Насып

Мэзыхьэ Борис

(Сабийхэм папщIэ)

         Мухьэмэд дадэ гуэщ джабэм кIэрыст, бжьыхьэ дыгъэм зригъэууэ. ЕджапIэм къикIыжа и къуэрылъхур къыщыдыхьэжым:

 - Сыту куэдрэ укъэта, хьэмэ къилъхуа? - и гур зэгъэжауэ щIэгуфIыкIащ.

- Диспут диIащ.

- Ы – ы – ы? Сыт спут-пIа?

- Насыпыр зищIысымкIэ дызэныкъуэкъуащ.

ЛIыжьыр къуэрылъхум еплъащ, насыпыр зищIысыр къыгурыIуэу пIэрэ мыбы, жыхуиIэу.

         - Сыт-тIэ уэ жыпIар?

         - Сэри? Машинэ уиIэмэ - насыпщ, жысIащ.

         - КIуэ, шхэи, модэ хьэуазэпIэмкIэ накIуэ, сэ бжесIэнщ насыпыр зищIысыр, - лIыжьыр мэкъуэщым ихьэжащ. ЩIалэ цIыкIур еIэепхъуэу шхэуэ, къыпэплъэ хъыбарым щыкIэлъыкIуам, дадэ хьэуазэ щабэм хэлът, телэжьыкIа и дзэмкIэ зы шхий игъэныщкIуу. Абы мыпIащIэу къригъэжьащ:

         - Дэсыгъащ, жаIэж, къуажэ гуэрым зылIрэ зы фызрэ. Ахэр хуэмыщIауэ псэу щхьэкIэ, къулеягъышхуэу къуэ пщыкIущ яIэт. ЩIалэхэр балигъ щыхъум, фызи кърагъэшащ, бынуни хъужахэщ, арщхьэкIэ псори зэхэсу псэурт. ЛIыжьым и унагъуэм къуажэри жылэри къехъуапсэрт. Адэм и псалъэр тIэужыIэ быным ящIыртэкъым, - зыр пщIантIэм дэлэжьыхьмэ, адрейр мэзакIуэт, мэкъуауэр къызылъымысам я Iэщыр зэрихьэрт. Ауэрэ зэманыр кIуэуэрэ, зэш пщыкIущми къуэ пщыкIущ-пщыкIущ къыхуалъхуащ. Ахэри балигъ щыхъум, нысащIэ зырызыххэ къыхуагъуэтри, лIыжьым и пщIантIэм хьэгъуэлIыгъуищэрэ хыщIрэ бгъурэ щызэхэтащ. Зы къуажэ хуэдиз хъуа унагъуэшхуэм зыкъаужьащ, дуней мылъкур яIэу.

         Унагъуэм ис псори фIыуэ зэрылъагъурт, зэрызэджэр «си псэ, си нэхут», лы ягъажьэмэ, нэхъ IыхьэфIыр зым адрейм хуигъэкIуатэрт, щыгъыныщIэ ядамэ, зыр адрейм хуэупсэрт. Псом хуэмыдэжу я дадэмрэ нанэмрэ фIыщэу ялъагъурт. Апхуэдизу зэкъуэтти, псори насыпыфIэт. Ауэ унагъуэ щхьэхуэу гъэтIыси еплъыт - къаруи къулеягъи яIэжынутэкъым. Ауэрэ, тхъэжу псэухэурэ, лIыжьыр нэхъ зыщышынэ дыдэр къалъыкъуэкIащ: зэшхэр зэгурымыIуэж хъуащ. Япэм,  «мыр дыдейщ» жаIэу щытамэ, иджы зэхэпхыр «мыр сысейщ». «Ди сабийхэр» жаIэжыркъым, «си сабий» фIэкIа. Дэтхэнэми зыр адрейм ирефыгъулIэ, и сабийр щэхуу егъашхэ, адрейм ейм нэмыплъ ирет. Ар илъагъуху, лIыжьым и гум зегъазэ. Тахътэ щабэм и пIэкIэ шэнтжьей гъурым махуэ псом и нэр плъызу ис пэтми, зыми гу къылъитэжыркъым, дахэ -дахэу и чэзум ягъэшхэжыркъым, псалъэ дахэ къыжраIэжыркъым, а псом я щхьэжыращи, и унафэр пхыкIыжыркъым. Щымыхъужыххэм, пщыхьэщхьэ гуэрым, абы и унагъуэм ис псори зэхуишэсри яжриIащ:

         - Ныжэбэ зы цIыху мы унэм фыщIэмыкI, сэ фIылъагъуныгъэ къысхувиIэххэмэ, а зы лъэIур къысхуэфщIэж.

         - Хъунщ, - жаIащ балигъхэм, - дэри дыщIэкIынкъым, сабийхэми щIэкIыу яхуэддэнкъым.

А жэщым уэс куу къесауэ нэху къекIащ. Нэхущ адакъэхэм я уэрэдыр зэрагъэувыIэххэу, лIыжьыр щIыбым щIокI. Плъэмэ, балигъ лъэужь гуэр мэзымкIэ кIуэуэ къелъагъу. Къэгубжьащ тхьэмадэр. Бынунэм, къызэрызэщIэтаджэу, ягиящ:

 - ФымыукIытэу дауэ си жьыщхьэ сыкъэвгъэпцIа? Зыри фыщIэмыкIыну жыфIатэкъэ?

- Уэли, зы цIыхуи дыщIэмыкIа, ди сабии щIэдмыгъэплъагъэххэ.

- Хъунщ, деплъынкъэ, - лIыжьым джыдэр къищтэри, лъэужьым теуващ. Абы ар мэзыкум хишащ. Ауэ ихъуреягъкIэ зыри щыIэкъым. Жыгышхуэ гуэрым нэсауэ лъэужьыр щыкIуэдыжым, къэуIэбжьащ: «Жыг ку гъуанэм ипщхьауэ пIэрэ?» - игу къэкIри, лIыжьым жыгыр пиупщIыну зэ-тIэу фIэкIа джыдэр химыупцIауэ, ищхьэмкIэ зыгуэр къыщокIий:

- Ей, лIыжь, мы жыгым сыт уи ней щIыщыхуар?!

 - Уэ ухэт езыр?

- Уэ уи унагъуэшхуэм и насыпыр сэращ.

- АтIэ, мы мэзым щхьэ ущIэс?

- Дэнэ сыкIуэнт атIэ, уи тэхъуанэр сымыбгынэу хъуакъым. Уи унэм щIэсхэм сэ сраIуэхужкъым, щхьэж и щхьэ, и бын, и Iуэху зэрыхъунщ зэгупсысыр. ЦIыхухэр  я щхьэм фIэкIа нэгъуэщIым щемыгупсысыж щIыпIэм сэ щысщIэн щыIэкъым. - Пэжщ уэ жыпIэр, ауэ нэгъэзэж си деж, зэрыслъэкIкIэ сыбдэIэпыкъунщ.

- Хьэуэ, - идэркъым насыпым, - ар слъэкIынкъым, сэ къысхуейкъым уи унагъуэр, ауэ сэ пхуэсщIэфынуращи, уи унагъуэм исхэм псоми я лъэIу зырыз яхуэзгъэзэщIэнщ. ЛIыжьым къигъэзэжри, къэгубжьауэ джыдэр пхъэ къутапIэм хиупщIащ. Асыхьэту унагъуэм  ис псоми къаувыхьащ, къедэхащIэу, Iэ къыдалъэу, и шхын къыхуагъэуву. АрщхьэкIэ дадэм зэрынэщхъейуэ жеIэ:

- Ди насыпыр тщхьэщыкIащ. Къигъэзэжын идакъым.

- Сыт насыпым дыщIибгынар, и щIыб къыщIытхуигъэзар?

- Нэхъыжь и пщIэ къэфлъытэжыртэкъыми. Фи щхьэ Iуэху фIэкIа нэгъуэщI зефхуэжыртэкъыми. Сэ нышэдибэ насыпым сыхуэзати, дэтхэнэми фи лъэIу зырыз къыфхуищIэну сыкъигъэгугъащ. ЖыфIэ иджы щхьэж зыхуейр.

 Зым и псалъэр адрейм Iэпиуду зэрыгъэкIияхэщ. Хэт машинэ, хэт унэ зэтет, хэти куэду мэш дыхуейщ жаIэрт. ЛIыжьыр псоми едэIуащ, жаIар игу ириубыдащ. Иджыри темыхьауэ зэмыпсалъэ нысащIэщIэ  яIэти, ар зыхуейр имыщIэу, щIалэ цIыкIухэм ящыщ зы щригъэупщIым, нысащIэм жиIащ:

- Насыпым дызыхуейр къытхуищIэнумэ, ди лэжьыгъэри, лъагъуныгъэри, гъащIэри япэм зэрыщытам хуэдэу ирещIыж.

 ЕтIуанэ махуэм лIыжьыр мэзым кIуэри насыпыр зытес жыгым и щIагъ щIэуващ.

- Сыт узыхуейр, тхьэмадэ? - къеупщIащ ар.

ЛIыжьым псори абы жриIэжащ.

- ЛъэIу псори згъэзэщIэнщ, - жиIащ насыпым, - зы фIэкIа къэмынэу. Уи нысэ нэхъыщIэр зыхуейр сэращ, сэ нэзгъэзэжыфынукъым.

 МащIэрэ елъэIуа абы лIыжьыр, ауэ зыри къикIакъым. Щымыхъужым, зигъэгусащ:

- Уэ тхьэ къысхуэпIуауэ щытащ ди унагъуэм ис псоми я лъэIур бгъэзэщIэну, иджы уи псалъэм уепцIыжу ара?

 -  Хъунщ, пэж дыдэу, тхьэ пхуэсIуауэ щытащ. Ар бгъэпцI хъунукъым. КIуэж, деплъынщ.

Ешарэ зэфIэмытыжыфу лIыжьым къигъэзэжмэ, уоу, унагъуэм ис псори къыпожажьэ, шэнт щабэм ирагъэтIысхьэ, фIыуэ илъагъу шхыныгъуэхэр хузэблах. ЕтIуанэ махуэм унагъуэр зэгъусэу лэжьыгъэм пэрыхьащ…

 Апхуэдэу зэгурыIуэр псоми яку дэлърэ зэрылъытэу псэун щIадзэжащ лIыжьым и унагъуэм - насыпым бынунэм я деж къигъэзэжащ. Ар псоми я зэхуэдэ унагъуэ насыпт. Мис аращ, си щIалэ, насып жыхуаIэр.

 

 

 

Поделиться: