Нарт Имысрэ нарт Уэзырмэсрэ

Имысыр нэхъыжьу, Уэзырмэсыр нэхъыщIэу псэуащ нарт зэшитI. Имысым фыз къишагъащIэу, Уэзырмэсыр фызыншэу, Имысыр илъэс зекIуэ ежьащ. Уэзырмэсу и шынэхъыщIэр щIалэ бжьыфIэт, Iэпкълъэпкъ дахэ иIэт. Имысыр илъэс зекIуэ щыIэу и фызыр Уэзырмэсу и шынэхъыщIэм ехъуэпсэжащ, ауэ Уэзырмэсым идакъым.

НысащIэм и фIэщ дыдэу Уэзырмэсым зыхуищIу щыхъум, Уэзырмэс и пхъэпшынэжьыр къищтэри, тхьэ иIуэри дэкIащ:

- Уэ мы пщIантIэм удэсу сэ сыкъыдэмыхьэн! - жиIэри.

Уэзырмэс бланэ къиукIыурэ бланафэ пщыIэ ищIащ. Махуэм мэщакIуэ, жэщым пхъэпшынэм йоуэ. Имыси илъэс зекIуэр иухри къекIуэлIэжащ.

- Дэнэ щыIэ си къуэшыр? - жиIэу щыщIэупщIэм, и фызым жиIащ:

- Апхуэдэ къуэш уи анэм къыпхуилъхуа нэхърэ зы хьэ къыпхуилъхуащэрэт. Къызэхъуэпсэжри хуэздакъым. «КъэкIуэжым, жесIэжынщ», - щыжысIэм, дэкIри ежьэжащ.

Имыси ар и фIэщ хъури, и пIэ къинэжащ.

Уэзырмэсым зы махуэ гуэрым бланэл игъавэу пылъу, езым и пхъэпшынэжьым дежьууэ щысу, и бгъэгум маисэ хэлъу, и натIэгум нэ закъуэ ису зы мэзылI къыщIыхьащ.

Уэзырмэс къэтэджакъым, и уэрэдри зэпигъэуакъым, ауэ иригъэлъэгъуащ, «тIыс» жыхуиIэу. Уэзырмэс пшынэ еуэн иухри, бланэлри къыпихыжащ. МэзылIри къигъэтIысщ, езыри етIысылIэри бланэлыр яшхащ. МэзылIым игу ирилъхьащ Уэзырмэсыр иукIыу и пхъэпшынэмрэ и сагъындакъымрэ ихьыну. Абы и гум фIы зэрыримылъхьар Уэзырмэси къищIащ.

- Ди гъащIэкIэ дызэныбжьэгъунщ, дызэкIэлъыкIуэнщ, - жиIэри мэзылIыр щIэкIыжащ.

Абы къыщыщIэдзауэ жэщ пщыкIутхукIэ Уэзырмэсым и щIэщIым пхъэдакъэжь ирилъхьэурэ щIакIуэр трипIэжурэ езыр бжэ къуагъым къуэтащ.

«Ныжэбэризэми сыкъуэтыжынщ», - жиIэри пхъэ дакъэжьыр и пIэм хилъхьэщ, щIакIуэр трипIэжри, езым и сагъындакъыр хьэзыру епщыкIуханэ жэщым бжэ къуагъым къуэувэжащ. МэзылIыр жэщыбг нэужьым къыщIыхьэри, щIакIуэм зэрыкIуэцIылъу пхъэ дакъэжъым зытриубгъуэри, и бгъэм хэлъ сэр пхрихуащ.

«Хъуащ иджы!» жиIэу зыкъыщигъазэм, вагъуэм хуэдэу лыд и нэ закъуэм Уэзырмэсым триубыдэри, сагъындакъымкIэ еуащ.

МэзылIым пхъэ дакъэжьыр и бгъэм зэрыкIэрылъу щIэкIыжащ гъуэгыу. Уэзырмэси мэзылIым иужь иувэри, мэзыжьым щIыхьэжащ.

МэзылIыр гъуэгым, кIуэм, Уэзырмэси кIэлъыкIуэурэ, нэху щыху кIуащ. Нэхуи щауэ, дыгъэр къыщыщIэкIым, зы бгъуэнщIагъ гуэрым МэзылIыр Iухьэжри, щIэмыхьэжыфу джалэри лIащ. Уэзырмэсыр жыг къуагъым къуэувэри, куэдрэ къуэтащ къыщIэкIынум ежьэу.

Набдзэ зытетым я нэхъ дахэу зы нысащIэ къыщIэкIри еплъащ, зыри жиIакъым икIи еIусакъым. НэгъуэщI зыри къыщыщIэмыкIым, Уэзырмэс къыкъуэкIри нэсащIэм бгъэдыхьащ.

- Мыр уэра къэзыукIар, сызрашэкIын? - жиIэри нысащIэм Уэзырмэсым IэплIэ къыхуищIащ.

- Хэт щыIэ иджыри мыбы и лIакъуэу, - жиIэри еупщIащ Уэзырмэс нысащIэм.

- ЩыIэщ мо гущэм хэлъыр, нэгъуэщI щыIэкъым, щыIэми сщIэркъым, - жери къригъэлъэгъуащ. Уэзырмэс абы бгъэдыхьэри и пщэр пиупщIри, бгыжьым щидзыжащ, гущэм зэрыхэлъу.

- Уэ дауэрэ укъэкIуа мыбы? - жиIэри еупщIащ нысащIэм Уэзырмэсыр.

- Сэ си цIэр Дадыхуэщ. Илъэс ипэкIэ мэзым мыхьэ-кхъужьыхьэ дыкъэкIуауэ, сэ иужь дыдэ сыкъинауэ дыщыкIуэжым, мы мэзылI букIам сыкъиубыдри сыкъихьащ. Адэ-анэ къысщIэупщIэн сиIэтэкъыми, зыри къыскIэлъымыкIуэу, си закъуи сымыкIуэжыфурэ сиIыгъащ, - жиIащ Дадыхуэ.

- Абы щыгъуэ дызэгъусэнщ, - жиIэри, Уэзырмэс Дадыхуэр и бланафэ пщыIэм къишэри къэкIуэжащ.

МахуэкIэ Уэзырмэсыр щакIуэу, къиукIыр Дадыхуэ игъавэрэ яшхыу жэщым пIэ зырыз ящIрэ гъуэлъыжурэ махуэ куэдрэ, жэщ куэдрэ бланафэ пщыIэм щызэдэпсэуахэщ.

Дадыхуэм и фэри нэхъыфI хъужащ. Набдзэ зытетым я нэхъ дахэу хъуащ.

Уэзырмэсри дахэт, бжьыфIэт.

- Иджы сэ зыгуэр бжесIэнущи зумыгъэгусэну, укъэмыгубжьыну сынолъэIу, - жиIащ Дадыхуэ.

- ЖыIэ, зызгъэгусэнкъым икIи сыкъэгубжьынкъым, - жиIащ Уэзырмэси.

- Сэ мы дунейм тету зыри уэр фIэкIа сиIэкъым. Сызыхьауэ щыта мэзылIыр букIащ. Иджы уэрэ дэрэ ди закъуэ мы мэзым бланафэ пщыIэм дыщопсэу, уи гугъэр сыт? - жери еупщIащ.

- Сэ си нысэ къызэщыхьэкIуэжри, сыкъыдэкIащ къуажэм. Ухуейм фыз усщIынщ, ухуейм шыпхъу усщIынщ, ауэ къуажэм дыдыхьэжа нэужь, - жиIащ Уэзырмэс.

Псэуащ ахэр апхуэдэурэ зэман куэдкIэ. Зэгуэрым нартхэр щакIуэу мэзым Уэзырмэсыр щалъэгъуащ. Иужь иувэри кIуахэщ и бланафэ пщыIэм. «КъэкIуэж!» - жари хагъэзыхьащ Уэзырмэсыр. Уэзырмэсым зыри жиIакъым.

- Имысрэ и фызымрэ фи гъусэу къакIуэмэ, дынэкIуэжынщ, - жиIащ Дадыхуэ.

ПIалъэ жыхуиIар къэсри, Имысрэ и фызымрэ яхэту нартхэр зэрыхьахэщ Уэзырмэсым и бланафэ пщыIэм.

Дадыхуэ Имыс и фызым бгъэдэувэри жиIащ:

- Фыкъыдэплъ, хэт нэхъ дахэ дэитIум? - жери…

- Уэращ нэхъ дахэр, - жаIащ нартхэм.

- Фи гугъэщ, сэ Уэзырмэс срифызу, ауэ сэ Уэзырмэс сригъусэщ илъэс зыкъом мэхъури, къызэIусакъым. Сэ къыщызэмыIусакIэ, мы Iейм дауэ еIусэнт Уэзырмэс, - жиIэри къиумысащ Имыс и фызыр.

Абдежым Уэзырмэсым Дадыхуэр фызу кърагъэшащ. Имыс и фызым и щхьэр къегъэзыхауэ кIэращIэри, нартхэм Уэзырмэсрэ Дадыхуэрэ къашэжри къэкIуэжахэщ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: