#Мэзыртхъумэнщ къэралпсо жэрдэмыр даIыгъыу

Хабзэ дахэ хъуауэ, жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэр ядиIыгъыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр зэрыгушхуэ телечэщанэр щхъуэкIэплъыкIэу къызэщIоблэ. КъБР-м и Къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу зэрагъэпэщыжа телечэщанэ цIэрыIуэр цIыхубэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ гулъытэ хэха зратын хуей махуэшхуэхэм ирихьэлIэу къызэщIонэ. Куэд щIакъым Сабий мылъхуэсхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу къыхалъхьа жэрдэмыр ди щIыналъэм зэрыдиIыгъым и щыхьэту телечэщанэр плъыфэбэу зэхэлъ нур джэгукIэ зэрыблэрэ. Мызыгъуэгуми ар зэщIэпщIыпщIэу къызэщIэнащ #Мэзыртхъумэнщ зыфIаща гукъэкIым зыдищIу, абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр къигъэлъагъуэу.

УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къыхалъхьа «ЩIыуэпсымрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ екIуэкI жылагъуэ Iуэхугъуэ дахэр етхуанэу къызэрагъэпэщ. Ар хуэунэтIащ къэралым хыхьэ щIыналъэ 89-м мелуан 70 нэхърэ мынэхъ мащIэ жыг гъэтIысыным, щыIэ щхъуантIагъэр хъумэным, къыдэкIуэтей щIэблэм абыкIэ щIэныгъэ Iэмалыншэу етын зэрыхуейм. КъызэралъытамкIэ, иужьрей илъэсиплIым къриубыдэу жэрдэмым гъащIэм хэпщэным цIыху мелуани 6-м щIигъу хэтащ, дызэрыт илъэсым а бжыгъэр фIыуэ нэхъыбэу щытынущ.
Илъэс къэс къыхалъхьэ жэрдэмыр даIыгъкIэрэ сыхьэт 17.30-м щегъэжьауэ 21.00-м нэсыху телечэщанэ нурым хъуэхъубзэр къызэпхидзу техникэм и лэжьыгъэри яутIыпщащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, нурым идзыну уджым пиксель мини 10340-рэ хъу уэздыгъэ цIыкIухэмрэ нурыдз уэздыгъэшхуэхэмрэ (прожекторхэмрэ) къатощ. Абы Iэмал къет нэхум зызыхъуэж плъыфэбэхэр джэгуурэ зэблигъэкIынымкIэ, и пIэм имыкI теплъэгъуэхэмрэ къэзыуфэрэзыхь сурэтхэмрэ зыр зым иужь иту уэгум къридзэнымкIэ. Уэздыгъэ цIыкIухэри уэздыгъэдзхэри дунейм и щытыкIэ зызыхъуэжхэм хуэщIащ, псыIагъым щыхъумащ, уэздыгъэ къаруушхуи имышхын хуэдэу гъэпсащ.
МахуэщI телечэщанэ джэгур зэрыкъэралу щыпагъэнащ. ЩIыналъэ щыхьэрхэмрэ къалэшхуэхэмрэ дэт телечэщанэхэм хъуэхъубзэхэр хэту нэхур ирагъэдзащ, телечэщанэхэм теплъэгъуэбэу зэхэт, анэмрэ бынымрэ я зэхущытыкIэхэр къызыхэщ гъэлъэгъуэныгъэхэр къызыпхрагъэдзащ.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: