Дапщэщ щэхухэр нахуэ щыхъунур?

ГъэщIэгъуэнщ

Жэпуэгъуэм и 3-р Щэхухэр хъумэнымкIэ къэрал зэхуаку махуэу щытащ. Ар щIыхиIэтыкIам щхьэусыгъуэ иIэщ: дунейм иджыри къыдогъуэгурыIуэ щэху куэд, абыхэм я нэхъыбэ дыдэри зэрыщIэуфауэ къэнэжынущ. Дигу къокIыж зы еджагъэшхуэ гуэрым жиIар: «Дунейм гъащIэ щыIэхукIэ къыхуэщIэнур зырикIщ, зэи къыхуэмыщIэнум елъытауэ». Дэ и гугъу тщIыххэнкъым дызыщыпсэу ЩIыри зыхыхьэ хьэршым и инагъым ар къызытехъукIам. Ар, кIэи пэи зимыIэу къалъытэурэ екIуэкIащ, иджы къагъуэтауэ жаIэ зэрыхъур. Зы гъунэм щыщIэдзауэ адрейм нэс илъэс мелард 70 хуэдизкIэ зэпыпчын гъуэгуанэ дэлъщ, зы секундым километр мин 300 уи псынщIагъыу укIуэмэ. Ауэ ар пэжрэ пцIырэ зыми зэхигъэкIыфынукъым: хуагъэфащэ къудейщ. Ар къэдгъэнэнщи, нобэр къыздэсым зэхагъэкIыфакъым дызэрысабийрэ зи хъыбар зэхэтх алмэстыр щыIэрэ щымыIэрэ. Зылъэгъуахэм зэраIуэтэжымкIэ, ахэр метритI нэхърэ нэхъыбэ зи лъагагъ зы бацэ гуэрщ, цIыху теплъэ иIэу. Нэхъыщхьэращи, дунейм и щIыпIэ псоми уащрихьэлIэу жаIэ, и лъэужьым техьэфыркъым, псэууэ зыри яIэрыхьакъым, и хьэди щарихьэлIакъым.

ЖытIэнщи, Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ а псэущхьэр нэхъ хэкъузауэ къыщалъыхъуахэм. БлэкIа лIэщIыгъуэм ди щIыналъэм мызэ-мытIэу щылэжьащ ар къэзылъыхъуэ гуп. Мэзхэр щIащыкIащ, бгы лъапэхэм щыIащ, ялъэгъуауэ къэзыIуэтэжхэм яхуэзащ. Иужьрейхэм ящыщт ди газетым илъэс куэдкIэ щылэжьа Мыз Нафихь (псэужкъым, Тхьэм ахърэт нэху кърит). Дэ тфIэфIт абы теухуауэ а дадэм жиIэжхэм дедэIуэн. Бдзэжьеящэт икIи щакIуэти, ар зэпымыууэ щIыпIэ пхыдзахэм щызэхэзекIуэрт. Зэгуэр жыг къэуам тесу илъэгъуауэ жиIэжырт. Дауи, бгъэдыхьэн шынащ:«КъыпфIэщIа хъунт» псалъэхэм зэпымыууэ къыпидзыжырт: «Сэ си нитIым зэи сыкъагъэщIэхъуакъым!»

Алмэстыр ди IуэрыIуатэхэм хэтщ. Псалъэм папщIэ, Алъхъохэ къаубыду унэIут ящIауэ щыта алмэсты фызыжьым теухуа хъыбарыр. Ар къэсIуэтэжынт, ауэ сэ нэхърэ нэхъыфIу зыщIэ зэрыщыIэм шэч къытесхьэркъыми, ар къытпэджэжыным сыпоплъэ.

МыдэкIэ къэдгъэзэжынщи, алмэстыр «щыIэ-щымыIэ» зэдауэм иригъэзэшри, еджагъэшхуэхэр нэгъабэ «зэгурыIуащ» а псэущхьэр щымыIэу ягъэувыну. АтIэ дэнэ къыздикIар абы егъэщIылIауэ яIуэтэжхэр? Ар гейзли мыщэ лIэужьыгъуэр арауэ жиIащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, абыхэм я деж уащрохьэлIэ цIыхум къыкIэрымыхуу захуэу лъакъуитIкIэ къэзыкIухьхэми. Мис ахэр алмэстыуэ къалъытащ.

ГъэщIэгъуэнщ, ауэ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм занщIэу къызэщIигъэрыуэжащ мы псэущхьэм теухуауэ зэгуэр ужьыхыпауэ щыта псалъэмакъыр. Зэуэ къыкъуэкIащ иджырей Iэмэпсымэ лъэщхэмкIэ траха лъэужь куэдыкIей. Пэжу, езы алмэстым иджыри зигъэпщкIумэ, нэхъ къещтэ.

Нэхъапэхэм трахахэри къызыкъуахыжащ. Абыхэм ящыщу нэхъыфIу къалъытэ Iэщыхъуэхэу Гимлин Бобрэ Паттерсон Роджеррэ 1967 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м Калифорние Ищхъэрэм (США) щытраха сурэтыр, алмэстыр IупщIу къызэрыщыр. ПIалъэ кIыхькIэ къалъытащ ар бзаджагъэ халъхьэу ягъэхьэзыра сурэт нэпцIу. АрщхьэкIэ апхуэдэ гуэри Iуэхум зэрыхэмылъыр сэтей къащIащ къэрал куэдым (СССР-ри хэту) я IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэм-антропологхэм, физиологхэм, техникхэм - ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм.

ЖытIахэр щыхьэт тохъуэ, хьэршым и гугъу тщIыххэнкъыми, дэ дызыщымыгъуазэ дызыщыпсэу ЩIы хъурейм гъунэжу зэрыщыIэм: ахэр къапоплъэ щэхухэр къызэIузыхыну хуейхэм.

ШАЛ Мухьэмэд.
Поделиться: