Ди ущиякIуэт, ди гъуэгугъэлъагъуэт

Дэтхэнэ цIыхум и дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ ар гъащIэ гъуэгуанэм, щIэныгъэ лъагъуэм тезышэ и егъэджакIуэм. Къохъу уеблэмэ уи къэкIуэнур, къыхэпхыну IэщIагъэр абы щелъыта. Адэ-анэм нэмыщI егъэджакIуэращ ди школ ныбжьым къриубыдэу щапхъэ тхуэхъур, гъуазэу къэтлъытэр. Апхуэдэт си дежкIэ ущиякIуэрэ гъуэгугъэлъагъуэу сиIа, егъэджакIуэ Iэзэ икIи бзылъхугъэ щыпкъэ Нало Къарэ. 

ЕгъэджакIуэфIыр тхэкIэрэ еджэкIэрэ уригъасэным, щIэныгъэ гуэрым и лъабжьэ уи акъылым щигъэтIылъыным я закъуэкъым зэлIалIэр. Абы апхуэдэуи гъэсэныгъэ дахэ къыпхелъхьэ, псэуныгъэм, гъащIэм и щэхухэм щыгъуазэ ухуещI, уи гупсысэмрэ дуней еплъыкIэмрэ зрегъэужь, зрегъэшэщI. Аргудан къуажэм дэт курыт школым урысыбзэмрэ литературэмрэ дыщыхуезыгъэджа Къарэ и Iуэху зехьэкIэр а мардэхэм хуэкIуэрт. Абы и макъ щабэмрэ псэлъэкIэ дахэмрэ ящIэлъ хуабагъымрэ гуапагъэмрэ занщIэу уащIырт а егъэджакIуэм псэкIэ пэгъунэгъу. Аращ Налом теухуа си гукъэкIыжхэм егъэджакIуэм хуэфащэ нэмысри, нэхъыжьыфIым хуэтщI пщIэри, анэм худиIэ лъагъуныгъэри щызэхэухуэнауэ щIыщытыр. 
СощIэж: Къарэ сызыбгъэдэс партэм къетIысылIэрти дерсыр зэрысщIым набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъырт, щыуагъэ хэсщIыхьмэ, Iэдэбу гу лъызигъатэрт. ЕгъэджакIуэм къызит чэнджэщхэр хуэгъэпсат си зэхэщIыкIым зиужьыным, гупсысэр нэхъ куу хъуным. Абы и гъащIэ щапхъэм, зыпэрыт IэнатIэм хуиIэ щытыкIэм сэ зэуэ сыдахьэхати, егъэджакIуэ IэщIагъэм фIэкIа нэгъуэщI зыми сыхуемыджэну, си егъэджакIуэм хуэдэу сэри сылэжьэну мурад сщIат. Балигъ сыхъуу нэгъуэщI гъуэгу къыхэсхами, зэи сщыгъупщакъым а цIыхум дэслъэгъуа дахагъэхэр…
Зэгуэрым Къарэ ди унэ къакIуэри, си адэм зыхуигъэзат сэ и къану сритыну лъаIуэу. Апхуэдэ лъэIур фIэмыфIами, си адэм хуабжьу и гуапэ хъуат Аргудан жылэжьым пщIэрэ нэмысрэ щызиIэ бзылъхугъэ щыпкъэр ди унагъуэм къызэреблэгъар. «Ди къуэм апхуэдэ гугъэ дахэ къызэрыхуэпщIамкIэ фIыщIэ ин пхудощI. Ди фIэщ мэхъу уэ, Къарэ, абы гъэсэныгъэ екIуи щIэныгъэ кууи зэрептыфынур, - жиIауэ щытащ ди адэм. – Ауэ уи жагъуэ умыщI – щIалэм ди нэIэ тетыжу ди унэ исыжмэ, нэхъ къыдощтэ». Псалъэмакъыр апхуэдэу иухат, афIэкIаи абы зэи къытрагъэзакъым. Къарэ и лъэIур си адэм димыIыгъами, абы къысхуиIэ щытыкIэм зыкIи зихъуэжатэкъым, атIэ апхуэдэ дыдэу щабэу, гуапэу къызбгъэдэтт, анэ пэлъытэу. 
Заул дэкIауэ, школым сыкIуэу Аргуданыпсым телъ лъэмыж хъыринэм сикIрэ пэт, си ныбжьэгъухэм лъэмыжыр ину щIэупскIэн щIадзэри, сэ псым сыхэхуауэ щытащ. Дунейр гъатхэ щIыIэт. Сэ псыф сыхъуат, ауэ унэм згъэзэжын си адэм сыщышынэри, псыр къызэрыспыжу школым сыкIуащ. Къарэ си Iуэху зыIутыр къыщищIэм, егъэджакIуэхэм я пэшым сыщIишэри, сэ шей пщыр сефэху, си щыгъыныр схуигъэгъущыжауэ щытащ. Апхуэдэу къысхуэнабдзэгубдзаплъэт а цIыху щыпкъэр. Нэхъ Iейуэ ар яхущыттэкъым адрей си классэгъухэми ди школым щеджэ дэтхэнэми. Зигурэ си псэрэ зэIухауэ щIэблэр гъэсэным, егъэджэным пэрыт бзылъхугъэр нэгъуэщIу лэжьэфынутэкъым, псэуфынутэкъым. 
И щхьэгъусэр дунейм ехыжа нэужь, Къарэ и хъыджэбзитIыр и гъусэу Налшык къэIэпхъуащ. Дэ зэман кIыхькIэ дызэрылъэгъуакъым: ди гъуэгухэр зырыз хъуат. Ауэ сэ сщымыгъупщэу сыт щыгъуи сигу илът апхуэдизу фIыуэ сыкъэзылъэгъуа, гулъытэшхуэ къысхуищIу къызбгъэдэта си егъэджакIуэр. I986 гъэм мурад сщIащ илъэс бжыгъэ куэд лъандэрэ сымылъэгъуа Къарэ и деж сыкIуэну. Ар «Электроник» санаторэм зыгъэпсэхуакIуэ щыIэти, и дэлъхум и къуэ Нало Къанщауэ сщIыгъуу лъагъунлъагъу сыхуэкIуащ. Къарэ жыжьэу дыкъицIыхури, псынщIэу къытпежьащ. Абы IэплIэ гуапэ къысхуищIащ, и нэхэм нэпсыр щIэзу, и макъ щабэр кIэзызурэ: «Дэнэ укъикIа, си къуэ цIыкIу?» - жиIэу зыкъысхуигъазэу. Абы щыгъуэм дэ куэдрэ дызэбгъэдэсащ. Си егъэджакIуэм фIэхьэлэмэтт сэ стеухуа дэтхэнэ хъыбарри къэхъукъащIэри. 
А зэхуэзэ гуапэм и ужькIэ дэ афIэкIа зэпэIэщIэ дыхъуакъым: сыт щыгъуи ди хъыбар зэрыщIэу, ди мурадхэр зэхуэтIуатэу дыщытащ. Къарэ щIэупщIэрт Аргуданымрэ аргудандэсхэмрэ я псэукIэм, я ехъулIэныгъэхэм. Дэ дигу къэдгъэкIыжырт ар ди къуажэ щыдэса зэманым и ныбжьэгъуу, цIыхугъэу щытахэр. Зи лэжьыгъэр псэ хьэлэлу, и къару емыблэжу езыхьэкIа егъэджакIуэм и хъыбар сэри яхуэсIуатэрт ар зигу имыхуж си къуажэгъухэми.
ЩIэблэр гъэсэнымрэ щIэныгъэ етынымрэ IэнатIэм щиIа ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, Нало Къарэ мызэ-мытIэу ягъэпэжащ къэрал дамыгъэхэмкIэ, щIыхь тхылъхэмкIэ. Абы къыфIащауэ щытащ «КъБР-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «ЦIыхубэм щIэныгъэ егъуэтыным и отличник» цIэ лъапIэхэр, къыхуагъэфэщащ къэралым, ди республикэм и Совет Нэхъыщхьэхэм я щытхъу тхылъхэр. 
Нобэ, Къарэ щымыIэжми, дэ, абы и гъэсэнхэм, ар зыцIыхуу щытахэм, дощIэж ди егъэджакIуэм, ущиякIуэм и чэнджэщ Iущхэр, Iуэху зехьэкIэ дахэр, ди гум ихуркъым абы и макъ щабэр, гуфIэкIэ хуабэр, къыхуиIа анэ лъагъуныгъэр. АхърэткIэ гуфIауэ Тхьэм къыщIигъэкI а цIыху псэ къабзэр, щIэблэ куэдыр я гъуэгугъэлъагъуэу щытар. 

 

 

БАЖЭ Доти, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт.
Поделиться: