ЩIэрыщIэу къызэIуахыж

Тхылъыр зи Iэпэгъухэм ящIэ тхылъым уасэ зэримыIэр, ар фIыуэ зылъагъухэм уащыгугъ зэрыхъунур – апхуэдэхэр, зэрыхабзэщи, гупсысэхъуажэщ, зэхуэсыпIэ къалъыхъуэ. ЦIыхухэм я хъуэпсапIэм пэджэжу, Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм къыхилъхьэри, Искож хьэблэм дэт, Ашуров Тэнэхьум и цIэр зезыхьэ уэрамым тет библиотекэм и лэжьыгъэр щIэрыщIэу игъэпсыжащ. Иджы ар тхылъыр зи гъащIэм хэтхэм я зэIущIапIэщ, литературэ уэршэрхэр, щIэныгъэ псалъэмакъхэр щекIуэкI зэхуэсыпIэщ.
ЗэрытщIэщи, жылагъуэ гъащIэр нэсу къызэгъэпэща хъун папщIэ, ди щIыналъэм къэрал программэрэ лъэпкъ пэхуэщIэу зыбжанэ щолажьэ. Щэнхабзэр къэIэтыным, и дуней лъагъукIэм зегъэубгъуным хуэунэтIа а жэрдэмхэм ирагъэфIакIуэр жылагъуэм я зэхэтыкIэм и закъуэкъым, атIэ ар хуэгъэпсащ экономикэ зыужьыныгъэми, щIыналъэм и шыфэлIыфэри фIы и лъэныкъуэкIэ къэгъэлъэгъуэнми. «Щэнхабзэ» къэрал программэм и фIыгъэкIэ гъащIэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм пэджэж щэнхабзэ жэрдэмми гъуэгу игъуэтащ, библиотекэми лэжьэкIэ лIэужьыгъуэщIэ иIэ хъуащ.
ЦIыхур зэса гъэпсыкIэм тет къалэ библиотекэм щIэлъ тхылъ тегъэувапIэкIи, унэлъащIэкIи, техникэ IэмэпсымэкIи къанэ щымыIэу зэрахъуэкIащ, и пэш кIуэцIхэр зэрыщыту къагъэщIэрэщIэжащ. ТеплъэщIэ зыгъуэта тхылъэщ зыбжанэ Налшык къалэм дэтщ, еплIанэр къызэIуахащ.
Иджырей жыпхъэм иту зи бжэхэр щIэрыщIэу къызэIузыхыжа библиотекэм лэжьэн щыщIидзар 1974 гъэращ. Ар, нэхъапэхэм къызэрекIуэкIам хуэдэу, тхылъ хъумапIэ къызэрыгуэкIыу щытыжынукъым. Библиотекэ дунейми гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм зыдещI, жыпIэнуращи, зыдеужь. Тхылъыр цIыхум IэщIэмыгъэхуныр, Iэпэгъу хуэщIыныр, щIэджыкIакIуэхэр зэшэлIэныр, ахэр тхыгъэ дунейм къыщекIуэкIым щыгъэгъуэзэныр библиотекэхэм я къалэн нэхъыщхьэу щытамэ, иджы ахэр жэрдэмыщIэхэр къыщыхалъхьэ, зи Iуэху еплъыкIэкIэ зэтехуэ цIыху гупхэм я зэхуэсыпIэ хъун хуейщ. Библиотекэ лIэужьыгъуэщIэхэри аращ зэрыщытынур.
Тхылъ тегъэувапIэхэр сатыру екIуэкIыу пэш щхьэхуэм и утыкум итыжкъым, ахэр блыным декIуэкIыу кIэрытщ. Утыкум зэгъэуIуауэ Iэнэхэр итщ, зыр зым зэран хуэмыхъун хуэдэу зэбгъурыту. Пэшхэм компьютер зыбжанэ щIэтщ, хуей хъумэ библиотекэм къыщIыхьэр абыхэм ирилэжьэну хуиту. Нэхугъэр зыщIэз пэшхэм щIэт унэлъащIэхэр зэрыщыту щхъуэкIэплъыкIэщ, уи гукъыдэжыр къаIэту, жэрдэмхэр къызэщIагъэбатэу. Псори уэршэрынымрэ лэжьыгъэмрэ хуэгъэпсащ. Мыбдеж уи нэгу зыщебгъэужьыным, зыщыбгъэпсэхуным къищынэмыщIауэ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къыщызэбгъэпэщыну Iэмал щыIэщ – лекцэхэм укъыщеджэ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуа мастер-классхэр щызэхэпшэ, дерс гъэщIэгъуэнхэр къыщызэбгъэпэщ хъунущ. «Щэнхабзэ» проектым нэгъуэщI Iэмалхэр къыует библиотекэ лIэужьыгъуэщIэхэр нэгъэсауэ щэнхабзэ центр хъун папщIэ. Библиотекэм иIэ хъуа Iэмалхэр жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къагъэсэбэп хъунущ, цIыхухэмрэ абыхэмрэ щызэрыщIэ, щызэлъэIэс щIыпIэ хъууэ, а щIыкIэм тетуи ахэр тхылъми гъунэгъу яхуищIу.
Зи лэжьэкIэм зихъуэжа, зи Iуэху щIэкIэр щIэщыгъуэ защIэу зэхэухуэна хъуа литературэ зэхуэсыпIэр хухаша гъуэгущIэм техьакIэщ, илъэсыщIэм и лэжьыгъэр шэщIауэ иригъэкIуэнущ.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: