«Псалъэзэблэдзыр щэбэт къэс тщIыжырт»

Сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ дунейр зэрызэдгъэцIыху анэдэлъхубзэм и мыхьэнэм куэд тотхыхь. Зэ еплъыгъуэкIэ ар хэт и дежкIи гурыIуэгъуэу щытын хуейми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр зыIэщIэхухэр, IэщIыб зыщIхэр щыIэщ. Абы иригузавэхэм Iуэхум и хэкIыпIэр къалъыхъуэну и ужь йохьэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Бжыгъэ технологиехэмрэ зэхэщIыкI IэрыщIымкIэ и институтым и магистратурэм щIэс Шэшэн Лацэ апхуэдэхэм ящыщу къыщIэкIащ. Хъыджэбзым мы зэманым зэхегъэувэ адыгэбзэр тыншу яджынымкIэ «Псалъэ» зыфIища сайтыр. Ар абы утыку къыщрихьащ Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я проектхэр щагъэлъэгъуа XVIII зэхыхьэми. 
- Адыгэбзэмрэ лъэпкъ Iуэхухэмрэ сыдригъэхьэхащ си адэм: ар хэкури ди лъэпкъри фIыуэ зылъагъущ, адыгэбзэкIэ фIэкIаи къызэпсалъэртэкъым. Къапщтэмэ, аращ си бзэм хузиIэ лъагъуныгъэр къысхэзылъхьар. Апхуэдэуи си гукъэкIыж нэхъыфIхэм ящыщщ щэбэт къэс папэ и гъусэу дытIысурэ, «Адыгэ псалъэ» газетым къытехуэ псалъэзэблэдзыр тщIыжу зэрыщытар, - жеIэ Лацэ. - Мы проектым хуэдэ диIэн зэрыхуейм илъэс зыбжанэ хъуауэ согупсыс - япэ курсым адыгэбзэм и зэхэлъыкIэмрэ ар нэгъуэщIхэм къазэрыщхьэщыкIымрэ дагъэджын щыщIадзам щегъэжьауэ. Ауэ абы щыгъуэм а Iуэхум хэсщIыкIыр мащIэти, еплIанэ курсым и кIэм лэжьыгъэм и ужь сихьауэ аращ. 
Сайтыр зэхэгъэувэныр иджыри и кIэм нэсыпакъым. Абдеж адыгэбзэ зымыщIэхэм е мащIэ дыдэу фIэкIа къэзымыгъэсэбэпыфхэм зыщыщагъэгъуэзэфынущ къэпсэлъыкIэми тхыкIэми. УпщIэхэр, дерсхэр джэгукIэ жыпхъэм иту щытынущ, апхуэдэ IэмалкIэ цIыхум нэхъ щIэхыу бзэр къызэрищтэр, нэхъыбэ игу ириубыдэфу зэрыщытыр къэлъытауэ. 
«Сэ мызэ-мытIэу щыхьэт сытехъуащ бзэр джынымкIэ мыпхуэдэ лэжьыгъэ гуэрхэр (гугъу демыхьу езыр-езыру зэрагъэщIэфын хуэдэу) цIыхум зэрамыгъуэтым къыхэкIыу, анэдэлъхубзэр IэщIыб яфIэхъужу. А Iуэхум уримыгузавэу хъунукъым икIи сыщогугъ «Псалъэ» проектыр абы и хэкIыпIэхэм ящыщ зы хъуну, - пещэ ди псэлъэгъум.
Псалъэхэр къыхэхынымкIэ, упщIэхэр зэхэгъэувэнымкIэ Лацэ чэнджэщэгъуу иIэщ КъБКъУ-м адыгэбзэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ Къардэн Мусэдин. Абы дерсхэр зэрызэхагъэувэм теухуауэ сыхьэт 60-м нэс къызэщIиубыдэу игъэхьэзырахэр къритауэ хоплъэ. Мыдрейуэ программэм и теплъэ хъунумрэ сабийхэр егъэджэнымкIэ щыIэ жыпхъэхэмрэ хъыджэбзым щедж литературэ зэхуэмыдэхэмрэ интернетымрэ.
- ФIыуэ къызгуроIуэ егъэджэныгъэм и Iэмалхэм нэхъ куууэ иджыри зыщызгъэгъуэзэн зэрыхуейр. Шэч хэмылъу, абы и ужь ситынущ, - дыщIегъу Лацэ. - Сайтым адыгэбзэр зэрыщаджыну тхыгъэхэм къищынэмыщIа, адыгэ псалъалъи къыщыбгъуэту сщIыну си мурадщ. Псалъэхэмрэ псалъэухахэмрэ макъкIэ зэрыIуми абдеж ущедэIуэфу щIыным иджыпсту иужь сихьащ. Дерсхэм я бжыгъэр зыхуэдизынур пыухыкIауэ схужыIэнукъым, зэман-зэманкIэрэ щIэхэр хэдгъэхьэу, щIыдгъуу тщIынущ. АдэкIэ лэжьыгъэм и дизайныр нэхъ щIэщыгъуэу икIи тыншу зэхэгъэувэным сегупсысынущ, нэгъуэщI къалэн куэди зыхузогъэувыж. Ахэр псори хьэзыр хъумэ, абы итыр инджылызыбзэкIи зэдзэкIауэ сщIыну си гугъэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, мурадхэр куэд мэхъу.
Къыхэгъэщыпхъэщ, Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я проектхэр щагъэлъэгъуа XVIII зэхыхьэм «Социальнэ проект нэхъыфI» и Iыхьэм Шэшэн Лацэ и лэжьыгъэм текIуэныгъэр къызэрыщыхуагъэфэщар. 
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: