Урысейм дежкIэ нэхъыщхьэр щхьэхуитыныгъэрщ

Федеральнэ канал нэхъыщхьэхэмкIэ, социальнэ сетьхэмкIэ екIуэкI теленэтын занщIэмкIэ Президентым къыхурагъэхьа, кърат  упщIэхэм жэуап ярет.  Псоми нобэ жэуап ямыгъуэтми, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр Путиным эфир занщIэм щызэпкърихынущ, адрей псори зи къалэнхэм пщэрылъ ящищIынурэ цIыхубэм ягу зыхуэныкъуэхэр ягъэзэкIуэжынущ.   
Иужьрей тхьэмахуэм цIыхухэр нэхъыбэу зытепсэлъыхь Iуэхугъуэращ пресс-конференцэр къызэрыщIадзар. Ар етIанэгъэ екIуэкIыну президент хэхыныгъэхэм хэтыну Путин Владимир и кандидатурэр къызэригъэлъэгъуарщ. «Сыт хуэдэ  къэралкIуэцI, къэралщIыб Iуэхухэра уэркIэ нэхъыщхьэр?» - япэ упщIэм и жэуапу Путин Владимир жиIащ:
- Мызэ-мытIэу сытепсэлъыхьащ абы, ауэ къытезгъэзэжми, лейкъым. Урысейм дежкIэ щхьэхуитыныгъэращ псом нэхърэ нэхъыщхьэр, арыншауэ щыIэфынукъым нобэ зэрыщытым хуэдэу, илъэс мин бжыгъэ хъуауэ къызэрыгъуэгурыкIуэм ещхьу.
Абы ипкъ иткIэ, нэхъыщхьэр щхьэхуитыныгъэр хъумэнырщ, гъэбыдэнырщ. Абы, дауи, куэд къызэщIеубыдэ. КъэралщIыб щхьэхуитыныгъэр хэкум и зыхъумэжыныгъэр нэхъ лъэщ щIынырщ, гъунапкъэхэр гъэбыдэнырщ.  Жылагъуэ щхьэхуитыныгъэми мыхьэнэшхуэ иIэщ, ар ди цIыхухэм я хуитыныгъэм зегъэубгъунырщ, политикэ, парламент ухуэкIэм зегъэужьынырщ,  экономикэ, технологие IэнатIэр егъэфIэкIуэнырщ. Ахэр Урысейми, дэтхэнэ къэралми и къэкIуэнур къызэзыгъэпэщ Iуэхугъуэщ. 
Урысейм и экономикэм и лъэщагъыр нобэ къару зыхуэхъур зэпIэзэрыт щытыкIэм и закъуэкъым, атIэ ипэкIэ дыкIуэтэнымкIэ сэбэпщ. 
 

 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: