Республикэм и щIыхьыр яIэт

Новосибирск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ универсальнэ зауэ спорт лIэужьыгъуэщIэмкIэ (абы хохьэ гъуэгуанэ гугъухэр, лъэпощхьэпо зэхуэмыдэхэр зыхэтхэр зэпычыныр, сэ жан дзыныр, нэщанэ еуэныр, Iэпщэрыбанэ зауэр) дунейпсо чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэмрэ. Абы кърихьэлIащ къэрал 36-м я спортсмен 600-м щIигъу.

Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэну зэуакIуэ 14-м.

КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Къуэныкъуей Алим килограмм 80 зи хьэлъагъхэм я деж зэIущIиплI щригъэкIуэкIати, псоми щытекIуэри, дунейм и чемпион цIэ лъапIэр зыIэригъэхьащ икIи дунейпсо классымкIэ спортым и мастер дамыгъэр къыхуагъэфэщащ.

Пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэр къыщахьащ Щомахуэ Беслъэнрэ (кг 65-рэ) Бедзинов Азизрэ (кг 75-рэ). ЕтIуанэ хъуащ Къуэдзокъуэ Марат (кг 55-рэ), Къамгъуэт Муртаз (кг 60), КIэбышэ Алим (кг 80) сымэ. Домбеякъ медалыр къахьащ Къуэдзокъуэ Казимиррэ (кг 70) Бейтыгъуэн Анзоррэ (кг 80).

ЩIалэхэм я тренерыр Бейтыгъуэн Русланщ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: