Уней IуэхущIапIэхэм зыщIагъакъуэ

«Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и апхуэдэ IэнатIэхэм пэрытхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм ящыщу 174-м щIыхуэ мыинхэр къыIахыным теухуа зэгурыIуэныгъэу 214-рэ нэгъабэ иращIылIащ, сом мелуан 28,1-рэ я уасэу.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэр» лъэпкъ пэхуэщIэр Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ 2019 гъэм щегъэжьауэ къэралым щолажьэ.

Уней IуэхущIапIэхэрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм я щыщу ахъшэ щIыхуэ зратахэм я нэхъыбэр пэрытщ продукцэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIэгъэкIын IэнатIэм. Я нэхъыбапIэкIэ ахэр хьэрычэт щIэн Iуэхум къыхыхьагъащIэхэмрэ я IэнатIэ зэтезыухуэхэмрэщ.

ЩыIэ хабзэмкIэ, уней IуэхущIапIэхэм апхуэдэ зэгурыIуэныгъэкIэ ахъшэ щIыхуэу иратыр сом мелуани 5 нэхърэ нэхъыбэ хъуркъым, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм - сом зы мелуанщ. Ари абыхэм къыхуаутIыпщын щхьэкIэ, япэрауэ, лэжьакIуэхэм я щIыхуэ улахуэмкIэ ятелъу ядэнукъым. ЕтIуанэрауэ, илъэс блэкIам къриубыдэу хэхъуэ зэраIар налог хэзых IэнатIэхэм я деж къыщагъэлъэгъуауэ щытын хуейщ. Абыхэм къадэкIуэу, щIыхуэ къащтар зэблэмыууэ и чэзум зэратыжыфым щыхьэт техъуэ тхылъми куэд елъытащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: