ЦIыхупсэм иущэхур къытхузэIузых

Нобэрей адыгэ прозэм езым и гъуэгу щыпхишыжауэ, цIыхумрэ зытет дунеймрэ зэрызэхуэхъур, а цIыхум езым зэрызилъагъужыр, бгъэдэлъ Iулыджыр, и гущхьэгъэсэкIэ хъуар къыхэщу тхыгъэ дунейм къытезыгъэхьэ тхакIуэхэм IупщI дыдэу къахощ Мэкъуауэ Амир. Ар зэрытхэр урысыбзэщ, ауэ зытетхыхьыр адыгэ дунейщ, и лIыхъужьхэр адыгэ цIыхущ. Зы Iуэхугъуэ щхьэпэ я нэгу щIокI абы и талантым пщIэ хуэзыщIхэм: «…шэрджэсым къегъэIурыщIэ урысыбзэр хуиту, лъэщу, зэгъэзэхуауэ». Пушкин Александр Хъан-Джэрий теухуауэ жиIам хуэдэ дыдэу, Амир итхахэм хэбдзыни хэбгъэувэни умыгъуэтыну ахэр зэпэщщ, нэгъэсащ. Сыт щыгъуи щIэщыгъуэщ, къиIэт Iуэхугъуэхэр гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэщ, къэIуэта зэрыхъу щIыкIэр умыгъэщIэгъуэнкIэ, и зы тхыгъэ уеджамэ, къыкIэлъыкIуэр къыумылъыхъуэнкIэ Iэмал имыIэу гъэпсащ. Нэхъыщхьэу ар къызыхэкIыр и бзэр зэрышэрыуэмрэ и къэIуэтэкIэр тхылъеджэхэм я дежкIэ зэрыщIэщыгъуэмрэ я мызакъуэу, дызыхэпсэукI лъэхъэнэ ахъырзэманым и упщIэ «пщтырхэр» зэпэщIэуэу, зэпэщIэту е зыр зым къыпкърыкIыжу къызэригъэлъагъуэр, а къигъэлъагъуэр нэхъ зыхэпщIэ, художественнэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ лъагэ ищIу ди дунейм щыземыкIуэ къару гуэрхэр къызэрыхишэр, псори зэуIу хъужмэ, дэр-дэру дызыхунэмысыну щыта гупсысэхэм дришалIэу зэрыщытыр арагъэнущ. Къыхэлъытапхъэщ сытым щыгъуи и тхыгъэхэм ткIийуэ зэрахущытыр. Щыстудента илъэсхэрат Амир тхэн щыщIидзари, а лъэхъэнэм итхахэр игъэсыжащ, «Спаси меня, мой ангел» Iуэтэжым къищынэмыщIа. Дзы зыхуищI дунейм къытригъэхьэну хуеякъым, хэт нэхъри нэхъыбэ и щхьэм деж къыщилъыхъуэжырти. «В ожидании смысла» тхылъым Амир щетх: «Сэ си акъылыр псыхьакъым щIэныгъэшхуэкIи, кууагъ зиIэ гупсысэкIэкIи, зыми емыщхь щыIэкIэкIи, ауэ абы иIэщ пэш кIыфI цIыкIу куэди, дэтхэнэми щIэлъщ зэхэгъэкIыгъуей дыдэ щэхухэр». А щэхухэр тхылъ напэкIуэцIхэмкIэ дуней хуитым къытегъэхьауэ, еджэхэр зэгъэплъыжын, зыкъегъэпщытэжын, гъащIэр купщIэкIэ щызын зэрыхуейм, гу зылъыдмытэ гъэщIэгъуэн куэд абы зэрыхэлъым я гупсысэр ешэлIэн – аращ тхакIуэм пщэрылъ зыщищIыжыр. Тыншкъым. А мытыншыр зригъэхъулIэн папщIэ, и тегъэщIапIэщ махуэ къэс гъащIэм къыщыхъухэр, пщIыхьэпIэм щызекIуэхэр, нэкъыфIэщIхэр. Абы и тхыгъэхэм щызэпэщхьэхуэкъым а псор, зэхэухуэнащ, зы пкъыгъуэу зэхохьэ, зэгъусэу зы гупсысэ пажэ гуэрым толажьэ.  ГъэщIэгъуэнщ езы тхакIуэр и лэжьыгъэ ешэжьэкIэм зэрытепсэлъыхьыр: «Тхьэм и закъуэщ зыщIэр уи пэшыр жьауэ щIэпщIыр, шэнт щабэм уитIысхьэу хъыбар гуэрхэр уи щхьэм щIыхужыпIэжыр. Куэдрэ уогупсыс къызэребгъэжьэну псалъэм, абы и IукIэмрэ щIэт макъамэмрэ елъытащ ешэжьа зэрыхъунур. Япэщ1ык1э  уригузавэркъым узытетхыхьынумрэ хэтыну лIыхъужьхэмрэ IупщIу уи нэгу зэрыщIэмытым. ЗэкIэ пщIэркъым абыхэм ягъуэтыну теплъэри, ебгъэлэжьыну Iуэхуфэхэри, щыбгъэпсэуну щIыпIэри. Хэдэ, къыхэх…» Нэхъыщхьэращи, тхакIуэм и творческэ къызыфIэгъэщIыныгъэм къыщыунэхуащ зи шыфэлIыфэ зиIэж дунеищIэ, сатырхэр тхылъымпIэм щызэкIэлъыпIэщIэнущ, тхылъеджэхэр къэунэхуа дунейм хишэнущ. 
Мэкъуауэм къигъэщIыр щ1эщыгъуэ зыщIхэм ящыщщ я купщIэр нэхъ куу, я фIагъыр нэхъ ин зыщI мистикэр художественнэ Iэмалу тхыгъэ куэдым къызэрыщигъэсэбэпыр. Апхуэдэхэщ «Сады Масират», «В пору голых деревьев», «Возвращенное небо», «Мистер Ия», «Омовение сердца», «История Зула» тхыгъэхэр. Абыхэм еджэхэми къахузэIуокI зэи зыщIэмыхьа пэш щэху цIыкIу гуэрым и бжэр, абы къыщагъуэт щыIэу ямыщIа, ауэ я псэм пэгъунэгъуу къыщIэкI дуней. Абы щыгъуэми ар тхакIуэм къигупсыскъым, атIэ итхым щыщ Iыхьэу «къакIуэурэ» хэувэу аращ. Амир и Iуэху еплъыкIэмкIэ, цIыхур зищIысыр езым зыдищIэжымрэ зыдилъагъужымрэкъым, ар йоIэбыкI ди зыхэщIэныгъэхэр щытепщэ дунейм и гъунапкъэхэми, нос зэрыдмылъагъум, зэрызэхэдмыхым, дызэрыщымыгъуазэм папщIэ щыIэу гурыщхъуэ зыхуэдмыщI е тщIэнуи дызыхуэмей нэгъуэщI щыIэкIэ гуэрым и лъахэм. Хэт ищIэн цIыхупсэр уафэм щызекIуэ зы къару лъэщ гуэрхэм пыщIами… «Мы дунейр телъыджэщ! ЦIыхур езыр телъыджэ гуэрщ!», – жеIэ Мэкъуауэм. Мис апхуэдэ цIыху телъыджэщ «Масирэт и жыг хадэхэр» («Сады Масират») повестым лIыхъужь нэхъыщхьэ хуищIар. Повестыр психологическэщ, Масирэт и гум щыщIэр, и псантхуэр зыхуэдэр, и гущхьэгъэсэкIэр, езымрэ гъащIэмрэ зэрызэжьэхэуэм, зэрызэлъэIэсым кърикIуэр – псори зи фэм дэкIыр тхылъеджэра хуэдэу зыхещIэ, апхуэдизкIэ ухешэф тхакIуэм и лIыхъужьым хузэригъэпэща дунейми. 
«Дыщэ тIамыхэр» («Золотые апельсины») Iуэтэжым уимыгъэгупсысэныр, уимыгъэгумэщIэныр Iэмал зимыIэщ. Ар теухуащ лъэхъэнэми щIыпIэми емылъытауэ гъащIэр гугъу, хьэлъэ зыщI Iуэхугъуэ гуауэщхьэуэм – унагъуэр къутэным – кърикIуэ насыпыншагъэм. Я дунейм зэуэ зехъуэж абы хиубыдэу хъуам: адэ-анэм, быным.  Гупсысэ нэхъыщхьэу къыхэщыр мыращ: зэщхьэгъусэ зэбгъэдэкIыжахэм адэ-анэн щагъэтын хуейкъым, я быным и къэкIуэныр къалъытэу, и псантхуэр яхъумэныр, анэ лъагъуныгъи адэ лъагъуныгъи щамыгъэщIэныр я пщэрылъщ. Мэкъуауэм дегъэлъагъу анэмрэ мылъхуадэмрэ япI щIалэ цIыкIур къэзылъхуа адэм зэрыхуэныкъуэр зыхуэдизыр. ЦIыхур лъагъуныгъэкIэ, зэхэщIыкIкIэ щрикъур, хъума щыхъур, игурэ и щхьэрэ зэтезыгъэлъыр унагъуэращи, зэщхьэгъусэ зэгурымыIуэри зэбгъэдэкIыжри хьэлъэ дыдэ зыщыхъур сабийращ. ЗэбгъэдэкIыжаитIыр зэгуэр зэпэщхьэхуэуи щытат, щхьэж и гъащIэ иIэжат, аращи, щышынэркъым зытетауэ щыта гъуэгум зэрытехьэжым. Ауэ сабийм ищIэр и адэмрэ анэмрэ я гъусэу псэунращи, и гурыIуэкIэмкIэ, а тIум зэкIэщIэхыпIэ яIэкъым. Апхуэдэ къэхъу хъужыкъуэмэ, и дунейр зэпэныкъуэ мэхъури, абы езым и пIэ къыщигъуэтыжыныр, апхуэди щыIэу арэзы техъуэныр, къэхъуам къыпкърыкI зэхущытыкIэщIэхэр къищтэныр занщIэу зыпэмылъэщ е зыпэмылъэщыххэ Iуэхущ. Аращ къыщыщIар  «Дыщэ тIамыхэр» Iуэтэжым и лIыхъужьым. Абы дежкIэ адэ-анэр зэбгъэдэкIауэ аракъым, фIы дыдэу илъагъу адэр фIагъэкIуэдауэ, трахауэ аращ. Абы зыри къеупщIакъым и гум щыщIэмкIэ, зэгупсысымкIэ, зыхуеймкIэ. Анэм къилъытащ унагъуэр икъутэу бынми щхьэгъусэми я дунейр къызэриублэрэкIари, нэхъ къулейм зэрыдэкIуэжари, зыкIи къыхуэмей хамэ цIыхухэм зэрахишари и къуэ цIыкIум тыншу къищтэн хуейуэ. Быным и хьэтыркIэ ныбжьэгъу хуэдэуи хущытыфакъым зыбгъэдэкIыжа цIыхухъум, сабийми и адэми я гъащIэр щIыIагъэкIэ ипсыхьащ. Iуэтэжым уздеджэм къыпщыхъуркъым езы цIыхубзри етIуанэлIым насыпыфIэ дэхъуауэ. Зэи нэжэгужэу, гукъыдэж гуэр иIэу щыткъым. Сытым щыгъуи и псантхуэр шэщIащ, мэгупсысэ, нэпс щIегъэкI.  
Мэкъуауэ Амир и тхыгъэхэм къыдагъэлъагъу щэхуу щыIэм цIыхум нэхъ щэхушхуэ зэрахэмытыр, а щэхур къызэIухынращ тхакIуэм и тхыгъэхэр зытещIыхьар: образ нэгъэсахэр къегъэщI, ахэр къыщызэIукIын дунейм трегъэхьэ. 
Психологиерэ философиекIэ гъэнщIа тхыгъэхэм гулъытэ зэрагъуэтым и щыхьэтщ абыхэм ящыщхэр «Литературная Адыгея» (Мейкъуапэ), «Нана» (Грознэ), «Аргамак» (Къэзан) журналхэм къызэрытрадзар. Алтай крайм къыщыдэк1 «Бийский вестник» альманахым тетащ «Лунные мальчики» повестыр, Псыхуабэ щытрадзэ «Мегалог» журналым ихуащ Амир и Iуэтэжхэр. 
Гулъытэ къэзылэжьщ Амир и IэдакъэщIэкIхэр: тхылъу къыдэкIынри дэтхэнэ тхыгъэхэми шэщIауэ тепсэлъыхьынри яхуэфащэщ,  ифI зэкIынури дэращ, тхылъеджэхэрщ. 
Iэзагъэм гъунэ имыIэу къалъытэри, Мэкъуауэ Амир и зэфIэкIым хэхъуэ зэпыту куэдрэ къалэмыр иIыгъыну ди гуапэщ.

 

ХЬЭЦIЫКIУ Рае, филологие щ1эныгъэхэмк1э кандидат.
Поделиться:

Читать также: