Шынагъуэхэм уащызыхъумэ бжыгъэрылъанэ дерсхэр

• Егъэджэныгъэ

«Бжыгъэр зи лъабжьэ дерсхэр» зи фIэщыгъэ урысейпсо егъэджэныгъэ жэрдэмым ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм къэралпсо мыхьэнэ зиIэ, бжыгъэр лъабжьэ зыщI щIэныгъэмрэ кибершынагъуэншагъэмрэ зегъэужьыным хуэунэтIа дерс зэIухахэр щекIуэкIынущ. Ар траухуэнущ аккаунтхэм «IункIыбзэIух» хэмыту узэрыхыхьэфыну Iэмалхэм.

КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, зэрыкъэралу щекIуэкIыну дерс зэIухахэм къыщаIэтыну псалъэмакъыр нэхъ зэIубз хъун папщIэ, егъэджакIуэхэр зэрыгъуэзэн методикэ дэIэпыкъуэгъухэмрэ видеогъэлъэгъуэныгъэхэмрэ Iэрагъэхьэнущ. Абыхэм къызэщIаубыдэну Iуэхугъуэхэм еджакIуэхэм я гъусэу зыщагъэгъуазэ хъунущ адэ-анэхэми класс унафэщIхэми. Сабиигъуэр, унагъуэр, гъэсэныгъэр джынымкIэ институтым методикэ дэIэпыкъуэгъухэр щызэхигъэувэм, ахэр еджэныгъэм, классщIыб лэжьыгъэм, гъэсэныгъэ Iуэхугъуэхэм хэплъхьэ зэрыхъунур къилъытащ. КъинэмыщIауэ, а дэIэпыкъуэгъухэм нэрылъагъу Iэмэпсымэхэри ящIыгъущ – ахэр адэ-анэхэм я зэIущIэхэм къыщыбгъэсэбэпи, сабийр еджэныгъэм зыщыIууэ гугъуехьхэр зэблэгъэкIынымкIэ чэнджэщэгъу щхьэпи хъунущ.
УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей къызэрыхигъэщамкIэ, «Бжыгъэр зи лъабжьэ дерсхэм» ныбжьыщIэхэр интернетым хэлъ фIагъхэм щыгъэгъуэзэным, абы къыхэкI шынагъуэхэм пэIэщIэ хуэщIыным, бжыгъэр зи лъабжьэ щIэныгъэмкIэ есэныгъэхэр етыным хуэунэтIащ. «Ди сабийхэр зыхэпсэукI дунеймкIэ мыхьэнэшхуэ иIэ хъуащ интернетым. Ауэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэми хабзэ гуэрхэр ехьэлIащи, ахэр умыгъэзащIэмэ, къыхэкIыну шынагъуэхэр зэгъэзэхуэжыгъуей хъунущ. Интернетым щызекIуэ информацие псори къыпхузэщIэкъуэнкIэ Iэмал иIэкъым, атIэми узыпэрыт IэнатIэм дежкIэ сэбэп хъуну Iуэхугъуэхэр къибгъуэтэфу щытщи, а гъуэтыгъуэ узыхуихуами щхьэпэр къыхагъэкIыфу сабийхэр егъэсэн хуейуэ къыдолъытэ. Абы щхьэкIэ къыхэтлъхьа пэхуэщIэм дэ къыщыдогъэсэбэп еджэныгъэм хуэгъэпса Iэмалхэри, гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэхэри. ЕгъэджакIуэхэми, адэ-анэхэми, сабийхэми яхуэщхьэпэну къэтлъытэ материалхэр гъащIэ кIыхь хъуну дащогугъ», – жиIащ министрым.
«Бжыгъэм зи лъабжьэ дерсхэр» жэрдэмыр зи нэIэ щIэтхэм ящыщщ «Бжыгъэрылъанэ экономикэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Плуготаренкэ Сергей. «Илъэс зыбжанэ хъуауэ ди къэралым пIалъэ-пIалъэкIэрэ щрагъэкIуэкI «Бжыгъэр зи лъабжьэ дерсхэм» ягъуэт гулъытэм хэхъуэу, къыщIэупщIэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъууэрэ йокIуэкI. ГурыIуэгъуэщ еджакIуэхэми, абыхэм я адэ-анэхэми гъащIэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр зэрызыхащIэр, абы къыхэкIыу щIэныгъэ гуэдзэ зрагъэгъуэту къыхаха IэщIагъэмкIэ я есэныгъэхэр ягъэкууну зэрыхэтыр. Дунейм экономикэ зэхущытыкIэхэм теухуауэщ зэрызиужьыр, арыххэуи, абы епха IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэ куэди гъащIэм къыхохьэ. ХьэрычэтыщIэ IэнатIэм и зыужьыкIэм жылагъуэ-экономикэ псэукIэ зэпэщыр зэрепхар къэплъытэмэ, абы пыщIа IT-IэнатIэхэми зэрызаужьынур гурыIуэгъуэщ. НыбжьыщIэхэр зыщIэупщIэ, гъэщIэгъуэн ящыхъу IуэхугъуэхэмкIэ щIэгъэкъуэн дыхъуныр, пасэу дунэтIыныр мыхьэнэ зиIэ къалэну къыдолъытэ, а гуращэр абыхэм яIэщIэмыужьыхэу дяпэкIи дылэжьэну ди гугъэщ. А псом къежьапIэ яхуэхъур, зэрынахуэщи, еджакIуэ къэс яIэщIэлъ телефонхэрщ, ахэр къагъэсэбэпурэ зыхыхьэ интернетырщ. «ВКонтакте» интернет-утым и фIыгъэкIэ дэ Iэмал диIэ мэхъу ди щIалэгъуалэм гъэщIэгъуэн ящыхъун напэкIуэцIхэр, сервис зэмылIэужьыгъуэхэр, джэгукIэхэр зэхэдгъэувэну, блогер ныбжьыщIэхэмрэ интернетыр къэзыгъэсэбэп цIыху къызэрыгуэкIхэмрэ зэрыхьэ интернет утыкум и шынагъэншагъэр къызэдгъэпэщыну. Ди сабийхэм я нэхъыбэр интернет дунейм лъэ быдэкIэ хэувауэ хэтщ. Абы къыхэкIыу ахэр зыузэщI жэрдэмхэр щыIэныр игъуэ зэрыхъуар гъащIэм къегъэлъагъуэ. Дэ къыхэтха Iэмалым джэгукIэ бгъэдыхьэкIэхэр хэтщ. Бдзэжьей теплъэ зиIэ блогерым и къалэным хохьэ интернетым хыхьэ сабийр иущиину, игъэгъуэзэну, и шынагъэншагъэр къызэригъэпэщыну. «Бжыгъэр зи лъабжьэ дерсхэм» еджакIуэхэм къыщащIэнущ интернетым хыхьэн папщIэ зыхуэныкъуэ аккаунтхэр «IункIыбзэIух» имыIэу зэрызэрагъэпэщынур, ар кибершынагъуэншагъэм и зы хэкIыпIэу зэрыщытми щагъэгъуэзэнущ. Дерс зэIухахэм практикэ лэжьыгъэ зыбжанэ хэтынущи, псалъэмакъым дихьэхахэм техникэ икIи мытехникэ Iэмал яIэнущ я щIэныгъэр ягъэкууну», – жеIэ IэщIагъэлIым.
«Урысейм щопсэу технологиещIэхэр зыфIэгъэщIэгъуэн, ахэр зэрызэрагъакIуэ Iэмэпсымэхэм я зэпкърылъыкIэмрэ лэжьэкIэмрэ зэзыгъащIэ, зи щыпэ IT-пэхуэщIэхэр зэхэзыгъэувэ ныбжьыщIэ куэд. Абы, шэч хэмылъу, щыхьэт тохъуэ къэралым IT-щIэныгъэхэмкIэ иригъэкIуэкI зэпеуэхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ къыхыхьэ щIалэгъуалэм я бжыгъэр. Зым и дежкIи щэхукъым интеллект IэрыщIыр ди гъащIэм лъэ быдэкIэ къызэрыхэувар. Iэмалрэ зэфIэкIрэ зиIэ нэхъыжьыIуэхэм къыттохуэ а щытыкIэр зыIэщIэдмыгъэкIыу фIы и лъэныкъуэкIэ дунэтIыну, щIалэгъуалэр зытет гъуэгур зыхащIэу икIи гушхуауэ ар хедгъэшыныр. Мы махуэхэм едгъэкIуэкIыну дерс зэIухахэр хьэрычэтыщIэ IэнатIэм зиужьын папщIэ, дызыхуэкIуэ дунейм и IT-фащэр зыщитIэгъэн, фейдэ къигъэхъэржэным къыщымыувыIэу, дяпэкIи хэхъуэр зэблэзымыгъэу жыжьаплъэ программэхэр хузэхалъхьэфу щIэблэр егъэсэн хуейщ. Сыт хуэдэ IэнатIэми упхыплъыфу, абы зезыгъэужьыну Iэмалхэр зэпэпшэчэфу ущытыпхъэщ. Арыххэуи, интеллект IэрыщIыр, технологиещIэхэм я Iэмалхэр, программэ зэхэгъэувэкIэм ехьэлIа есэныгъэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэ щIэныгъэ лIэужьыгъуэу къоув. Ди дерсхэм зи зэхэщIыкIыр лъагэ, зэчий зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэ куэд я къарум иригъэплъу загъэунэхужыфыну къытфIощI, IT-IэнатIэм зезыгъэужьынхэри къахэкIыну къытщохъу. Ди IэщIагъэлIхэм ягъэхьэзыращ хьэрычэтыщIэ IэнатIэхэм куэдрэ узыщрихьэлIэ, джэгукIэ жыпхъэм и бизнес-анализ зэмылIэужьыгъуэхэр. Ар къахутэфмэ, и зэхэлъыкIэр ялъагъумэ, нэхъ гугъуу зэхэт программэхэми зрапщытыфынущ, – жиIащ Плуготаренкэ Сергей.
«Бжыгъэм и дерсхэр» жэрдэмыр 2018 гъэ лъандэрэ Урысейм щрагъэкIуэкI. Абы и ублэгъуэм ирихьэлIэу къэралым и IT гупхэм дерсхэм къыхалъхьэну лэжьыгъэхэр зэхагъэувэ, ахэр курыт щIэныгъэ щрат IуэхущIапIэхэр зэрылажьэ программэхэм епхауэ зэхалъхьэ, щхьэ закъуэ лэжьыгъэуи гуп лэжьыгъэуи зэщхьэщах. Дерсхэр технологиемрэ программированиемкIэ IэнатIэхэм я дунейм ухэзышэ Iэмалщ, къэкIуэну зэманхэм я экономикэм хуэгъэза лэжьыгъэщ.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: