Ерыскъы къабзэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр

2023 гъэм зыужьыныгъэфI игъуэтащ щIыгъэпшэр IэрыщIхэр, химие пкъыгъуэхэр, хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу нэгъуэщI гуэрхэри къамыгъэсэбэпу ерыскъыхэкIхэр къыщIэгъэкIын унэтIыныгъэм. Ерыскъыр зэрыкъабзэм щыхьэт техъуэ сертификату 262-рэ ятащ 2019 - 2022 гъэхэм къриубыдэу. 2023 гъэм абы и бжыгъэм 123-рэ къыхэхъуащ (процент 14-кIэ нэхъыбэ) икIи 385-м нэсащ. Ерыскъы къабзэхэр къыщIэзыгъэкIхэри процент 18-кIэ нэхъыбэ хъуащ, иджыпстукIэ къэралым апхуэдэ IуэхущIапIэу 177-рэ иIэщ.

         «Органическэ продукцэм и IуэхукIэ» Федеральнэ закон №280-ФЗ-м 2020 гъэм щIышылэм 1-м къару игъуэтауэ щытащ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, продукцэ къабзэхэр къыщIэзыгъэкIыу зыкъэзылъытэж IуэхущIапIэхэм абы и щыхьэт сертификатхэр яIэн хуейщ икIи УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм органическэ продукцэхэр зыгъэхьэзырхэр зыхагъэхьэ зыуэ щыт и реестрым щатхауэ щытын хуейщ.

         Органикэ ерыскъыпхъэ къыщIэзыгъэкIхэм я деж къэралым бжьыпэр щызыIыгъыр къэкIыгъэхэм елэжьхэрщ – процент 53-рэ мэхъу ахэр. Абы къыкIэлъокIуэ ерыскъыхэкIхэм елэжьхэр – процент 37-рэ, лым, шэм елэжьхэм – проценти 8 къалъос.

         Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэдгъэлъагъуэмэ, фадэхэкIым елэжь абы и IуэхущIапIитI – «Премиум» ООО-мрэ «Эльбрус Спиритс»-мрэ УФ-м МэкъумэшымкIэ и министерствэм и реестрым щатхащ.

         «Органическэ» псалъэр тратхэн щхьэкIэ ахэр зэрыкъабзэм щыхьэт техъуэ серитфикат IуэхущIапIэхэм яIэн хуейщ дяпэкIэ. Апхуэдэ дэфтэрхэр ямыIэу тратхэмэ, щыIэ хабзэм тету, апхуэдэхэм къуэдыуэ сом мини 100-м къыщыщIэдзауэ 500-м нэс тралъхьэнущ. ИкIи апхуэдэу зэтхьэкъунур ерыскъыхэкIхэр къыщIэзыгъэкIхэм я закъуэкъым, атIэ ахэр зыщэхэри апхуэдэ жэуапым ирашэлIэнущ.

         Мы гъэм фокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ «эко», «био», «зеленый» псалъэхэр зи ерыскъыхэкIхэм тезыдзэну зи мурадхэми абы щхьэкIэ хуэфащэ сертификатхэр ямыIэу хъунукъым.

         2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м къэралым къыщащтауэ щытащ 2030 гъэ пщIондэ органическэ продукцэу къыщIагъэкIыр нэхъыбэ щIыным ехьэлIа унафэ. «Роскачество»-м къызэритамкIэ, хамэ къэралхэми ерыскъыхэкIхэм елэжь я IуэхущIапIэхэм я нэхъыбэм ди деж щыIэ мардэм тету я продукцэхэм ди сертификатхэр хурагъэщIыныр нэхъ къащтащ.

         Къэбгъэлъагъуэмэ, щыгъэпшэр IэрыщIхэр, химие пкъыгъуэхэр, хущхъуэхэр, нэгъуэщI къинэмыщIхэр зыхэмылъ ерыскъыр къэбгъэхъун е къэбгъэкIын папщIэ, абы зэмануи, мылъкуи нэхъыбэ текIуэдэнущ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ар къэпщэхунри нэхъ лъапIэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, зызыужь къэралхэм, ерыскъыр зыхуримыкъухэм, мэжэщIалIагъэм гугъу иригъэхьхэм хэплъыхь ящIыркъым икIи абыхэм  органическэ продукцэхэр къыщыбгъэкIыным мыхьэнэ иIэкъым. Ахэр нобэ, иджыпсту гъэшхэн хуейщи, абы сыт хуэдэ Iэмалри къыхуагъэсэбэп.

         А Iуэхум теухуауэ мыри гъэщIэгъуэнщ. ИлъэсипщI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, къэрал зэхуэмыдэхэм щыщ щIэныгъэлI 12-м къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIат, зэгурымыIуауэ икIи зэрымыщIэххэу,  ерыскъы къабзэмрэ химие пкъыгъуэхэр зыхэлъымрэ цIыхум и узыншагъэмкIэ фIагъыу е зэраныгъэу екIхэр зэхагъэкIыу. АтIэ, мыхьэнэ ин епт хъуну ахэр зэрызэщхьэщыкI къахуэгъуэтакъым абыхэм. Абы къикIыр узэхъуэпсар, уигу зыхуэкIуэ ерыскъыр  шхын хуейуэ аракъэ? 

                                                                                      ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

Поделиться: