«Къэрэхьэлъкъыр» зи къежьапIэ

Илъэси 100 ипэкIэ, 1924 гъэм ма­заем и 3-м, дунейм къыте­хьащ нобэрей «Адыгэ пса­-лъэр» къы­зытехъукIыжа «Къэ­рэ­хьэлъкъ» газетым и япэ номе­рыр. 

Гухэхъуэщ икIи дэрэжэгъуэ къозытщ нэхъапэм тхыбзэ ­укъуэдия зимыIа ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ газетым и ныбжьыр лIэщIыгъуэ зэрыри­къуар. Дрогушхуэ абы и лэ­жьакIуэхэри, сыт щыгъуи къытхуэпэж ди щIэ­джыкIакIуэхэри. «Къэрэхьэлъкъыр» зи къежьапIэу «Адыгэ псалъэм» хуэкIуэжа махуэ къэс ди Iэпэгъур лъэпкъ щэнхабзэм къыгуэхыпIэ зимыIэ и зы Iыхьэ лъэщ хъуащ япэ лъэбакъуэхэр щича лъэхъэнэм щегъэжьауэ.
ЦIыхубэм я телъхьэ совет властыр къэунэхуа иужькIэ щIэ­ныгъэм куууэ зезыта адыгэхэм, дауи, яIэн хуейт а зэманым мыхьэнэшхуэ дыдэ большевик­хэм зрату щыта газетхэри. 1921 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 1-м къыдэкIыу щIэзыдза «Красная Кабарда»-м къалэнышхуэ зэфIигъэкIырт гъащIэщIэр цIыху­хэм яхипщэн, абы и мыхьэ­нэр къагуригъэIуэн папщIэ. АрщхьэкIэ ар зэрытрадзэр нэхъыбэм урысыбзэти, къытехуэ тхыгъэхэм зыщагъэгъуэзэн пап­щIэ зэдзэкIакIуэхэр къалъы­-хъуэн хуей хъурт. Пэжщ, абы адыгэ редакцэ иIэт, адыгэбзэкIэ тхахэми ущрихьэлIэрт. Ауэ ахэр бгъэхьэзырыну Iуэху тынштэкъым, ди лъэпкъым и тхыбзэр зэрыщытынур властыщIэм иджы­ри зэримыубзыхуам къы­хэкIыу. ЩытыкIэр нэхъ хьэлъэж ищIырт ди япэ итахэм ящыщу процентитIым нэблагъэм фIэкIа щIэныгъэ зэрабгъэдэмылъым, абыхэм я нэхъыбэри дин лэжьакIуэхэу. ЦIыхубэм тхэкIэрэ еджэкIэрэ зрагъэщIэн щIадза къудейт. Арати, адыгэбзэкIэ ягъэхьэзыр тхыгъэ закъуэтIа­къуэр зэратхыр хьэрып хьэрф­хэмкIэт, КъурIэн еджэфхэм ­зы­щагъэгъуэзэфын хуэдэу. 
ГъащIэщIэм теува къэралым къыщыхъухэр я анэдэлъхубзэмкIэ зрагъэщIэну, абы щыщ зы Iыхьэ хъуну цIыхухэр щIэхъуэ­псырт. ХэкIыпIэу а лъэхъэнэм щыIэр газетым и закъуэт, къэунэхуагъащIэ радиом иджы­ри зэрызимыужьам къыхэкIыу. Ар адыгэбзэкIэ нэхъыбэрэ «къэгъэпсэлъэн» хуейт. А къалэн мытыншыр къащехъулIар 1924 гъэм и пэщIэдзэращ, абы теухуа унафэр нэхъ пасэу щыIа пэтми. 
Дым Iэдэмрэ ЦIагъуэ Нурийрэ 1913 гъэм зэхалъхьа алыфбейр а лъэхъэнэм къагъэсэбэпатэмэ, адыгэ газетым и къызэгъэ­пэ­щыныр нэхъ псынщIэу икIи тыншу зэфIэкIынут. Абы тету 1917 гъэм и кIэухым дунейм къы­техьакIэт ди щIыпIэм къыщыдэкIа «Адыгэ макъ» япэ лъэпкъ газетыр. Нэхъ пасэжу, 1911 гъэм мэ­лыжьыхьым (апрелым) и 2-м, ЦIагъуэр яхэтат Тыркум япэ дыдэу ди бзэкIэ «Гъуазэ» газетыр щызэхэзыублахэм - аращ адыгэ газетхэм я къежьапIэу къэлъытэн хуейри. ЦIагъуэмрэ Дымымрэ я алыфбейр къыщIамыщтам по­литикэ щхьэусыгъуэт иIэр - мус­лъымэныгъэр, адрей динхэми хуэдэу, зыгъэкIуэдыжыну мурад быдэ зыщIа большевикхэм ягу техуэнутэкъым абы и фэр зраплъ хьэрып хьэрфхэр тхыбзэщIэ зэзыгъэгъуэт лъэпкъым тегъэ­щIапIэ ищIу.
Апхуэдэу щыхъум, ди щIыпIэм кърагъэблэгъащ урыс лингвист цIэрыIуэ Яковлев Николай. 1920 гъэм щыщIэдзауэ абы щIэх-щIэхыурэ иригъажьэрт Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я бзэр зыдж экспедицэхэр. ИужькIэ, 1924 гъэм, къэралым щIэныгъэ щегъэгъуэтынымкIэ наркоматым (иджырей министерствэхэм хуэ­дэм) къыщызэригъэпэщат кав­казыбзэхэм я тхыбзэм елэжь комитет щхьэхуэ икIи и унафэщIу щытащ 1937 гъэ пщIондэ къэ­гъуэгурыкIуа алфавитыщIэр зэ­хэзылъхьа комиссэм. 

Латин хьэрфхэр зи лъабжьэ алыфбей адыгэхэм тхузэхалъхьэнымкIэ Яковлевым къигъэсэбэпащ Хъуран Батий, Борыкъуей ТIутIэ, ЦIагъуэ Нурий, ЩэрылIокъуэ Талъостэн, Ел­бэрд Хьэсэн сымэ, нэгъуэщI ди щIэныгъэлIхэм я зэфIэкIыр. 1923 гъэм ирихьэлIэу ар хьэзыр хъуащ икIи цIыхубэм зыхагъэгъуэзэн папщIэ «Красная Кабарда» газетым къытра­дзащ. 

Ди щIыпIэм къыщыдэкI газетым нэхъыбэрэ адыгэ тхыгъэхэр къытехуэнымкIэ латин хьэрфхэр зи лъабжьэ тхыбзэ диIэ зэрыхъуар щIэгъэкъуэн лъэщт. Сыти жыIи хьэрып хьэрфу типографием иIэхэр апхуэдизу мащIэти, къыдэкIыгъуэ къэс тхыгъэ кIэщI зыщыплI фIэкIа нэхъапэм традзэфыртэкъым. 
1924 гъэм мазаем и 1-м къыдэкIащ «Красная Кабарда» газетым и иужьрей номерыр. МахуитI дэкIри, мазаем и 3-м, дунейм къытехьащ «Къэрэхьэлъкъыр», адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ къытехуэ тхыгъэхэр щызэхуэдэр. Абы и тиражыр минитI хъурт, арщхьэкIэ мазэм тIэу фIэкIа къыдэкIыфыртэкъым – яхурикъуртэкъым тхыгъэхэр зыгъэхьэзырхэмрэ къэзыщы­п­хэмрэ. 
«Къэрэхьэлъкъыр» хъыбарегъащIэ, ущиякIуэ, гъэсакIуэ къудейтэкъым. АбыкIэ ди лъэпкъэгъу куэдым зрагъэщIащ тхэкIэрэ еджэкIэрэ: цIыхухэр гупу зэхуэсурэ газетым къе­джэрт, итхэм тепсэлъыхьыжырт, езыхэми я хъыбар редакцэм Iэрагъэхьырт. Тхылъхэр щIымащIэ лъэхъэнэм ар хэ­кIыпIэфIт.
«Къэрэхьэлъкъыр» бзиплIкIэ къыдэкI хъуащ 1925 гъэм и бадзэуэгъуэ (июль) мазэм ирихьэлIэу. Адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ гъусэ яхуэхъуащ балъкъэрыбзэмрэ Налшык куэду щыпсэу бгырыс журтхэм я бзэмрэ. Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и лъабжьэ быдэу уващ газетыр. 
А щIыкIэм тету илъэсиблкIэ къыдэкIащ «Къэрэхьэлъкъыр». 1931 гъэм и мазаем (латин хьэрфхэр кириллицэкIэ яхъуэжа иужькIэ) абы къытепщIыкIыжащ адыгэбзэ защIэкIэ щхьэхуэу дунейм къытехьэу хуежьа «Ленин гъуэгур». Апхуэдэ дыдэ Iэмал ягъуэтащ балъкъэрхэми - «Ленинчи жол», урысхэмрэ адрей лъэпкъхэмри - «Ленинский путь». 
Аращи, «Къэрэхьэлъкъ» газетыр дунейм къызэрытехьэрэ нобэ илъэси 100 ирокъу. Абы тхыдэ къулей икIи хьэлэмэт зэриIэм шэч хэлъкъым: къэбэрдей адыгэхэми республикэми я гъащIэм а лъэхъэнэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр и напэкIуэцIхэм нэсу къыщыгъэлъэгъуащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ахэр джыжыным, щIэныгъэр и лъабжьэу зэфIэгъэувэжыным иужь ихьа щIагъуэ щыIэкъым. Нобэ зумыгъэзэ­хуар, къыумыхутар пщэдей гъуэтыжыгъуей мэхъу. Абы и щыхьэтщ ди республикэм къыщыдэкI газетхэм я тхыдэм нэхъ куууэ зыщызгъэгъуэзэн мурадкIэ я япэ къыдэкIыгъуэхэр куэдрэ къызэрыслъыхъуар. Мэзкуу къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетыр къыщызухым, 1986-1987 гъэхэм, «Къэрэхьэлъкъым» и къежьапIэм тезухуа диплом лэжьыгъэр щыстхым, Крупскэм и цIэр зезыхьэ Республикэ библиотекэм (иджы Мэлбахъуэм и цIэр зыфIаща Лъэпкъ библиотекэм) абы и къыдэкIыгъуэ щхьэхуэхэр слайдхэм тетхауэ къыщызгъуэтри, зыщызгъэгъуэзауэ щытащ. Иджы а слайдхэм узэреплъын Iэмэпсымэхэри щыIэжкъым икIи 1929 гъэ пщIондэ къыдэкIа «Къэрэхьэлъкъым» дыпыкIыпащ. ЩыIэкъым ахэр «Адыгэ псалъэм» и редакцэми. Иджы дыщолъыхъуэ къэралым и газет гъэтIылъыпIэ нэхъыщхьэхэм. Хэт ищIэн, ди насып къикIынкIи хъунщ?! Абы къыхэкIыу щIэджыкIакIуэхэм захуэдгъэзэну дыхуейт: ди газетым и тхы­дэм теухуауэ фызыщыгъуазэмкIэ фыкъыддэгуашэ. Дэ ахэр гулъытэншэ тщIынукъым икIи адыгэ газетым и илъэсищэ юбилейм тедухуа 2024 гъэм къриубыдэу дгъэхьэзыр тхыгъэ куэдым къадэкIуэу къытеддзэнущ.
КъищынэмыщIауэ, редакцэм музей къыщызэдгъэпэщыну ди мурадщ. Абы щызэхуэтхьэсынущ адыгэ газетым ехьэлIауэ дгъуэтыж псори. Гуапэ тщыхъунт фэри, щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ, зыкъытщIэвгъэкъуатэмэ. Адыгэ газетым, абы щылэ­жьахэм, и тхыдэм теухуауэ сытри ди дежкIэ щхьэпэщ. Ахэр къахуэсэбэпынущ къытщIэхъуэ щIэблэми.
Адыгэ газетыр дунейм къызэрытехьэрэ нобэ илъэсищэ ирикъуами, а Iуэхугъуэ дахэр Iэтауэ щыдгъэлъэпIэнур нэхъ иужьыIуэкIэщ, дызэресауэ, дунейм и щIэрэщIэгъуэ гъатхэм и кIэухым - гъэмахуэм и пэщIэдзэм. Абы и пэ къихуэу зэIущIэ хьэлэмэтхэр, Iуэху щхьэпэхэр едгъэкIуэкIыну, газетым щылэ­жьа нэхъыжьыфIхэм дахуфхутепсэлъыхьыну, нэгъуэщI куэди ди мурадщи, дэтхэнэ зыри фыхэтыну фыкъыдогъэблагъэ. 

Жыласэ Заурбэч,
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ.

 

ЖЫЛАСЭ Заурбэч, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ.
Поделиться: