ГъэщIэгъуэнщ икIи мыхьэнэшхуэ зиIэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ВетеринариемкIэ и управленэм иджыблагъэ щыхьэщIащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ ­КъБКъМУ-м и ветеринар факультетым и 4 - 5-нэ курсхэм щIэс студентхэр. Абыхэм зыщагъэгъуэзащ управленэмрэ абы и къудамэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым ветеринар медицинэмкIэ и центр» къэрал-кIэзонэ IуэхущIапIэмрэ я лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэм, нэхъыбэу зытрагъащIэ Iуэхугъуэхэм. 

«Къэбэрдей-Балъкъэрым ветеринар медицинэмкIэ и цент­рым» и унафэщI Вэрокъуэ Гъумар студентхэм зэпкърыхауэ ­яхутепсэлъыхьащ къэрал ветеринар къулыкъум къыпэщылъ къалэн нэхъыщхьэхэм, абыхэм зэрехъулIэм, цIыхухэм я биологие, ерыскъыпхъэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIхэр, Iэщ дохутырхэм лэжьыгъэ IэнатIэ зэрыратым. Абы къыхигъэщащ ветеринар медицинэмкIэ центрым къулыкъу зэхуэмыдэхэр зэрыщыIэр, улахуэхэр и чэзум зэратыр, щыIэ хабзэм тету социальнэ и лъэныкъуэкIэ лэжьакIуэхэр хъума зэры­хъур. 
«Лэжьэн щыщIэбдзэкIэ къэрал IуэхущIапIэм уувмэ нэхъ тэмэмщ. Сыту жыпIэмэ, еджапIэ нэхъыщхьэм къыщIэпха щIэныгъэр уи IэнатIэм къыщыбгъэсэбэпыну, уи IэщIагъэм хэбгъэхъуэну нэхъ тыншщ. Абы иужькIэ, ветеринар IэщIагъэлI тэмэм къыпхэкIмэ, уи Iулыджым хэхъуэнущ, пщIэи уиIэ хъунущ. Лэжьыгъэ и пIалъэ фIыуэ умыщIэу нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм уувынуи ущылэжьэнуи тыншкъым», - къыхигъэщащ Вэрокъуэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ВетеринариемкIэ и управленэм и унафэщI Iэрэмысэ Аслъэн студентхэм драгъэкIуэкI псалъэмакъым къыпищэу и гугъу ищIащ псэущхьэхэм къабгъэдэкI уз зэрыцIалэ шынагъуэхэм цIыхухэр щыхъума хъуным, сымаджэ хъуахэр сэтей къэщIыным, апхуэдэ узыфэхэр зыпкърыт псэущхьэхэр ди щIыпIэм кърамыгъэшэн щхьэкIэ ирагъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэм.
Ветеринар IэщIагъэр къыхэзыха ныбжьыщIэхэр яфIэгъэщIэ­гъуэну едэIуащ телефоным пыщIауэ лажьэ «Псэущхьэхэр къызэралъыхъуэ» гуэдзэным иIэ Iэмалхэм. Псалъэм папщIэ, абы къыщыпхуэгъуэтынущ псэущхьэм е Iэщым теухуауэ узыхуеину хъыбархэр: абы и паспортыр, ветеринар картэр, мастэу халъхьахэр зыхуэдэр, ахэр щыхаIуа зэманыр, щIыпIэр, къеузахэр, абы и хэщIапIэр, нэгъуэщI-къинэмыщIхэр. Абыхэм къадэкIуэу къып­хуэпщытэнущ лым, шэм, нэгъуэщI мэкъумэш продукцэхэм я фIагъыр, ахэр щахъума, къыщыщIагъэкIа щIыпIэхэм ятеухуа хъыбархэр.
ЕджакIуэ ныбжьыщIэхэм я пашэ, мэкъумэш университетым и ветеринар факультетым и кафедрэм и унафэщI, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къуэжьокъуэ Мухьэмэд управленэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ студентхэм драгъэкIуэкIа псалъэмакъ щхьэпэм папщIэ, икIи жиIащ мыпхуэдэ зэIущIэхэм адэкIи къыпащэну зэрыщыгугъыр. 
Iэрэмысэ Аслъэн зэIущIэм и кIэухыу студентхэм яжриIащ къыхаха IэщIагъэм хущIемыгъуэжу щIэныгъэфI зрагъэгъуэтыну, республикэм, къэралым щыпсэухэм я сэбэп зыхэлъ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыфын папщIэ. 
 «Мыпхуэдэ зэIущIэхэр нэхъыбэрэ егъэкIуэкIын хуейщ. Нобэ ­кърихьэлIа ныбжьыщIэхэм ящыщу ветеринар IэщIагъэм ирилэжьэну мурад зыщIахэм дадэIэпыкъунущ, лэжьыгъэ IэнатIэхэмкIи къызэдгъэпэщынущ. Ветеринар медицинэр унэтIыныгъэ гъэщIэгъуэнщ икIи мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Дэ ди лэжьыгъэм епхащ къэралым и цIыхухэм я узыншагъэр. Абы къыхэкIыу псэущхьэхэм къапкърыкI шынагъуэхэм, уз зэрыцIалэхэм дапэщIэтын хуейщ дытемыплъэкъукIыу», - къыхигъэщащ Iэрэмысэ Аслъэн.

БЭТОКЪУЭ Албэч.
Поделиться: