БзаджащIэхэм закъевмыгъэгъапцIэ

Банк Нэхъыщхьэм къипсэлъыкI хуэдэу жаIэурэ цIыхухэм зыщыхуагъазэ, ахэр къыщагъапцIэ къохъу. Дауэ-тIэ бзаджащIэхэр къызэрыщIэвгъэщыфынур? 

♦Абыхэм банкым и лэжьакIуэхэм я тхылъхэм ещхьхэр, ауэ нэпцIхэр къагъэсэбэп, языныкъуэхэм деж пэж дыдэу абыхэм я сурэтхэмрэ мыхъурхэмрэ тегъэуауэ. 
♦Дэфтэр нэпцIхэр (унафэхэр, тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, нэ­гъуэщIхэри) зэрагъэпэщ. Ахэр икIи гугъущ пэжым къыхэбгъэщхьэхукIыну. 
♦Телефон номерхэри зэрахъуэкI икIи езыхэми къывжаIэ, фы­хуеймэ, абы и пэжыпIэр официальнэ сайтхэм щызэхэвгъэкIы­фыну. 
♦Зэхалъхьэ хъыбархэр зэмыщхьщ, ауэ лэжьакIуэ нэпцIхэм къывэлъэIу хуэдэу защI фи счётым илъ ахъшэр изыдыгъукIыну е фи цIэкIэ кредит къеIызыхыну хущIэкъу гъэпцIакIуэхэр сэтей ­къащIынымкIэ фадэIэпыкъуну.
♦ЦIыхухэр къытрагъэхьэ я ахъшэр хъума хъун папщIэ, я мылъкур Банк Нэхъыщхьэм и «счет шынагъуэншэм» ягъэкIуэну. АрщхьэкIэ, гъэпцIакIуэхэм къыфхуагъэлъагъуэ реквизитхэр езыхэм яйщ. Ахъшэр яIэрыхьа иужь, ахэр мэбзэхыж. 
♦ЗэвгъащIэ: Банк Нэхъыщхьэм и лэжьакIуэхэр езыхэр зыщIыпIи зэи псалъэркъым – абыхэм фэ зэрызахуэвгъазэм жэуап къратыжыфыну къудейщ. Коммерцэ банкхэм я лэжьакIуэхэри зэи щIэупщIэркъым фи ахъшэм ехьэлIа дэфтэрхэми, бжыгъэхэми, абыхэм бжыгъищ хъууэ фи картэм ит кодри СМС-м кърахари яхэту.
♦ЦIыхухэм я ахъшэр яфIэкIуэдынкIэ ягъэшынэ, уголовнэ жэ­уапым ирашэлIэнкIэ къахуодалъэ е нэгъуэщI Iэмалхэри къагъэсэбэп бзаджащIэхэм. Ахэр щогугъ зэпсалъэр гузавэу хэзэрыхьыным икIи ахъшэр яритыну арэзы хъуным, е езым и картэм теухуа щэхухэр яжриIэну. 
♦ЗыкъащIэжыным, хъыбарым и пэжагъыр къапщытэным е я Iыхьлыхэм ечэнджэщыным хунагъэсыркъым. Абыхэм зэпымыууэ трагъэчыныхь «лей зытехьэм» телефоныр имыгъэтIылъыну.
♦Аращи, фимынэIуасэм ахъшэ гугъу къызэрыри­гъажьэу трубкэр тефлъхьэж. Iуэхукъым ар хэту жиIами - банкым, МВД-м е ЦБ-м я «лэжьакIуэми».
♦ГъэпцIакIуэхэм, Банк нэхъыщхьэм и лэжьакIуэу фэ зытезы­гъауэхэри яхэту, куэдрэ зэрахъэ цIыху бжыгъэ куэд къызэщIэзыубыдэ хъыбарыпцIхэр. Абыхэм тегъэщIапIэ ящIынкIэ хъунущ МВД-м, банкым шына­гъуэншагъэмкIэ и IэнатIэм, прокуратурэм щылажьэ хуэдэу жызыIэхэри.
♦Iуэхур зэхэвгъэкIын папщIэ фи банкым фыпсалъэу зэвгъэщIэфынущ фи дэфтэрхэмрэ ахъшэхэмрэ я Iуэху зыIутыр. Банкым зэрызыпыфщIэну щIыкIэр фи картэм и щIыбагъымкIэ тетщ.

Поделиться:

Читать также: