ПсэупIэхэр ухуэныр япэ ирагъэщ

Мэзкуу щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Къэрал советым и комиссэу «Ухуэныгъэр, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр, къалэ гъащIэр» унэтIыныгъэмкIэ комиссэмрэ Къэрал Думэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и комитетымрэ я зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм видеоконференц жыпхъэм иту хэтащ КБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

Ухуэныгъэ IуэхукIэ мы илъэсым зрагъэхъулIэфамрэ 2030 гъэ пщIондэ зэфIагъэкIыну къалэн зыщащIыжхэмрэ тепсэлъыхьащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. 
Президентымрэ Правительствэм и УнафэщIымрэ къызэрыдаIыгъым и фIыгъэкIэ, иужьрей илъэсхэм ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щIэгъэхуэбжьауэ йокIуэкI, ар экономикэми щIэгъэкъуэн хуохъу, Хуснуллиным зэрыжиIэмкIэ. 
Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр нэхъ тегъэчыныхьауэ тепсэлъыхьащ цIыху псэупIэхэм, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къызэщIэубыдауэ зегъэужьын, инфраструктурэми елэжьын зэрыхуейм. А псори зэпхауэ щытыпхъэщ, Хуснуллиным зэрыжиIэмкIэ. КъинэмыщIауэ, псэупIэ ухуэным и псынщIагъым кIэрымыхун папщIэ, щIыналъэхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащIыпхъэщ къалэхэм унэ зэтет дащIыхьыным. 
Къэрал советым и комиссэм и унафэщI, Тэтэрстаным и Раис Минниханов Рустам къыхигъэщащ дэчыхыныгъэ зиIэ ипотекэ ­программэхэм я пIалъэр иухыху, унэ къэзыщэхухэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр. Абы къыхэкIыу, ахэри, къуажэ ипотекэм ещхьу, пIалъэншэ щIыныр фIэигъуэт. 
Миннихановым иджыри жэрдэм къыхилъхьащ щIыналъэхэм щрагъэкIуэкIыну ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр зэрызэфIахыну щIыкIэмкIэ хуитыныгъэ нэхъыбэ етыпхъэу: «эскроу-счёт» мылъку тыкIэм тету е нэгъуэщI мылъку хэтыкIыкIэ щхьэхуэкIэ. Апхуэдэу ящIмэ, ухуакIуэм (застройщикым) банкхэм ахъшэ хэхъуэ иримыту, жылагъуэм папщIэ ящI ухуэныгъэхэм, сабий садхэмрэ школхэмрэ ядэIэпыкъуа хъунущ. 
УхуэныгъэмкIэ министр Файзуллин Ирек тепсэлъыхьащ IэнатIэм щызекIуэ уасэхэм дяпэкIи якIэлъыплъын, ящI унэхэм я проект­хэр зэтегъэхуэн, къагъэсэбэп IэмэпсымэщIэхэр егъэ­фIэкIуэн зэрыхуейм. 
ЗэIущIэм щхьэхуэу щытепсэлъыхьащ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр зэманым лъэщIыхьэу егъэфIэкIуэн зэрыхуейм, псом хуэмыдэу цIыху псэупIэхэм къыщагъэсэбэп инфраструктурэм и къарур зэманым къыкIэрыху зэрымыхъунум. 
Къэрал Думэм Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и комитетым и унафэщI Пахомов Сергей псэупIэ фондым и гуэшыкIэм тепсэлъыхьащ. «А лъэныкъуэр зэрыщыту нэгъуэщI мардэм тегъэувэн хуейщ. Зи гугъу сщIыр къэралым къыбгъэдэкIыу псэупIэхэм я щытыкIэм кIэлъыплъ IуэхущIапIэхэм я ­къалэныр зэрыхъуэжыпхъэрщ, ахэр зэрыщыту фондыр хъума, зэгъэпэща зэрыхъум тещIыхьауэ щытын хуейщ. Унэхэр зэрызэрахьэ программэхэм хэплъэжкIэрэ, дэ щIыналъэхэр хуит тщIакIэщ абыхэм я Iуэху зыIутыр зрагъэщIэну. Ардыдэм хохьэ унэхэр къызэрызэгъэпэща и лъэныкъуэр, ахэр зехьэныр, я унафэ зегъэкIуэныр псори зы жыпхъэм игъэзэгъэныр, иужькIэ а щытыкIэр псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ «Къэралым информациемкIэ и системэ» IуэхущIапIэмрэ я IэмэпсымэхэмкIэ зэгъэзэхуауэ, бжыгъэр зи тегъэщIапIэ Iэмэпсымэхэм къыщыгъэлъэгъуэжын ­хуейщ», - жиIащ Пахомов Сергей. 
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ухуэныгъэхэр щызэфIагъэкI пIалъэр нэхъ кIэщI щIын, щIыналъэщIэхэм инфраструктурэм зыщегъэужьын, ухуэныгъэм щызэфIах лэжьыгъэхэр егъэфIэкIуэн зэрыхуейм. 
«Ухуэныгъэ» къудамэм ехьэлIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ще­кIуэкIа лэжьыгъэхэр 2023 гъэм щIышылэ - жэпуэгъуэ мазэхэм ­къриубыдэу сом мелард 29,7-рэ и уасэм нос, ар проценти 110,2-рэ мэхъу, 2002 гъэм елъытауэ. 
ЦIыхубэм ядэлажьэ IуэхущIапIэ псоми зэхэту мази 10-м къриубыдэу метр зэбгъузэнатIэ мин 386-рэ ятащ (щIышылэ-щэкIуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу - мин 447,8-рэ). УхуакIуэ IуэхущIапIэхэм унэ зэтет 41-рэ ящIащ фэтэр 1670-рэ хъууэ, ар мэхъу метр зэбгъузэнатIэ мини 11,7-рэ. Уней ухуакIуэхэм унэ 1868-рэ ящIащ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 274,4-рэ хъууэ. 
«Къалэ псэупIэхэр егъэфIэкIуэн» проектым ипкъ иткIэ цIыхубэ зэхуэсыпIэу 47-рэ, пщIантIи 110-рэ муниципальнэ щIыпIэ 38-м щызэрагъэпэщыжащ, абыхэм ящыщу 50-р - республикэм и бюджетым къыхэкIыу. ЦIыхубэ зэхуэсыпIэ 42-м, пщIантIи 107-м щекIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ. 
Налшык и уэрамхэм щекIуэкI ухуэныгъэхэм япкъ иткIэ, инженер лэжьыгъэхэми къыпащэ. Мы гъэм республикэм иджыри щокIуэкI узыншагъэм, щэнхабзэм, спортым, гъуэгу хуэIухуэщIэхэм епха ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр.

Поделиться: