Азэпщ и къуэ Гъудэберд и уэрэдымрэ и хъыбарымрэ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр. И цIэр дэнэ щIыпIи щызэлъащIысауэ апхуэдэт. «Къэбэрдейм сыщыщщ», жыпIамэ, Гъудэбердт япэу къызыщIэупщIэр хамэ лъэпкъхэр. КъардэнгъущI Зырамыку итхыжауэ щыIэщ Азэпщ и къуэм и уэрэдыр, зэрызаухеиж уэрэду зэхэлъми, лIыгъэр къыхэщу, гупсысэкIэ гъэнщIауэ.
ЛIыхъужьым и цIэкIэ щыIэ уэрэдыр мыращ:

Уо, сэрмахуэ, нобэрей дыгъэри,
Ежьу: Уо уэрирари,
Уой, сэрмахуэ, мэхьэжьэражьэкъэ.
Ежьу: Рэ ууоу, уойра, уэрирайрэ, рирэу рирари.
Уо, сэрмахуэ, джатэжьей цIыкIумэ
Ар, лIыхъущхьэри нызэдыфIех.
Уо, сэрмахуэ, дыгъужьыфэжьри
Уой, сэрмахуэ, зэрыпщампIахъуэ.
Уо, сэрмахуэ, домбеихъуэжьри
Уой, сэрмахуэ, зэрышэбыхь.
Уо, сэрмахуэ, пщы зи хьэдэгъуэри
Уой, сэрмахуэ, тхьэм укъытщешэ.
Уо, сэрмахуэ, пщыр дымыукIыурэ
Уой, сэрмахуэ, «пщыукI» къытфIащ.
Уо, сэрмахуэ, пщыр зыукIари
Уой, сэрмахуэ, къамэ Iэпщэхут.
Уо, сэрмахуэ, къамэ Iэпщэхути
Уой, сэрмахуэ, шы хужьым тест.
Уо, сэрмахуэ, дымыхэшэн щхьэкIэрэ
Уой, сэрмахуэ, хэкур добгынэ.
Талъостэнхэ я уэлиигъуэт. Ахэр зыдэс къуажэм ТхыпцIэхэ я лъэпкъри дэст. ТхыпцIэхэ нысэ дахэ яIэти, абы ехъуэпсащ Талъостэнхэ я пщыжьыр, мурад ищIащ щIасэ фызу иубыдыну.
 - СынэкIуэнущи, зыгъэхьэзыр, зыкъысхуэгъазэ! - жиIэри хуиIуэхуащ.
 - Си гугъу къыумыщI, сэ лIы сиIэщ, лъэпкъ сахэсщ, - жиIэри хуиIуэхужащ.
 - УилIри уи лъэпкъри фызэрызгъэхьынщ! Сэ жысIэр умыщIэну ухуит? - жиIэу пщыжьым щытригъэчыныхьым, нысащIэм зыхэс лъэпкъым хъыбар яригъэщIащ. Лъэпкъыр зэхуэсри унафэ ящIащ: я нысэм пщыжьым щэхуу пIалъэ ирырагъэтыну, къыщыкIуэкIэ пэтIысу яукIыну. Апхуэдэуи ящIащ. Ауэ а дакъикъэм Азэпщ и къуэ Гъудэберд шууэ блэкIыжу, абы ехутылIа хъури, псори илъэгъуащ. Азэпщ и къуэр уэркът.
 - Уэркъ хашэркъым, Азэпщ и къуэ! - жраIащ абы ТхыпцIэхэ.
 - АдыгэлI хашэркъым, - жиIэри, Гъудэберд и гъуэгу ирикIуащ.
Пщым и хьэдэр къагъуэтыжа щхьэкIэ, ар зыукIар ягъуэтакъым.
 - АбыкIэ къыблэкIыжар уэращ, уэр фIэкIа ди пщыр зыукIыфын щыIэкъым! - жаIэри Азэпщ и къуэр ягъэкъуаншэ хъуащ. Пщыр зыукIар Гъудэберд ищIэ щхьэкIэ, адыгэлI хашэртэкъым. Хашэмэ, ар лъэпкъым дежкIэ ныбжь хъуэнт, лIыгъэншагъэт, напэтехт, а псоми я щIыIужкIэ, езы пщыжьри хуэфащэу яукIат. Аращ: «Пщыр зыукIам си нэр хуэмысэт, си нэр хуэмысэ щхьэкIэ си Iэр хуэхейт, си Iэр хуэхей щхьэкIэ си жьэр мыхашэ!» - уэрэдым щIыжиIэр.
Гъудэберд мафIитIым я кум дэтт: имыIуатэмэ, езыр - пщыукIт, иIуатэмэ, и уэркъ напэм иригъэкIуртэкъым. Пщыр зыукIахэми, Гъудэберд и лIыгъэр ящIэрти, загъэхъейртэкъым. Гъудэберд нэгъуэщI Iэмал имыгъуэту, Хэкум икIыну мурад ищIащ. ЯпэщIыкIэ, зэкъуэхуауэ ямыубыдын щхьэкIэ, абрэджу Урыху и банэм хыхьэжри, абы зыкъомрэ зыщигъэпщкIуащ. Хэкум икIын ипэкIэ, и бынунагъуэр иригъэкIын хуейт. Шэрхъищ иригъэщIащ - тIур зэхуэдизу, зыр нэхъ цIыкIуу - джабэм щекIуэкIкIэ щIидзын щхьэкIэ. И щхьэгъусэр, и шыпхъу цIыкIуитIыр, и шынэхъыщIэр гум иригъэтIысхьэри, иутIыпщащ Кърым кIуэну. Езыр абыхэм ящIыхьэжын щхьэкIэ шыфI хуейт, пхъэр къыкIэлъежьэмэ, къыщIэмыхьэу яIэщIэзыхын. А зэманым Къэбэрдейм шыфI куэд итащ, езы Гъудэберди шыфI иIэу къыщIэкIынт, ауэ и ныбжьэгъу асэтин Къэбан и къуэм и пщIэгъуалэр жэрагъкIэ Кавказ псом щыцIэрыIуэт.
Гъудэбердыр Къэбанхэ кIуащ. Къэбан и къуэм и ныбжьэгъу Азэпщ и къуэр зэрызахуэр ищIэрти, «дапщэщ къысхуэпшэжын» жиIэу къемыупщIу и пщIэгъуалэр къритащ. Абы шэсри, и бынунагъуэм якIэлъежьащ. Аращ, «сымыхэшэн щхьэкIэ Хэкур собгынэ» щIыжиIэр уэрэдым. Гъудэберд кърым тэтэрхэм я деж кIуащ.
Хамэ щIыналъэм адыгэлIыр хуэмыхуу къыщыщIэкIакъым. Ар Iэдэбт, щэныфIэт, зэпIэзэрытт, и дуней тетыкIэмрэ и хабзэмрэ къыхэкIыу, абы щIыхьрэ нэмысрэ зыхуригъэщIыфащ. Гупым яхыхьамэ, яшэрэ жьантIэм ягъэтIысу, псэлъамэ, и псалъэм къедаIуэу, Iуэху къалъыкъуэкIамэ, я чэнджэщ кърахьэлIэу. Езыр шууейт, IэщакIуэт, лIы бланэт, и шым къыпэхъун щыIэтэкъым. ФIэлIыкI иIэ хъуащ, зыхыхьа лъэпкъым бжьыпэр щафIиубыдащ. Ар ягу ирихьакъым бжьыпэр зыIыгъахэм. Ижэгъу куэд иIэ хъуащ, зэраукIын Iэмал къалъыхъуэу хуежьащ. Ар зэраукIа хъунумкIэ лIыжь Iущ гуэрым щечэнджэщым, къажриIащ: «АпхуэдэлI яукIыркъым, фукIыну фыхуежьэмэ, езыми зыкъом фыкъиукIынщ. Ар езыр лIы Iущщ, «хьэщIэкIэ» фIэкIа фемыджэ, фызэрыхуэмейр къыгурыIуэнщи, кIуэжынщ. Апхуэдэуи ящIащ: «ХьэщIэкIэ» фIэкIа къыщемыджэжым, къэкIуэжын хуей хъуащ. Ауэ Кърымым я батырыбжьэ зэрырагъафэ я дыщэ фалъэр къафIихьыну мурад ищIащ. И бынунагъуэр къиутIыпщыжри, езыр дыщэ фалъэр здахьа хьэгъуэлIыгъуэм кIуащ. Абы щефащ, щышхащ, къыщыфащ, шыгъэджэгум хыхьэри, псоми ятекIуащ, батырыбжьэр дыщэ фалъэмкIэ къратын хуей хъуащ. Ауэ дыщэ фалъэмкIэ къыщIамыхыу фалъэ къызэрыгуэкIкIэ къыхущIахащ. «Сыт сэр щхьэкIэ, жи, тэтэрхэм фи хабзэр щIэвгъэкIуэдыжыр? Дыщэ фалъэмкIэ щхьэ къызэвмытрэ батырыбжьэр?» - щыжиIэм, «Хуэфащэщ!» - жаIэри псори зэрыгъэкIиящ. Дыщэ фалъэмкIэ къыщратым дригъэзейри ефащ. «Итыр изофри и фэр сохь, флъэкIмэ сывмыгъэхь!» - жиIэри къелъэдэкъауэри къежьэжащ, тэтэрхэр къыкIэлъыщIэпхъуа щхьэкIэ, Къэбан и пщIэгъуалэм къыщIыхьэн шы Кърымым къикIакъым.
Гъудэберд жэщу къэсыжати, Къэбанхэ я шыр я бом щIишэжри къыдэкIыжащ. Шым Iус иIэтэкъыми, щыщу щIидзащ. Къэбан и къуэм и шым и щыщ макъыр щызэхихым, шэщым кIуащ. Жэщ кIыфIым шым и щIыбыр, и лъапщэр къиIэбэрэбыхьащ. И щIыби кIуэдатэкъым, и лъапщи къыдэкIатэкъым. «Уэ зэпэщу укъысхуэзышэжам сэ щхьэузыхь сыхухъу!» - жиIэу шым и пщэм зыщришэкIым, торбэ пщIэхэлът, зыгуэр илъу. Ар къыщрихым, дыщэ фалъэм къегъэтIысэкIа налкъутналмэсхэм шэщ кIыфIыр къагъэнэхуащ. Дыщэ фалъэр Къэбанхэ яхуихьат, я шыр гугъу зэрыригъэхьам щхьэкIэ.
Гъудэберд ТхыпцIэхэ я хьэщIэщым щIэтIысхьащ, абы фIэкIа хамэ хэкум щыIэ зэрымыхъур яжриIэну. Ауэ ТхыпцIэхэ зэхэзежэ хъуащ, Гъудэбердыр яукIыну. Апхуэдэу щыхъум, ТхыпцIэхэ я фызыжьым цы Iэрылъхьэрэ цыкIуэкIымрэ къищтэри, хьэщIэщымкIэ блэкIыурэ жиIащ:
ТхыпцIэхэ я пщIантIэр дэкIыгъуэ кIыхьщ,
ЦыкIуэкI кIыхьыжьыр согъэджэрэз - срегъэзэш,
Пщыр зыукIам уэ уи лIыукIыр зэхашэ,
Сыт уи мураду хьэщIэщ нэщIыжьым ущIэс? - жиIэурэ.
Гъудэберд ар щызэхихым, абы къыщIэкIри Талъостэнхэ я хьэщIэщым щIэтIысхьащ. «Ди пщыр зыукIар дукIыжынщ!» - жаIэу къыщаувыхьым, хьэщIэщым фIэдза шыкIэпшынэр къыфIихри, и Iуэхур зытетыр уэрэду жиIащ.
 - АтIэ, хэт зыукIар? - жаIэу къыщеупщIым:
 - Сэ сыхэшэнукъым, хэт ныжэбэ къуажэм дэкIуэсыкIауэ нэху къекIми, аращ пщыр зыукIар! - яжриIащ.
ТхыпцIэхэ дэкIуэсыкIауэ нэху къекIащ. АпхуэдизкIэ мэзым куууэ щIыхьэри ямыгъуэту щIэсати, «МэзщIэкIуасэ» фIащащ унэцIэу. Нобэ «МэщэкIуащэущ» ахэр зэрацIыхур. Аращ Азэпщ и къуэ Гъудэберд и уэрэдым ехьэлIа хъыбарыр зэрыхъур.
 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: