Уэрэдыр зи псэм хэлъ

Хьэбэз къуажэм щыщу «ди япэ шэрджэс оперэ уэрэджыIакIуэ» жаIэу ягъафIэ артисткэр зи напщIэ телъыр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэухэм я закъуэкъым. Илъэс 30-м нэблэгъауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и утыкур егъэбжьыфIэ псоми къахэщу макъ дахащэ зиIэ, и теплъэкIи зэкIуж, КъБР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ Шэрджэс Iэсият. 
- Академическэ уэрэд жыIэкIэм утетущ уэ цIыхум нэхъ укъызэращIэр. Классикэм епхахэм яхэлъ куэд абы дэкIуэду жаIэри, пэж, Iэсият? 
- Хьэуэ, Жан! Ар зыми къыдэсщтэркъым. Сэ сезыгъэджа профессор Мазун къызэупщIат, къызэрыщIэбдзар сыт хуэдэ уэрэд жиIэри. Абы мыхьэнэ иIэщ, къыхэгъэщыпхъэщи. АпхуэдизкIэ си макъыр Iисраф ящIат нэхъапэIуэкIэ сиIа егъэджакIуэхэми, си насыпу, а Мазун сыхуэзэжат жызоIэ. «Мы хъыджэбз цIыкIум и макъыр мецо-сопрани, сопрани, колоратурни тщIыфынущ. МобыкIи мыбыкIи макIуэ!» - жаIэу, ягъэщIагъуэу сащтат. Ещанэ курсым сыщынэсам октавитIым фIэкI хъужтэкъым си макъыр, опернэ уэрэджыIакIуэ сащIыну хуейуэ, апхуэдизкIэ якъузати. Сызэрагъэува а щытыкIэр си щхьэм фIырыфIкIэ зэримыкIынур Мазуным къыгурыIуэри, жиIащ: «Ася, уи анэдэлъхубзэмкIэ къызжеIэт уэрэд». Абдежым алъандэрэ сызыхурагъэджа уэрэд жыIэкIэр езгъэкIуэтэкIри, япэ дыдэ къызэрыщIэздзауэ щыта репертуарыр згъэзэщIащ… «Iэдииху», «Си нанэ», «Берычэт бесын», адыгэ уэрэдыжьхэр, гъыбзэхэр щысшэщIым: «Уэ макъ телъыджэ уиIэщ, зэхъуэкIыжынIаи хуэмейуэ!» - къызжиIат. 
- ЦIыхум къыдалъхуа и макъыр ягъэкIуэдыф, зэрыжыпIэмкIэ! 
- НтIэ. «Мис мыбдеж, диафрагмэм уи бэуэкIэр къегъэхыт», - жиIэри, дакъикъибгъу ихьауэ аращ, си макъыр и пIэ иригъэувэжыным. ФIыуэ уэрэд жысIауэ, сызыхуэарэзыжу сценэм сыкъыщехыжкIэ, и хьэдрыхэ дахэ ухъу си егъэджакIуэм жызоIэ. Ар мыхъуамэ, Шэрджэс Iэсият ямыцIыхунри хэлът. 
- Уи макъыр къызэригъэщIауэ зэрыпхъумэжар и фIыгъэщ абы щыгъуэ уигу-уи псэм имыдэ уэрэд зэрыжумыIар. Иджыри сыт хуэдэ Iэмалхэр щыIэ уэр-уэру укъэнэжын папщIэ?
- ЦIыхухэм сазэрыфIэмынэным, жагъуэгъу зэрызимыIэным иужь ситащ сытым дежи. АбыкIи зысхъумэжауэ къызолъытэ.
- ЖыпIэм содаIуэри согъэщIагъуэ… Хьэрхуэрэгъур щыкуэду узэрыт утыкум нэхъыбэрэ зыщаIэжьэн папщIэ, нэхъыбэр, зэрыжаIэщи, гущIыIу ирокIуэ. Уэ цIыхугъэр, напэр япэ ибогъэщ. Уи теплъэракъым, уи макъыракъым.
- Си инстаграмми уатсапми «Уадыгэну гугъущ. Псэм ипэ - напэ» жери тетщ. СызыщIапIыкIар аращи, нэгъуэщI Iэмалхэр сцIыхуркъым. Си адэ-анэр сиIэжкъым. Абыхэм я псэр зэрызмыгъэукIытэным яужь ситу сопсэу. 
- Шэрджэс Алий ипхъущ зэрыжаIэм нэхъ лейуэ гугъу уримыгъэхьу пIэрэ, Iэсият?!
- Сригъэхь къудейрэ?! Джэдгъэф Борис къызжиIащ: «ПсэкIэ хуабжьу гугъу уехьу упсэууэ къысщохъу. Шахмат уджэгум хуэдэщ уэ». Сэ сыцIыхущ, сыкъэбгъэпцIэнми зыри хэлъкъым. Ауэ сытым дежи зызошыIэ, сытэмакъ кIыхьщ. 
- ГуфIэгъуэ гуэр щыIэмэ, ар артистхэм ямыгъэдахэмэ, хэт зыгъэдэхэнур, псалъэм папщIэ?! Ауэ, абы ирихьэлIэу е угукъыдэмыжщ, е ухущIыхьэркъым. Мыхъужыххэмэ, къыпIэщIалъхьа микрофоныр тэмэму мылэжьэнри хэлъщ. Сыт апхуэдэхэм деж пщIэр? 
- Аращ си IэщIагъэр жызоIэри, сокIуэ… Уэрэд жыIэныр IэщIагъэ къудейуэ къысщыхъуркъым. Ар си псэм хэлъщ, сэ сщыщщ. 
- Уэрэд жызумыгъэIи къысщыщIым еплъыт… Ара?!
- СыщыцIыкIум си адэм «еджэ» жиIэу, тхылъ къызитамэ, ар пшынэу е пианинэу къызыщызгъэхъуурэ, «сеуэрт». Си анэр медицинэм епхати, абы дохутыр сищIыну пылът. Си адэм и лъыр текIуащ. ДэнэкIэ сымыгъэзами, сыт сымылэжьами - макъамэр сыт щыгъуи си гъусэт. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыращи… Илъэс ипэ, фокIадэм и 20-м Кремлым дашат, ди республикэ дахащэр илъэсищэ щрикъум. Абы ипэ къихуэу, шыщхьэуIум и 2-м си анэр дунейм ехыжат. УнэмыкIуэу хъунукъым, Iэсият щыжаIэм, си адэм жиIэу щытар сигу къэкIыжащ: «Адыгэ лъэпкъым теухуауэ Iуэху диIэщ жаIэу ураджамэ, уи бзэ къебгъэкIуу сом жумыIэ! ИкIи, сыт къэмыхъуами, зыIэти кIуэ. Адыгэ Iуэхур пхуэгъэкIуэтэну пщIэмэ – укъимыкIуэт!». СыкIуат… Насып сиIэу, нэжэгужэ уэрэдтэкъым згъэзэщIар. Хъыджэбз цIыкIухэм ялъэгъуащ абы щыгъуэ си фэм дэкIар. 
- Гугъут!
- Хуабжьу гугъут! «ДыбгъэлъэпIащ. Тхьэм уигъэпсэу», - жызыIа щыIащ. Ауэ зы цIыху, си нэгу къиплъэу, «емыкIу пщIащ» къызжиIакъым. КъагурыIуащ. 
- Iэсият, сыщыуэми сщIэркъым, ауэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, дневник птхыуэ, уигу-уи псэм щыщIэр тхылъымпIэ кIапэм епIуэтылIэу укъекIуэкIауэ жыхуаIэр пэж?
- Аддэ-аддэ, си щIалэгъуэм. Абы истхахэм, сэ къалэну зыхуэзгъэувыжауэ щытахэм согупсысыжри… Нэхъыбэу си адэм щапхъэ тесхауэ арагъэнут. Си адэми иIащ дневник. Ауэ, сэ щIэх щызгъэтыжащ. ИужькIэ къызэрызгурыIуамкIэ, а къомыр тхыным зэман ехь, икIи занщIэу умытхмэ, тIэкIу пIэщIэхужарэ мыпэж хуэдэу мэхъу пщыхьэщхьэм птхыжыр. Моуэ пцIы гуэр кIуэ хуэдэ. Сыкъегупсысри, IэщIыб сщIыжащ ар. Ар, папэ и псэкIэ тхакIуэти, абы нэхъ къыхуэщхьэпэу къыщIэкIынт. 
- Упсэуху уеджэн хуейщ жыпIэу щызэхэсхащ зыщIыпIэ. Уэ узэджэр сыт иджыпсту?
- Иджыпсту си IэщIагъэм теухуахэм сыхоплъэ, е пщэфIэным. Зы махуэм зы псалъэщIэ, е зы хъыбарыщIэ, е зы гъэщIэгъуэн гуэр къэпщIэн хуейщ. Махуэм умыпсэуауэ плъытэ хъунущ апхуэдэ зыгуэр къыумыщIамэ, е цIыхуфI ухуэмызамэ.
- Плъэгъуа! А зы жыIэгъуэм щхьэкIэ дневник птхы хъунт!
- Нэхъапэм стха дневникхэм седжэжмэ, си щхьэр цIыкIуу сигъэлъагъужынущ. Сыхуейкъым. 
- Упсэлъэгъу гъэщIэгъуэнщ, Iэсият. Уи IэщIагъэм и хъер тхьэм уигъэлъагъу! 
- ФIыуэ флъагъухэр къыфхуихъумэ! Музтеатр, концерт, нысашэ, гуфIэгъуэ фыщIэмыкIуэн щхьэусыгъуэ тхьэм фимыгъэлъагъу.
Епсэлъар ХЪУЭЖЭ Жанщ.
Поделиться: