Самарэ и уэрам театрыр ди хьэщIэщ

Налшык къалэм Абхъазым и утым мы махуэхэм Самарэ къикIа «Пластилиновый дождь» уэрам театрым щигъэлъэгъуащ «Белые сны», «Хранитель времени» перфомансхэр.
Фэилъхьэгъуэ хужь зыщыгъ артистхэм налшыкдэсхэм, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ. Гупым я унафэщI Захаровэ Анастасие зэрыжиIамкIэ, я спектаклхэр сыт хуэдэ ныбжьым итхэми яхуэгъэзащ икIи зэрыунагъуэу уеплъыну уасэншэщ.
Iуэхур къызэрагъэпэщащ Налшык къалэ администрацэмрэ къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтымрэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: