Тыншу икIи шынагъуэншэу

Арщыдан-Александровскэ щlыналъэ гъуэгум и щытыкlэр дыгъуасэ зригъэлъэгъуащ КъБР-м и lэтащхьэ Кlуэкlуэ Казбек.
Гъуэгур цlыхухэр хуабжьу зыхуэныкъуэщ, сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, райониплl – Лэскэн, Аруан, Тэрч, Май – зэпещlэ. Ар машинэ куэд щызэблэкl lыхьэщ.
Щlыналъэхэм щыпсэу цlыхухэр куэдрэ зэрылъэlуам къыхэкlыу, «Гъуэгуфl шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу зыхуей хуагъэзэну я мурадщ. Лэжьыгъэхэм 2023 гъэм и иужьрей махуэм щlадзащ.
Объектыр lыхьитlу зэпаудащ. Гъуэгум и километриплlыр шыщхьэуlу хъухукlэ зэрагъэпэщыжынущ, абы лъэс лъагъуэхэр бгъурыту ящlынущ, светофорхэр фlадзэнущ.
Адрей lыхьэр - километр 12,5-рэ хъур – пlалъитIкIэ зэщхьэщахынурэ елэжьынущ.
Абы иджырей мардэм изагъэ, гъуэгу ухуэным къыщагъэсэбэп материалхэр ирахьэлIэнущ, гъуэгубгъухэр ягъэбыдэнущ, гъуэгум иIэн хуей линиехэр термопластиккIэ иратхъэнущ. А псом я фIыгъэкIэ гъуэгур тынш, шынагъуэншэ хъунущ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: