Сыт жаIар адыгэм щхьэкIэ?!

Спенсер Эдмунд (инджылыз усакIуэ): «Дунейр зи инагъым зы къэрали зы лъэпкъи щыбгъуэтынкъым адыгэхэм хуэдэу шыр нэхъ къызыгурыIуэ, пщIэ хуэзыщI, абы и гъэсэкIэм хуэIэзэ. Абы и щэхур гущIэгъулыуэ ахэр зэрыщытрауэ къысщохъу: шым зэи удын ирахынукъым. Абы и фIагъращи, шыр зейм быдэу пыщIа мэхъу, и гур зыщигъэуркъым. Ар зекIуэми, зауэ губгъуэми хуэпэжу щыбгъэдэтщ. Сэ куэдрэ слъэгъуащ ебгъэрыкIуэныгъэм зыхуэзыгъэхьэзыра адыгэлIым и шыр абы и лъакъуэм деж зыщригъэхуэхауэ зыгуэрым пэплъэн зэрыхуейр къыгурыIуэу зэпIэзэрыту щысу. Фочыр захуэу игъэуэн папщIи, шым и щхьэр абы пэщIигъакъуэрт…».
Бесс де Жан-Шарль (венгр тхыдэдж, зыплъыхьакIуэ 1799 – 1838 гъ.гъ.): «Шэрджэсым къулейуэ зыкъелъытэж IэщэкIэ ар фIы дыдэу зэгъэпэщамэ. Ар абы хуэсакъыпэу зэрехьэ. Езыхэм я фэилъхьэгъуэхэр псынщIэщ, зэгъэкIуащ, шым шэсынымрэ зекIуэ кIыхьхэмрэ хуэщIащ».
Хубиев Исмэхьил (къэрэшей узэщIакIуэ): Хабзэхэр нэхъыбэу щыбыдэщ зыхуей хуэзэу, хэхъуэ яIэу псэу лъэпкъхэм я деж. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ Къэбэрдейр. Ар и хабзэхэмкIэ бгырыс псоми я деж щытепщэт, сыту жыпIэмэ щIырэ IэщкIэ ар къулейт, адыгэшымкIэ дуней псом щыцIэрыIуэт. Абы къыхэкIыу мылъку гуэр зыбгъэдэлъ бгырысыр «цIыху зызыгъэлъагэхэм» яхэтыну хуеймэ, Iэмал имыIэу Къэбэрдейм щыIауэ, абы ныбжьэгъу щиIэу, щыхьэщIэу, езыми ахэр къригъэблэгъэжыфу щытын хуейт. Къэбэрдейм, Адыгейм, Шэрджэсым тхыбзэ щамыIэми, итIани пщы тетыгъуэхэм щыгъуэ я псэукIэмрэ зэхущытыкIэхэмрэ быдэу щызэтеублауэ щытащ. Хабзэхэм ткIийуэ тетынымкIэ сыт щыгъуи япэ итар къэбэрдейхэращ. Ауэ сытми къалъытэркъым Къэбэрдейр хабзэмрэ гъэсэныгъэмрэ я Хэкуу. ХьэщIагъэр, нэхъыжьымрэ цIыхубзымрэ пщIэ яхуэщIыныр, щIыхьэхукIэ зым адрейм зыщIигъэкъуэныр - нэгъуэщI куэди къызэщIиубыдэрт адыгэхэм я хабзэм.
Лапинский Теофил (польскэ офицер): «Тэтэрыр, тыркур, журтыр европейхэм хуэдэу зыщыпхуэпыкIми, дэтхэнэри зыщыщыр асыхьэту къыщIэщынущ. Ауэ зыми шэч къытрихьэфынукъым цIыхухъу кIагуэрэ пыIэрэ зыщатIэгъа адыгэр мыевропейуэ. АдыгэлIхэр лъагэщ, я Iэпкълъэпкъыр зэкIужщ, къарууфIэхэщ. Зэзэмызэххэщ щыщIагъэ гуэр щадэплъагъуэр».
Жуковский Пётр (академик:) «…Кавказым кхъужьIэрысэм зы зэман зыщрагъэужьауэ щытащ. Ижь-ижьыж лъандэрэ абы йолэжь, хущхъуэкIэ егугъуу, лIэужьыгъуэ нэхъыфIхэр ягъэкIыу… Си фIэщ хъуркъым нэгъуэщI зыгуэрым а пхъэщхьэмыщхьэр нэхъыфIыу къехъулIэу щыIэу. Тхыдэри щыхьэт зытехъуэжращи, кхъужьIэрысэ лIэужьыгъуэхэр дагъакIэурэ зезыгъэужьауэ къалъытэр Кавказырщ. Абыхэм къагъэсэбэп Iэмалхэм щыщыгъуазэртэкъым Алыджым ис лъэпкъхэри Индием щыпсэухэри.
Езыр-езыру щIым къыщыкI хьэйуэри Кавказым щыдагъэкIащ, абы ирахри, хьэт къэралыгъуэр щызэгуэтам щыгъуэ, Азие ЦIыкIум яхьащ… адэкIэ эллинхэм яIэрыхьащ… Алыджым ирашри, хьэйуэр урымхэм деж нэсащ… Ищхъэрэ лъагъуэхэмкIэ а пхъэщхьэмыщхьэр Урысей Ипщэм, Украинэм, Кърымым ялъэIэсащ - ахэри Кавказым ирашыурэ».
«…Унагъуэ къыпцIэхэм я хэкуу къэплъытэ хъунущ Кавказыр. Абы пхъэгулъымрэ пыжьеймрэ зэщIыгъуу къыщагъэкIыф».
«Европэмрэ Кавказымрэ иса лъэпкъыжьхэм, адрейхэм елъытауэ шхыным фIыуэ нэхъ пасэу къыщагъэсэбэпын щщIадзащ дэ лIэужьыгъуэхэр. Иужьым ар нэгъуэщI щIыналъэхэм яIэрыхьэ хъуащ Кавказым и хы Iуфэ бгы щIыпIэхэм ирашурэ».
Васюков Семён, (тхакIуэ): «Бгырысхэм сыт щыгъуи къайхъулIэу гъавэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр къагъэкIырт, бжьэхуцымрэ фомрэ къыщIагъэкIырт. Къэбгъэлъагъуэмэ, иужьрейр куэду хамэ къэралхэм ирагъашэу щытащ. Плъыржьэрым зэреIэзэ Iэмалу лIэщIыгъуэкIэрэ абыхэм яIар, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къащIэхъуа щIэблэм яхуэхъумакъым. ХэкIуэдэжащ пхъэщхьэмыщхьэ жыг хадэ цIэрыIуэхэри».
 

 

ЗэзыдзэкIар БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: