Иджыри зы ЩIалэгъуалэ центр

КъБР-м и lэтащхьэ Кlуэкlуэ Казбек Илъэсыщlэм и пэ къихуэу хэтащ Къалэн куэд щагъэзащlэ щlалэгъуалэ центру Налшык къалэ къыщызэlуахам. Видеозэпыщlэныгъэ lэмалхэр къагъэсэбэпу lуэхум къыхыхьат Къэщкъэтаурэ Налшыкрэ щыlэ щlалэгъуалэ центрхэм къекlуалlэхэр.
Кlуэкlуэ Казбек щlалэгъуалэм ехъуэхъуащ къадэхъуа lуэхуф1ым, Илъэсыщlэм папщlэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республкэм къыщызэlуаха центрищыр ящlащ «Росмолодежь»-м и «Щlыналъэхэр щlалэгъуалэм папщlэщ» программэм ипкъ иткlэ. Ар зи унафэр Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимирщ.
Щlалэгъуалэ центрыр метр зэбгъузэнатlэ мин 1,2-рэ мэхъу, ар щlалэгъуалэм куэд мыщlэу иратыжа, нэхъапlэм Профсоюзхэм Щэнхабзэмкlэ я унэу щытам хэтщ.  
Унэр зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ, уэздыгъэхэр щlашащ, щlалэгъуалэм лъэныкъуэ куэдкlэ заужьын папщlэ зыхуеину псомкlи къызэгъэпэщащ. Центрым хэтщ зыщагъэпсэхун, щышхэн, конференцхэр щрагъэкlуэкlын, щызэпсэлъэн пэшхэр, творческэ мастерскойхэр, медиа-центр.
Унэм и етlуанэ къатым щlэсынущ «Пэрытхэм я зэщlэхъееныгъэ» сабий-щlалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр, Волонтер зыужьыныгъэмкlэ ресурс центрыр, «lуащхьэмахуэ» корпоративнэ университетыр, КъБР-м Щlалэгъуалэ lуэхухэмкlэ и министерствэр.
2024 гъэм унэм и япэ къатым арт-резиденцэ къыщызэlуахынущ республикэм щынэхъ ин дыдэ концерт пэш хэту. Абы гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщынущ, лекцэхэр, конференцхэр, форумхэр щрагъэкlуэкlынущ.
«Щlыналъэхэр щlалэгъуалэм папщlэщ» программэм ипкъ иткlэ, дяпэкlэ Щlалэгъуалэ центрхэр щаухуэнущ Шэджэм, Май, Тырныауз къалэхэм, Анзорей къуажэм.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ
Поделиться: