакте» социальнэ сетым иралъхьэнущ, #учителькдш хештег дамыгъэр щIыгъуу. 
  КъинэмыщIауэ, щэнхабзэ-егъэджэныгъэ Iуэхугъуэм къриубыдэу Урысей Федерацэм и щэнхабзэ, гъуазджэ IэнатIэхэм я IэщIагъэлI цIэрыIуэхэми роликхэр трахынущ творчествэм дихьэхынымкIэ я егъэджакIуэхэм мыхьэнэуэ яIам теухуауэ. Ахэри ягъэхьынущ зи цIэ къитIуа Интернет напэкIуэцIым. 
 Зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм гупсэхуу щыгъуазэ зыхуащIынущ абы кърахьэлIа лэжьыгъэ псоми. Абыхэм къыхахынущ усэ къыщеджэ ролик нэхъыфIу 30, апхуэдэ дыдэуи къыхагъэбелджылыкIынущ макъамэ лэжьыгъэ 30. Ахэр зыгъэзэщIахэм урысейпсо проектым зэрыхэтам щыхьэт техъуэ сертификатхэр иратынущ, саугъэтхэмкIи ягъэпэжэнущ. КъинэмыщIауэ, а лэжьыгъэхэр хагъэхьэнущ «Культурадляшкольников.РФ» Интернет порталым щагъэлъэгъуэну видеоролик зэхэгъэувам. 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: