ЩIымахуэ сурэтхэр

Налшык къалэм зегъэужьынымкIэ "Платформа" институтым къыхилъхьащ Къэбэрдей-Балкъэрым щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ Налшык къалэм щIымахуэм щызытрагъэха сурэтхэр Къэбэрдей уэрамым и лъэс зекIуапIэм щыгъэлъэгъуэным теухуа Iуэхур. Ар зэрагъажьэрэ IуэхущIапIэм ягъэхьа сурэт нэхъыфI 50 къыхахащ. Ахэрщ, щIымахуэ насып къызэрыщхэрщ ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу къызэIуаха "Зимние улыбки" выставкэр зыгъэдахэр.

Гъэм и зэманхэм захъуэжми, сыт хуэдэ ныбжьым итхэри дапщэщи япэ уэсым щогуфIыкI. Аращ цIыху нэфIэгуфIэхэм ИлъэсыщIэм, телъыджэхэм я зэману къалъытэ щIымахуэм зытрагьэха сурэтхэр щыплъагъукIэ гукъыдэж къущIатыр. 
ЩIышылэм и кIэ пщIондэ Къэбэрдей уэрамым и лъэс зекIуапIэм щагъэлъэгъуэнущ а сурэтхэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: