|
Жылагъуэ
23 октября, 2019 - 05:05
«Хуабжьу зыхэтщIащ СССР-мрэ УФ-мрэ я еджагъэшхуэ щэджащэ, къызэгъэпэщакIуэ гъуэзэджэ, езыр зэрыгушхуэу щыта и лъахэ дахащэм, къызыхэкIа лъэпкъ уардэм я къуэ пэж Къумахуэ Мурадин игъуэ нэмысу дунейм зэрехыжар.
18 октября, 2019 - 05:20
«Япэу Iуащхьэмахуэ дэкIар: къэхъуамрэ къагупсысамрэ» («Первовосходитель на Эльбрус: факты и вымысел») - ар и фIэщIыгъэу Налшык дэт «Принт-Центр» IуэхущIапIэм Хьэшыр Аскэр и IэдакъэщIэкIыу тхылъыщIэ къыщыдэкIащ.
18 октября, 2019 - 05:17
Къафэ, сурэтыщI гъуазджэхэм зегъэужьынымкIэ «Илзе Лиепа» псапащIэ фондым хъыбар фегъащIэ сабий, ныбжьыщIэ къафэхэм хухаха Лъэпкъ саугъэтыр къэхьынымкIэ «Весна священная» урысейпсо зэпеуэм хэтынухэм я тхылъхэр къыIахын зэрырагъэжьар. КъызэгъэпэщакIуэхэм я дэIэпыкъуэгъущ Президент грантым и фондыр.
18 октября, 2019 - 05:07
Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и пщIантIэм дэтщ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьакIуэхэм я фэеплъ. Абдеж пэкIу щекIуэкIащ жэпуэгъуэм и 13-м. Абы хэтащ щIыналъэ УФСИН-м и унафэщIхэр, КъБР-м и УИС-м и ветеранхэр, я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я унагъуэхэм ящыщхэр, дин лэжьакIуэхэр.
11 октября, 2019 - 05:14
«Урысей мэкъумэшбанк» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм 2019 гъэм цIыхухэм щIыхуэу яритащ сом мелуан 790-м щIигъу. БлэкIа мазибгъум къриубыдэу - мелуан 94-рэ къызэщIэзыубыдэ кредит 53-рэ.
Банкым щIыхуэ тыкIэр ирегъэфIакIуэ, цIыхухэм ар тыншу къагъэсэбэпын хуэдэу.
Банкым и къудамэм и унафэщI Атакуев Заур зэрыжиIамкIэ, цIыхухэм нэхъыбэу щIыхуэ къыщIащтэр фэтэр къащэхун папщIэщ.
11 октября, 2019 - 05:11
ТурСтат сайтым наIуэ къищIащ псы хущхъуэхэмкIэ, ятIэхэмкIэ щеIэзэурэ Урысейм и цIыхухэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, зыщагъэхъуж и щIыпIэ нэхъыфIхэр.
9 октября, 2019 - 05:17
Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профес-сор, ЩIДАА-мрэ РАЕН-мрэ я академик, УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэшыр хъумэнымрэ гъэбэгъуэнымкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къагъырмэс Црай и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
9 октября, 2019 - 05:10
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу ди республикэм щыIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм ящыщ зыт Кэнжэ щекIуэкIар. Пшыналъэ дахэр къыдэIукIрэ щIалэгъуалэр адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIауэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и пщIантIэм жылэдэс нэхъыжьхэр, нэгъуэщI щIыналъэ къикIа хьэщIэхэр щрагъэблагъэрт.
3 октября, 2019 - 05:10
Тенджыз ФIыцIэм и адрыщI лъэныкъуэмкIэ къыщыс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжщ адэжь щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ къакIуэ, адыгэ Iуэхум телажьэ, зи хэкур зрагъэбгына ди адэшхуэхэм я фэеплъым хуэпэж цIыхухэр.
3 октября, 2019 - 05:03
Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Си гуапэу хъыбар фызогъащIэ фокIадэм и 1-м ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием псапэхуэщIэу щIэныгъэ проектыщIэ си нэIэ щIэту утыку къызэрырихьэмкIэ.
Страницы
|